Гъыбзэжьхэм уащIэдэIумэ…

ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ кIыхь къикIуащ адыгэ лъэпкъым. Абы и тхыдэм уриплъэжмэ, наIуэ пщохъу ар тыншу зэрыщымытар. Гугъуехь Iэджэ къызэринэкIащ, зауэ-банэ куэдым къыхэкIащ ар. Сыт хуэдэ щытыкIэ къимыхутами, и пщIэр хригъэутакъым, и щхьэхуитыныгъэр лъэгущIыхь яхуищIакъым. Ауэ сыт хуэдэ уасэкIэ…

Лъэпкъ тхыдэм уриплъэжмэ, абы нэхъ гукъутэу хэтыр Кавказ зауэжьырщ. Адыгэгурэ адыгэпсэрэ зиIэ дэтхэнэри щыгъуазэщ а зауэжьым теухуа хъыбархэм, лъэпкъым абы къыхуихьа гузэвэгъуэшхуэм. Къэсхьынщ зы щапхъэ закъуэ. Къудащ Владимир зэритхыжымкIэ, генерал Глазенап зи пашэ урысыдзэм зы экспедицие закъуэм хуэзэу къэбэрдей жылагъуэ 80-м щIигъу зэтригъэсхьауэ, зэтриукIауэ щытащ. Жылагъуэ 80-м щIигъу! Гуузу зэтраукIахэм яхэтащ кхъахэ хъуа лIыжь-фызыжьхэри, анэ быдзышэр зыIурымыгъущыкIа сабийхэри, зи къэшэгъуэ дахэ щIалэ къуданхэри, зи унэ ихьэгъуэ хъыджэбз зэкIужхэри. Ауэ щыхъукIи, къуажэ пщIейкъым а лIыукIхэм зэтрагъэсхьамрэ зэтраукIамрэ зэрыхъур: абыхэм къатепщIыкIыжын хуея адыгэ минищэхэр тхагъэщIащ. Урысыдзэм и апхуэдэ зекIуэ дапщэ а лъэхъэнэм ди лъэпкъ хейм и нэгу щIэкIар!

ЗэрыжаIэу, хамэ гуауэм ирипIейтейр мащIэщи, иригумэщIыр закъуэтIакъуэххэщ. Урыс-Кавказ зауэжьым зиубгъупа нэужькIэщ европэ къэралхэри абы нэхъ тегузэвыхь щIыкIэу тетхыхь щыхъуар. МащIэ дыдэщ зауэр щызэхаубла илъэсхэм абы тетхыхьар. Апхуэдэ тегъэщIапIэхэр къазэремэщIэкIрагъэнщ тхыдэтххэм я нэхъыбэм а зэманым Къэбэрдейм телъа гузэвэгъуэр, ар зэхэфыщIэпауэ зэрыщытар щхьэдагъэIухыныр къызыхэкIри. А зауэжьым и япэ удынхэр зытехуари, мурад бзаджэкIэ къежьа пащтыхьыдзэ шынагъуэм япэу пэщIэувари, епщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм нэсыху ерыщу бийм япэщIэтари Къэбэрдей щIыналъэрщ. Къэбэрдейр яшха, зыри лъэмыкIыжу къэна нэужь, лъапсэрыхыр зыхалъхьэпар лабэдэсхэмрэ хы ФIыцIэм Iуса адыгэхэмрэщ. Уи нэпсыр къемыкIуэу пхуэIуэтэнукъым абыхэм лейуэ къалъысамрэ гукъутэгъуэу я нэгу шIэкIамрэ. Абы и хъыбар пэжым ухуеймэ, политикэм и тхыдэтххэм къапэкIухьи, ди гъыбзэжьхэм щIэдэIу.

Псэ хьэлэл зиIэ цIыху куэд игъэпIейтеящ а зауэм, атIэми мурад бзаджэ къытхуэзыщIахэм елъытауэ ахэр закъуэтIакъуэт икIи куэдкIэ нэхъ къарууншэхэт. Аращ ахэр дэIэпыкъуэгъу щIэмыхъуфари.

ГущыкI зыхуащI бжьыгъэу ди тхыдэ щIыфэм къытенащ а зауэм хьэкIэкхъуэкIагъэ щызезыхьа урыс генералхэм я цIэхэр: Ермолов, Глазенап, Засс, Вельяминов… Куэд хъут ахэр, цIыху, лъэпкъ хейхэр лъыкIпсыкI ящIыну къагъэкIуа хьэщхьэвылъэхэр.

Лъэпкъым и жылэр, и купкъыр ажалым щахъумэн щхьэкIэщ нэпскIэ шыуа ИстамбылакIуэ гъуэгужьым адыгэхэр теувэн хуей щIэхъуари. Жыхьэнмэ гъуэгум ещхьт ар ди лъэпкъым дежкIэ. Адыгэ кхъащхьэхэр минищэ бжыгъэкIэ дунейм тегуэша щыхъуащ…

Дауэ мыхъуми, яхуищIыкIакъым лъэпкъым и лъабжьэр. Псэуну, хэхъуэну, зиужьыну пабгъэ адыгэ лъэпкъым куцI быдэ иIэу къыщIэкIащ. Тхьэм и шыкуркIэ, блэкIар зымыгъэкIуэдыни, нобэм хуэлэжьэни, пщэдейм дыкъыкIэрызымыгъэхуни гъунэжу диIэщ…

Уи гъуэгу дахэ ухъу, ди лъэпкъ дыщэ! Апхуэдэу гузэвэгъуэ уи тхыдэм зэи къыхэмыхъуэну Тхьэм жиIэ!

МЭЩКIУАЩЭ Анетэ.
Поделиться:

Читать также: