Мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкI XXVI дунейпсо экономикэ зэхыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым икIа лIыкIуэ гупышхуэ хэтщ, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек я пашэу.
Япэ махуэм щегъэжьауэ ди лъахэм и псэукIэр езыгъэфIэкIуэн, экономикэм зезыгъэужьын зэдэлэжьэныгъэ, зэгурыIуэныгъэ купщIафIэхэр нэгъуэщI хэгъэгухэмрэ федеральнэ IэнатIэхэмрэ зэрыращIылIэр щетх Iэтащхьэм и телеграм-каналымрэ сайтымрэ.