Календарь событий

13 июня 2023

Дзюдо

Дзюдо

Саугъэт нэхъыщхьэр къахь

НыбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ  Налшык  и «Гладиатор» зыгъэсапIэм щекIуэкIащ. «ПАО Сбербанкым» игъэува «Сбербанк-Дзюдо-2023» саугъэт нэхъыщхьэм щIэбэну абы хэтащ  2007 - 2009 гъэхэм  къалъхуа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ. Абы кърихьэлIащ Ростов областым, Дагъыстэн, КъШР, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Ингуш, Адыгэ республикэхэм къикIа спортсмен 235-рэ.  КъБР-м щыщ ныбжьыщIэхэр 179-рэ хъурт.

Ноби ящыгъупщэркъым

         IэщIагъэ зиIэм Iэужьи иIэщ. Зи гъащIэри гуащIэри щIэблэм я егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ тезыухуа Нало Къарэ и гъэсэнхэм ар нобэр къыздэсым ящыгъупщэркъым.

         1947 гъэращ педучилищэр къиухыу къыщалъхуа Хьэтуей къуажэм Нало Къарэ щигъэзэжар. Абы и псэм къыдигъэщIа къару иIэт, жыджэрагъ бгъэдэлът, къыхиха IэщIагъэм тезыгъэгушхуэ ерыщагъи далъагъурт. Зи щIалэгъуэ дахэр зауэ нэужьым лъэхъэнэ мытыншым хиубыда хъыджэбзым мурадыфIхэр и куэдт, гугъуехьхэми къапикIухьынутэкъым.

ЕгъэтIылъэкI къыхамыгъахуэу

  Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм я щIэныгъэлIхэр ящыщщ хьэршым нэхъ къыщытпэгъунэгъу уафэщIым, Мазэм, и щIыIумрэ и Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэмрэ зыджыну яужь ихьахэм.

- Мазэм и щхьэфэр зыхуэдэр къритпщытэным и мызакъуэу, дыублэ зекIуэхэм къарикIуэн хуейуэ дащогугъ Марсым щыдухуэну зыхудимурад къуажэ цIыкIум ди астронавтхэр щыпсэуфынымкIэ щыIэ Iэмалхэр зыхуэдэм зыщыдгъэгъуэзэнри, - къыхигъэщащ Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм Хьэршыр джынымкIэ я  центрым щылажьэ астрофизик Аль Рейс Аднан.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ

            Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм инвестицэ хабзэхэр зэзыгъэуIу  щытыкIэм щыхуэкIуэнымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ

Инвестицэ проектхэр щыпхагъэкIкIэ инвесторхэр Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэм, къэпщытакIуэ (кIэлъыплъакIуэ) органхэм, зыхуеинухэмкIэ къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэм  зэрадэлажьэр нахуэу икIи тыншу зэрыщытым хэгъэхъуэн мурадкIэ:

И къуэпсыр жыжьэ къыщожьэ

         Кавказым ис лъэпкъ зыбжанэм, псалъэм папщIэ, адыгэхэм, абхъазхэм, осетинхэм, нэгъуэщIхэми, ижь-ижьыж лъандэрэ къадогъуэгурыкIуэ нарт пшыналъэхэмрэ хъыбархэмрэ. ЩIэныгъэм къызэрихутамкIэ, нарт эпосыр дунейпсо культурэм и фIыпIэм хохьэ: ар щыхьэт тохъуэ кавказ лъэпкъхэм я нэгу тхыдэшхуэ зэрыщIэкIам, абыхэм я ныбжьыр пасэрей дунейм къызэрыщежьэм.

         Нарт эпосыр кавказ лъэпкъ зыбжанэм къызэдагъэщIащ, дэтхэнэ лъэпкъым дежи теплъэ щхьэхуэрэ лъабжьэ куурэ щиIэщ.

Геленджик и адыгэцIэр Хъулъыжьейщ

        Мы гъэм 11-нэрэ зэхохьэ мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэм Геленджик къалэм щекIуэкI хабзэ «Шэрыб тенджыз» аэродизайнерхэм я фестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ Француз Николай зи унафэщI, шэрыб къыщIэзыгъэкI «Праздник Мастер» IуэхущIапIэм.

Шэджэм дэт фэеплъхэр зэрагъэпэщыж

«Жьым бжьэр IэщIэгъэуви, щIэм гъуэгу ет», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Бжьэр зыIэщIагъэувэ нэхъыжьым дунейр илъэгъуащ, и пIалъэ ещIэри, къигъэщIам елъытауэ хуэфащэ пщIэр ирагъэгъуэт, лъытэныгъэ ират. ЩIэм и Iуэхур Iуэхушхуэщ. Игъуэ щынэскIэ бжьэр IэщIагъэувэн хуэдэу, нэхъыщIэм хуагъэфащэ гъуэгур захуэу икIуну къыпэщылъщ. Абы щхьэкIэ щIэм щапхъэ иIэн хуейщ. ЦIыхум и ныбжьым щызэблэкI къэхъукъащIэ бзаджэхэм щIэблэм дерс къыхихыфмэ, ахэр къэмыхъун папщIэ щIэныгъэ зригъэгъуэтмэ, лъапIэныгъэ щихуэжын и гъащIэм Iэмалыншэу къыхуихуэнущ.

Пэжыр зэрызэрахъуэкI Iэмалхэр

Гъуазджэ, щэнхабзэ, литературэ, дин щIэныгъэ ирехъу, щабагъымрэ дахагъэмрэ нэхъапэу къэзылъытэ дэтхэнэ зэхэтыкIэ екIуми я хьэтыр зымылъагъу цIыху ущрихьэлIэкIэ, укъоуIэбжь. Хьэл-щэн зэпIэзэрытыр зыгъэпажэ гупсысэкIэм дауэ ар Iейм тригъэшхуа, жыбоIэри. Ауэ щыхъукIэ, пэжыр нэпцIым хуигъэкIуэн къалэн зиIэхэри мащIэкъым. Тхыдэм апхуэдэ щапхъэ кэуд дегъэлъагъу.

Урысыбзэ зымыщIэ адыгэхэм къагурыIуэнкIэ мыгузавэу, пащтыхьым и блыгущIэтхэр тепсэлъыхьырт КъурIэныр узэрыхуейуэ зэбдзэкI зэрыхъунум, абы бгырысхэр нэхъ IумпIафIэ зэрищIынум.

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 13,  гъубж

♦1936 гъэм Къэбэрдей лъэпкъ драмэ театрыр къызэIуахащ.

♦1946 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессор Даур Борис.

♦1950 гъэм къалъхуащ искусствоведенэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-мрэ Тыркумэн Республикэм щIэныгъэхэмкIэ и академиемрэ я академик Абыкъу ФатIимэ.