Мусэ лъапIэмрэ мэлыхъуэмрэ

«ГукъэкIыжхэм ящыщ хъугъуэфIыгъуэхэр» тхылъым Руми Джалалуддин къыщеIуэтэж Мусэ лъапIэм къыщыщIа хъыбар гъэщIэгъуэн.

Махуэ гуэрым Мусэ бегъымбарым гъуэгубгъум деж мэлыхъуэ гуэр къыщилъэгъуащ, и Iэхэр къэIэтауэ Тхьэм зыхуигъазэу: «Ялыхь, дэнэ уэ уздэщыIэр? Сэ сыбдэIэпыкъуну сыхуейщ. Уи вакъэхэр пхуэздыжынт, уи щхьэцыр пхуэзжьынт, уи щыгъынхэр пхуэзжьыщIынт, уи щхьэми сыпхухэплъэнт. Шэ ныпхуэсхьынтэкъэ! Уи лъакъуэ цIыкIухэмрэ уи Iэ цIыкIухэмрэ ба яхуэсщIурэ узгъэгъуэлъыжынт! Уи унэр зэщIэспхъэнкIэнти, къабзэу пхузесхьэнт. Си мэлхэри си бжэнхэри псори Уэращ зейр». Мусэ афIэкIа хуэхьыжакъым.   

- Хэт узэпсалъэр?

- Псори дыкъэзыгъэщIам - дэ цIыхухэри, уафэри, щIылъэри.

- Алыхьталэм вакъэхэмрэ лъэпэдхэмрэ ятеухуауэ уемыпсалъэ! Сыт Iэ цIыкIути, лъакъуэ цIыкIути жыхуэпIэр? Апхуэдэу Тхьэм уепсэлъэну дурыскъым! Уи Iыхьлыхэм захуэбгъафIэ нэхъей! Ар нэмысыншагъэщ. Шэ изыфыр хэхъуэн зи хьэлырщ. Вакъэ хуэныкъуэр лъакъуэ зиIэрщ. Алыхьыр апхуэдэкъым! Хуэфэщэн псалъэхэр къэгъэсэбэп. Iэпкълъэпкъымрэ къалъхун-лIэжыным и бзэмрэ зыхуэфащэр дэ цIыхухэращ, Алыхьталэракъым!»

Мэлыхъуэм тобэ къихьыжщ, и щыгъыныр зэфIитхъри, гъыуэ къумым ихьэжащ.

Абдеж дыдэм Мусэ бегъымбарым уэхьий къыхуокIуэ: «Сэ спэгъунэгъу цIыхумрэ Сэрэ зэпэIэщIэ щхьэ дыпщIрэ? Уэ ущIэбегъымбарыр Алыхьымрэ цIыхумрэ зэпыпщIэн папщIэ, хьэмэ я зэхуакум удыхьэн щхьэкIэ? Псэ зыIут псоми Сэ адрейхэм ейм емыщхь еплъыкIэ, щIэныгъэ, а щIэныгъэр къызэриIуэтэн Iэмал щхьэхуэ естащ. Зым и тхьэ хуэпщылIыкIэр адрейм ейм нэхърэ нэхъ мыхьэнэншэу къыпфIремыщI. Псоми Алыхьыр ягъэлъапIэ, аращ фIыгъуэ нэхъыщхьэр. Сэ зыгуэр къысхуащIэу аракъым абыхэм, езыхэм Тхьэм хуэжыIэщIэныр къыхахауэ, абы иропсэу. Сэ абыхэм я псалъэхэракъым къысфIэIуэхур, я псэр къызэрызэтарщ. Зи гур икъутыхьауэ зызыгъэлъахъшэ цIыхум жиIэрщ Си фIэщ хъур. Псалъэхэр зыщыгъэгъупщэ. Сэ сызылъыхъуэр лъагъуныгъэм илыпщIа гурщ. Мис абы ныбжьэгъу зыхуэщI. Уи гупсысэхэми уи псалъэ ухуэкIэми уемылIалIэ.  ПсэлъэкIэмрэ хьэлымрэ я фIыгъэкIэ кIуатэхэр зы лъэныкъуэщ, тхьэ лъагъуныгъэм илыпщIхэр нэгъуэщIщ, Мусэ! Сэ фIыуэ сыкъэзылъагъум и псалъэ пхэнжыр гу быдэм и «псэлъэкIэ пэжым» нэхърэ минкIэ нэхъ лъапIэщ. Чэбэ кIуэцIым къаблэ къыщалъыхъуэркъым, уи нэмэзлыкъыр дэнэкIэ ухуейми щыгъазэ!»

 Апхуэдэу Тхьэр зэпсэлъа Мусэ щIэпхъуэри, мэлыхъуэр къилъыхъуэн щIидзащ. Къумым кърина лъэкъуампIэхэм ирикIуэурэ, сытми, зэ лъэщIохьэри жреIэ: «Къуаншэр сэрат, си къуэш, къэувыIэ! Узэрыхуейуэ уи гум илъ лъагъуныгъэм къыбжиIэхэр къэпсэлъ. IэфI зыщIэлъ уи лъэIуэкIэ «мыдурысырщ» пэжым я нэхъ лъагэр. Дунеишхуэр щIэхуитыр уэ пхуэдэхэм я фIыгъэщ. КъэтIатэ уи бзэри, епсалъэ уи Тхьэм узэрыхуейуэ».

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: