Нэрымылъагъу лэжьыгъэкIэ куэд наIуэ зыщIхэр

Куэд, псом хуэмыдэу къызыхэкIа лъэпкъыр фIыуэ зылъагъу щIалэгъуалэр, щыгъуазэщ «Gukhel» («Гухэлъ») телефон гуэдзэным (приложенэм). Ар къызэрызэрагъэпэщрэ илъэсищым нэблэгъащ. «Лъапсэ» ютуб каналыр зыщIари «Гухэлъыр» зейхэращ, къуажэ гъащIэр къыщыгъэлъэгъуа нэтынхэращ абы нэхъ зытригъащIэр. Ди республикэм и къуажэ зыбжанэм трахащ, адрейхэр Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым я жылэхэщ. «Гухэлъ» гуэдзэныр къыщызэIутхым гуращэу тщIар куэд хъурт, къызэрыщIэддзари «Нарт хэку» лэжьыгъэшхуэрт, нарт хъыбархэм дыкъеджэу. Псори зытеухуэжар адыгэбзэмрэ лъэпкъ щэнхабзэмрэ хъумэнырщи, абы и лъэныкъуэкIэ зыгуэр тхузэфIэкIмэ, къыдэмыхъулIа фIыгъуэ щыIэкъым», - жеIэ «Къэрэкъан» студием и къызэгъэпэщакIуэ икIи и унафэщI Къущхьэ Оксанэ.

Гуэдзэныр телефоным пщIэншэу требгъатхэ мэхъу, Google Play, Appstore жыхуаIэхэм къипхыу. Адыгэбзэр фIыуэ зылъагъухэм, тхыгъэхэм едэIуэну хуейхэм ар зэрафIэгъэщIэгъуэнынум, къазэрыхуэщхьэпэнум шэч хэлъкъым. Зэман-зэманкIэрэ абы илъ тхыгъэхэм къахохъуэ, цIыхухэр нэхъ дэзыхьэх, нэхъ зыщIэупщIэхэм тещIыхьауэ ирагъэтхыурэ.   

Къапщтэмэ, сабийхэм папщIэ ирагъэтхащ усэхэр, псысэхэр, шыпсэхэр, хъыбархэр, актёрхэр къеджэу. Псалъэм и хьэтыркIэ, нарт IуэрыIуатэм, Iуэтэжхэм къеджащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист пажэхэу Мысост Вадимрэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ. Таурыхъхэми цIыху зыбжанэм, Къардэн Заур, ДыщэкI (ХьэхъупащIэ) ФатIимэ, Соблыр Динарэ сымэ, я макъ щызэхэпхынущ. ИлъэситI хъуагъэнщ IутIыж Борис и новеллэхэр зэрырагъэтхрэ. ИужькIэ гуэдзэныр зыгъэлажьэхэм зрапщытащ романхэр аудио тхылъ щIыным. Апхуэдэу цIыхухэр едэIуэным хуагъэхьэзыращ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» (зэзыдзэкIар Къэрмокъуэ Хьэмидщ), Къармокъуэ Мухьэмэд и «Щихухэр иджыри мэкI», КIыщокъуэ Алим и «Лъапсэ», Мэлбахъуэ Елбэрд и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ» (зэзыдзэкIар Мэзыхьэ Борисщ) романхэр.

Актёрхэр тхыгъэм къеджэу ебгъэтхкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, зэрыгурыIуэгъуэщи. Ар лэжьыгъэм и зэхуэдитIу аращ, жыпIэкIэ ущыуэнукъым. АдэкIэ трекхэр ягъэхьэзыр: макъхэр къыхах, тхыгъэр щатха зэманым къезэгъ, абы къыщыIэта Iуэхур гум нэсу къэзыгъэлъагъуэ, уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ макъамэхэр щIагъэувэ. Апхуэдэу «Щихухэр иджыри мэкI» романым къыщагъэсэбэпащ Къэбардокъуэ Мурат и IэдакъэщIэкIхэр, «Хьэндыркъуакъуэ» зи фIэщыгъэ альбомым щыщхэр, «Гупсысэ» трекыр, нэгъуэщIхэри. Нэхъыбэу романым и трекхэм якIэщIэтыр а макъамэхэращ, европей композиторхэм я IэдакъэщIэкI зыбжани ящIыгъуу.

Телефон гуэдзэным куэд йолэжь, ар къызэзыгъэпэщахэр, трекхэр изылъхьэхэр, нэгъуэщIхэри. АдыгэбзэкIэ Налшык щатххэр «Къэрэкъан» студиеращ псори щагъэхьэзырыр. Адыгейм яйхэр Адыгэ лъэпкъ телевиденэращ щрагъэтхыр. Къэрэшей-Шэрджэсми щрагъэтхащ лэжьыгъэ зыбжанэ. Псалъэм и хьэтыркIэ, нобэ цIыхубэм яIурылъыж адыгэ диалект псомкIи ирагъэтхащ нарт IуэрыIуатэр. ИщхьэкIэ зи гугъу сщIа романхэр щатхар Мейкъуапэрэ Налшыкрэщ.

Гуэдзэнми абы утыку кърихьэ лэжьыгъэхэм ящыщ куэд зи IэрыкI «Къэрэкъан» студиеми гъащIэ яIэну, лъэпкъым дяпэкIи хуэлэжьэну ди гуапэщ.

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: