Фащэр адыгэм къигупсыса, къыдэгъуэгурыкIуа щыгъынми, ар ди гъунэгъу щIыналъэхэм щыпсэу нэгъуэщI лъэпкъхэми къащтащ, езым я лъэпкъ нэщэнэ гуэрхэр халъхьэжу. Хамэ къэрал къикIа зыплъыхьакIуэхэм ятхыжу щытащ адыгэ зыхуэпэкIэмрэ фащэмрэ кавказ лъэпкъхэм щапхъэ зэрытрахар.