IЭНЭР ЛЪАКЪУИЩ ИРИКЪУМЭ…ГъукIэ-Мэремкъул Маринэ Новеллэ Хэку зауэшхуэм и гъуэгуанэ кIыхьыр и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс езыхьэкIа си адэшхуэ ГъукIэ Бан фэеплъ хузощI.
Майм и 9-р уэфIу нэху къекIащ. Дыгъуасэ уэшх тIэкIу къызэрешхам ириукIытэжа хуэдэ, дунейм дыгъэ бзийхэмкIэ ихъуреягъыр къегъэщIэращIэ. ДэнэкIи къыщыпщIехьэ мэжджытжыгым и мэ гуакIуэр. А чыцэ гъуэзэджэм, илъэс къэси хэдэу, и бостей телъыджэр щетIагъэ ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу. ЦIыхухэр нэжэгужэщ, макъамэ дахэхэр къалэхэм, къуажэхэм къыщоIу. Бэчмырзи нобэ жьыуэ къэтэджащ. Ари пежьащ а махуэ лъапIэм. Джанэ хужь, кIэстум, галстук - а псор Iэмал имыIэу епхат абы. Бэчмырзэ дежкIэ майм и 9-р къызэрыгуэкI Iуэхугъуэтэкъым, атIэ и гъащIэ псом пхрыша хъуа гъуэгут. Илъэс къэси хуэдэу, зауэм къыдыщыIа и ныбжьэгъухэм я сурэтхэр зэпеплъыхь, мыпIащIэурэ шей йофэ, орден, медалхэр къещтэри, и бгъэгум хелъхьэ. А псор хабзэ хуэхъуат абы. - Дадэ, Мэжид къэкIуащ, - къоджэ къуэрылъхур. - КъыщIэгъэхьэ-тIэ, хамэ хъужаура, укIытэу бжэщхьэIум щIытетыр?! - мэхъущIэ Бэчмырзэ. - Мы шхыдэн хьэлыр зэи зыхэбныну къыщIэкIынкъым, - жиIэурэ Мэжиди унэм къыщIохьэ. - Ухьэзырмэ, къыщIэкI, нобэ Iуэху Iэджэ диIэщ. Зэхъурджауэурэ пщIантIэм дэкIа зэкъуэшитIым хуэмурэ якIэлъыкIуэ къуэрылъхур и пащIэ щIогуфIыкI. Абы зэрищIэжрэ, а тIур апхуэдэт. ЗэкъуэшитIым нэхъыжьыр Бэчмырзэт, ауэ тIури дадэ хъужати, хэт нэхъыщIэми, хэт нэхъыжьми зэхэпцIыхукIыжынутэкъым. Хуэмурэ зэпсалъэурэ, зэкъуэшитIым гъуэгу нэшэкъашэ цIыкIум дадзыхри, сэмэгумкIэ ягъэш. Къуэрылъхум фIыуэ ицIыхурт а гъуэгур. ЗэрыцIыкIурэ илъэс къэс и адэшхуэм и гъусэу ТекIуэныгъэм и махуэм къакIуэрт ар мыбдеж. Ноби аращ. Бэчмырзэрэ Мэжидрэ къэувыIащ зы сын гуэрым деж. А сыным къиплъурэ, зэкъуэшитIым къахуэгуфIэрт щIалэ ныбжьыщIэ. Абы и сурэтым и щIагъым щIэтт: мыпхуэдэ илъэсым къалъхуащ, мыпхуэдэм лIэжащ. ЩIалэм и гъащIэ псор дэзэгъат а бжыгъэхэм я зэхуакум. - Мис, шынэхъыщIэ, дыкъэкIуащ лъагъунлъагъу, сыт ухуэдэ? - жиIэурэ толъэщIыхь Мэжид сын джафэм. - Укъытхуэзэшат? - Iэнэр лъакъуищщ, къаплъэт, - пещэ Бэчмырзи. ИужькIэ зэкъуэшитIри зэуэ щэху мэхъу, сурэтым еплъурэ. Абыхэм къахэплъэ щIалэр я шынэхъыщIэ Мухьэмэдт. Зауэ гъуамэр къыщыхъеям, зэкъуэшищми повесткэ къахуэкIуат. Мэжидрэ Бэчмырзэрэ я Хэку яхъумэжын IуэхукIэ повесткэншэуи хьэзырт, ауэ я къуэш нэхъыщIэ Мухьэмэд илъэс пщыкIуий хъуа къудейт, яфIэсабийти, ари зауэм зэрыдашынур щхьэжэ ящIауэ унагъуэр зэхэст. - Адыгэхэм сыт щыгъуи жаIэ: «ЗэкъуэшитI зэгъусэу зауэ ягъакIуэркъым. Щыри зэуэ дыдэкIмэ адэ-анэр дауэ хъуну? Мухьэмэд, еджэн щIэбдза къудейщ, уэ укъэдгъэнэфынущ. Иджыри жьыIуэщ а зауэ гуащIэм ухыхьэну», - жиIэрт къуэшхэм я нэхъыжь Бэчмырзэ. - Дауэ сыкъанэу? - идэркъым Мухьэмэди. - Фэ жыфIэм зэи сыфIэкIакъым, ауэ мы IуэхумкIэ сигу ислъхьар сывгъащIэ. Си ныбжьэгъухэр псори дэкIыу, сэ сыкъэнэну ара?! ИтIанэми, и къуэшхэр къызэрыхуэгузавэр къыгуроIуэри, я гур фIы ищIыжыну хуожьэ: - Фымынэщхъей мыпхуэдизу, кхъыIэ! Псори тэмэм хъунущ! Уеблэмэ, сэ япэу къэзгъэзэжынщи, фэ иджыри фыкъезгъэблэгъэжынщ. ДызэкIэрыхункъым, фымыгузавэ. Мамэ жиIэ хабзэр фщIэжкъэ: «Фэ Iэнэ лъакъуищым фыхуэдэщ, зы лъакъуэр щIэхумэ, адрейхэр гугъу ехьынущ… Сэ къэзгъэзэжынущ, Iэмал имыIэу…» Пэж дыдэуи, Мухьэмэд япэу къигъэзэжащ. Зауэм зэрыкIуэрэ мазищ нэхъ дэмыкIыу, унагъуэм тхылъ къахуэкIуащ, я щIалэ нэхъыщIэр зэрыщымыIэжымкIэ… ШынэхъыщIэм и кIуэдыкIар уIэгъэ мыкIыжу къытенащ къыдалъхуахэм я гум. - Iэнэ лъакъуищыр щIакъуэ хъуащ уэрыншэу, си къуэш цIыкIу, - жи Мэжид. - Уэрыншэу псори нэгъуэщI хъуащ! Бэчмырзэрэ Мэжидрэ иджыри Iэджэрэ бгъэдэсащ я къуэш нэхъыщIэм и сыным. Ахэр емызэшыжу епсалъэрт щIалэм. КъыжраIэ псор къыгурыIуэ хуэдэ, сурэтым къиплъурэ и къуэшхэм къахэплъэрт, игъащIэкIи щIалэу къэна сэлэтыр…
Поделиться:
Читать также:
29.11.2024 - 14:18 →
Республикищым я цIыхубэ тхакIуэ
26.11.2024 - 12:26 →
Бекъул Барэсбий и гукъэкIыжхэр
25.11.2024 - 16:50 →
Си анэшхуэм и щапхъэ
22.11.2024 - 15:14 →
Адыгэ литературэ гушыIэмрэ ауанымрэ
21.11.2024 - 12:17 →
Лъэпкъыр ефIэкIуэнырт и хъуэпсапIэр
|