Календарь событий

16 июня 2023

Гуапагъэм и къарур

А зэманым сыбалигъ ныкъуэхъут. Си адэмрэ сэрэ  циркым билет къэтщэхуну цIыху Iувым дыхэту дежьэрт. Сыхьэт бжыгъэкIэ дыщыта хъунщ ди чэзур къэмысу. Сытми, зы зэман, билет щапIэмрэ дэрэ дякум    зы унагъуэ фIэкIа къыдэмынэжауэ, дынэсыпащ. Абдеж дыщытыху  си нэр къатезмыгъэкIыу а унагъуэм сеплъащ.  Унагъуэ дахэт! ИкъукIэ сыдахьэхат абыхэм.

МедалитI къахьащ

Ростов щIыналъэм и Шахты къалэм ныбжьыщIэхэм тхэквондомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ щекIуэкIащ. Апхуэдэ хъыбар къитащ КИФЩI-м тхэквондомкIэ и федерацэм и секретарь нэхъыщхьэ Къанкъул Беслъэн.

Абазэ Темболэт и ехъулIэныгъэ

Тэтэрстаным и Альметевск къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ зи ныбжьыр илъэс 24-м нэмыса щIалэхэр.

Ди хъуреягъыр - гъущIщ

ГъущI лъэхъэнэр тхыдэм жыжьэу хэкIуэтащ. Ауэ ар къагъэунэхуу, елэжьу зрагъэса нэужьщ, цIыхухэм иджырей дуней яухуэу щыщIадзар. ГъущIыр дэнэкIи щыдолъагъу, промышленностым куэду къыщосэбэп. ЛIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ Урысейм гъущI нэхъыбэ дыдэу къыщыщIахыу щытащ Екатеринбург. Абы къыщIаха гъущIщ Британие парламентым унащхьэу тралъхьар.

ЖыгыщIэхэр уэгъу зэтеIыгъэщ

Мэкъуауэгъуэм и 17-р Губгъуэшэкъракъхэм (къумхэм) земыгъэубгъунымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ (World Day to Combat Desertification and Drought) я махуэу къыщызэдалъытащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 49-нэ сессиеу 1994 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж щекIуэкIам. ГъэлъэпIэн ар щыщIадзар къыкIэлъыкIуа илъэсым къыщегъэжьауэщ. 

ЕгъэджакIуэ IэщIагъэм хуэпэжу

Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Малкэ къуажэм дэса Щхьэныкъуэхэ Хьисэрэ Баблинэрэ зэдагъуэтат, зэдапIат щIалищрэ хъыджэбзиплIрэ. Адэ-анэм яхузэфIэкIащ абыхэм зэрыпсэун IэщIагъэ ирагъэгъуэтыну, гъащIэм гъуэгу захуэ щытрагъэувэну. Зэрыбыниблым ящыщу зэкъуэшищым: Нухьмэн, Музэрэч, Мусэбий сымэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхахащ икIи сыт хуэдэ зэмани абы хуэпэжу я гъащIэр яухуащ. ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым дигу къыдогъэкIыж егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа а хэкупсэхэр.

Пшынэ Iэпэр зыгъэбзэрабзэ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм дэт, опереттэмкIэ Ставрополь къэрал театрым иджыблагъэ щекIуэкIащ Сафонов Василий и фэеплъу зэхаша, пианист ныбжьыщIэхэм я XV дунейпсо зэхьэзэхуэр. Илъэс 30 ипэкIэ къызэрагъэпэщауэ щыта зэпеуэр фортепьянэ гъуазджэм и классикэ хабзэхэм зегъэужьыным, абы ныбжьыщIэ нэхъыбэ къешэлIэным, фортепьянэм епха гъэзэщIэкIэ лIэужьыгъуэхэр нэхъыбэм ялъэгъэIэсыным хуэунэтIауэ щытащ. ИлъэситI къэс зэ зэхашэ Iуэхугъуэ дахэм щIэупщIэшхуэ иIэщ.

IэщIагъэ зиIэм Iэужь иIэщ

Къамбий Лианэ

ЦIыху гъащIэр къегъэлыным, узыншагъэр хъумэным, егъэфIэкIуэным махуэ къэскIэ хуэлажьэхэр зыпэрыт Iуэхум и мыхьэнэр къэлъытэгъуейщ. Жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэм пэрыт  бзылъхугъэхэм я IэщIагъэр къызэрыхахам зыщыдгъэгъуэзащ.

ЕгъэджакIуэ унагъуэ

Урысей Федерацэм ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу игъэнэхуа 2023 гъэм я цIэр къипIуэну, я пщIэр пIэтыну яхуэфащэщ ТыIэщхэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы я унагъуэм щIэс псори егъэджакIуэщ, гъэсакIуэщ, унэтIакIуэщ. Езыхэр апхуэдизкIэ насыпыфIэу, зэгурыIуэрэ-зэдэIуэжу, зым Iэпыхур адрейм къищтэжу зэдопсэу, зэдолажьэри, дуней псом щапхъэу щыбгъэлъагъуэ хъунущ.

Топым и щIыкIэр

ЦIыху мелуан бжыгъэхэр дехьэх футболым. Футболым нэхъыщхьэу хэтым - топым - езым и тхыдэ иIэжщ. Ди эрэм ипэкIэ 3 лIэщIыгъуэм китайхэм топ папщIэу къагъэсэбэпу щытащ цырэ бзум и къауцрэ икударэ зэкIэрыдэжа фэ тыкъыр. Пасэрей урымхэм я топым иракIутэрт пшахъуэ, инжир жылэ, хьэуазэ. Пасэрей Мысырым и цIыхухэм фэм, пхъэм къыхэщIыкIа топым нэмыщI, папирус топхэри зэрахьэу щытащ. Абы щыхьэт тохъуэ археологхэм къагъуэтыжа хьэпшыпхэр. Шотландием и музейхэм ящыщ зым щахъумэ I6 лIэщIыгъуэм щыIа пащтыхь топ, щыхьыфэм къыхэщIыкIауэ.

Жьы зыщIевгъэху

Жьыхур ижь-ижьыж лъандэрэ зэрыщыIэм щыхьэт тохъуэ тхыгъэ пасэрей дыдэхэм абы теухуауэ зыгуэрхэр къазэрыхэщыр, абы и сурэт зытет пасэрей скульптурэхэр. Жьыхур лIэужьыгъуитIу щыIэщ: зэкIуэцIыплъхьэж хъухэмрэ мыхъухэмрэ. Япэращ нэхъапэу къэунэхуар. Абыхэм тхьэмпэ, нып е хъурей теплъэ яIэ хабзэт.

Лэжьак1уэ къэзылъыхъуэхэм папщ1э

Гу зылъытапхъэ!

ЛэжьакIуэ къэзылъыхъуэ ­Iуэ­ху­щIапIэхэм я унафэщIхэм папщIэ 2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 23-м екIуэкIынущ «Урысейм узэры­щылэжьэнур. Iэмалхэм я чэзу» урысейпсо жармыкIэм и федеральнэ Iыхьэр. 

НОБЭ

Мэкъуауэгъуэм и 16, мэрем

1931 гъэм къалъхуащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэжмэт Хьэсэн.

♦1940 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Къумахуэ Владимир.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ.  Хуабэр махуэм   градус 22 - 23-рэ, жэщым градус 17 - 20 щыхъунущ.