Хэкум и щхьэхуитыныгъэр, абы и щIыхьыр къэмылэнджэжу зыхъумахэм жыджэру яхэтащ ди щIыналъэм щыщ щIалэ куэд. Псэемыблэжу, лIыгъэрэ хахуагъэрэ къагъэлъагъуэу япэщIэтащ ахэр бий зэрыпхъуакIуэхэм. Абыхэм ящыщ зыщ Аруан районым хыхьэ Къэхъун къуажэм къыщалъхуа, медицинэ IэнатIэм и дохутыр-подполковник Жамборэ Хьэбас Уэзырмэс и къуэр.
Жамборэм япэщIыкIэ медицинэ IэщIагъэм хуеджэн щригъэжьащ Санкт-Петербург, иужькIэ Саратов дэт дзэ-медицинэ институтым зригъэдзыжри, ар ехъулIэныгъэкIэ къиухыжащ.
Хэку зауэшхуэр къыщыхъейм, дзэ-медицинэ щIэныгъэ зэзыгъэгъуэта Хьэбас къэралым и мамыр псэукIэр зыхъумэну Iэщэ къэзыщта куэдым хуэдэу, и щIыпIэм, абы и цIыхухэм я щхьэхуитыныгъэм щхьэeмыгъазэу щIэбэнащ. Апхуэдэуи къикIуэт имыщIэу, и гъащIэ емыблэжу ар яхэтащ Украинэр, Польшэр, Чехословакиер нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэзыгъэкIыжахэм икIи 1945 гъэм накъыгъэм и 12-м ар ТекIуэныгъэм щыIущIащ Прагэ къалэм.
Жамборэ Хьэбас и зэфIэкI щигъэлъэгъуащ Совет-япон зауэми. Дзэ къулыкъур абы щрихьэкIащ Владивосток, Москва, Пятигорск къалэхэм, Молдавие Республикэм. ЩIыхьрэ фIыщIэрэ пылъу а къалэныр абы ирихьэкIащ 1956 гъэ пщIондэ.
Зауэм къыщигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ абы къыхуагъэфащащ «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм Германием дызэрытекIуам папщIэ», «Кавказыр зэрахъумам папщIэ», «Будапешт къызэращтам папщIэ», «Прагэ къызэрырагъэутIыпщыжам папщIэ», «Венэ къызэращтам папщIэ» медалхэр.
Къыщалъхуа лъахэм къигъэзэжа нэужь, 1957 гъэм щегъэжьауэ 1961 гъэ пщIондэ, ар щылэжьащ КъБР-м ЩIыфэ узыфэ зэрыцIалэхэм щеIэзэ диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэу. А IэнатIэм Хьэбас къыщигъэлъэгъуащ щIэныгъэ куу зэрыбгъэдэлъыр, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ зэрыхищIыкIыр. СССР-м щыяпэу абы къигъэсэбэпащ Налшык и курортхэм и ятIэ, псы хущхъуэхэр къигъэсэбэпкIэрэ щIыфэ узыфэхэр гъэхъужынымкIэ Iэмал зэхуэмыдэхэр. Налшык къалэ дэт, Къалмыкъым и цIэр зезыхьэ санаторэм а узыфэхэм щеIэзэ къудамэ щхьэхуэхэр къыщызэIуихауэ щытащ.
Зыхэта гупым я деж пщIэр щылъагэу къэгъуэгурыкIуащ Жамборэ Хьэбас, и Хэкум, и лъэпкъым и тхыдэм абы и цIэр къыхэнащ, адыгэлIым и щапхъэ нэсу.