|
Махуэгъэпс
16 февраля, 2023 - 09:20
Мазаем и 16, махуэку
ХъыбарыщIэхэр зегъэкIуэным и дунейпсо махуэщ
УФ-м и Дзэ-Тенджыз флотым и тIасхъэщIэххэм я махуэщ
1956 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэмкIэ кандидат, ЩIДАА-м и член-корреспондент, жылагъуэ лэжьакIуэ Болэ Ильзитэ.
Дунейм и щытыкIэнур
15 февраля, 2023 - 08:38
Мазаем и 15, бэрэжьей
♦Лышх узыфэр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ
♦Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ зи къалэн зыгъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр
♦1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ.
♦1932 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор.
13 февраля, 2023 - 09:55
Мазаем и 13, блыщхьэ
Радиом и дунейпсо махуэщ
1908 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, политик, Къэбэрдей АССР-м и Министрхэм я Советым и УнафэщIу 1951 - 1957 гъэхэм щыта Лъостэн Чэлимэт.
1945 гъэм къалъхуащ сурэтыщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыдэ Валерэ.
1954 гъэм къалъхуащ Израилым щыпсэу жылагъуэ лэжьакIуэ, дзэ къулыкъущIэу, Рихьэние къуажэм щыIэ Адыгэ музейм и унафэщIу щыта Хъун Щэукъуий.
Дунейм и щытыкIэнур
10 февраля, 2023 - 09:00
Мазаем и 10, мэрем
♦УФ-м щагъэлъапIэ дипломатие IэнатIэм и лэжьакIуэм и махуэр
♦1883 гъэм къалъхуащ Кавказ Ищхъэрэ совет республикэм и гъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм и унафэщIу щыта Куэцэ Пщымахуэ.
♦1890 гъэм къалъхуащ узэщIакIуэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактору щыта, «Адыгэбзэ» тхылъыр зэхэзылъхьа Хъуран Батий.
♦1917 гъэм къалъхуащ УФ-м и цIыхубэ артист Сонэ Мухьэрбий.
9 февраля, 2023 - 09:55
Мазаем и 9, махуэку
Дзэ дохутырым и дунейпсо махуэщ
Урысейм и Граждан авиацэми махуэщ.
1951 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Иуан Анатолэ.
1953 гъэм къалъхуащ Европэм дзюдомкIэ и чемпион хъуа, XXII Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщызыхьа, УФ-м щIыхь зиIэ и гъэсакIуэ Емыжь Iэрамбий.
Дунейм и щытыкIэнур
8 февраля, 2023 - 14:26
Иужьрей илъэс зыбжанэм РАН-м и лэжьыгъэм хуабжьу зиужьащ. Абы и Президиумым епхауэ мэлажьэ щIэныгъэ къэхутэныгъэхэм хэлъ Iуэху къиинхэмкIэ щIэныгъэ совет зыбжанэ. Апхуэдэхэщ гидрофизикэм, дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным, хьэршым епха советхэр, дунейпсо щэнхабзэ щIэиныр, тенджызхэмрэ хыхэмрэ, Арктикэмрэ Антарктикэмрэ джыным хуэунэтIа къэхутэныгъэхэмкIэ советхэр, нэгъуэщIхэри.
8 февраля, 2023 - 13:16
Урысей щIэныгъэм и махуэщ.
Урысейм и дзэ топографым и махуэщ
7 февраля, 2023 - 06:19
Мазаем и 7, гъубж
Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр
2014 гъэм Сочэ къалэм къыщызэIуахащ XXII ЩIымахуэ Олимп джэгухэр.
1890 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Ашуров Танахум.
1968 гъэм къалъхуащ усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, ЩIДАА-м и член-корреспондент Бэлагъы Любовь.
Дунейм и щытыкIэнур
6 февраля, 2023 - 10:00
Хы ФIыцIэ Iуфэм дызыщрихьэлIэ щIыпIэцIэхэм яхэтщ ди нобэрей гъащIэм куэдрэ щызэхэтххэр. Апхуэдэхэм ящыщ зыщ Джубгэ (Жьыубгъу) зыфIащари. ФIэщыгъэр къызытехъукIам ехьэлIауэ Iуэху еплъыкIэ зыбжанэ щыIэщ.
Страницы
|