IэщэщI нэхъыфI

IэщэщI Тумэ Аслъэн сурэтыщIхэм, дизайнерхэм, дыщэкIхэм, гъу­кIэ­хэм папщIэ екIуэкIа «Уникальные мастера России» урысейпсо зэпеуэм лауреат щы­хъуащ. КъБР-м щыщ IэпщIэлъапщIэр гъущIым художественнэу елэжьынымкIэ Iыхьэм япэ увыпIэр къыщихьащ.

Зэпеуэр «Уникальная Россия» - IV художественно-промышленнэ гъэлъэгъуэныгъэм хэту екIуэ­кIащ. Абы хиубыдащ сурэт щIыныр, скульптурэр, гъущIым, пхъэм, фэм елэжьыныр, фэи­лъ­хьэгъуэ дахэ къэгуп­сы­сыныр, мывэр къибзы­кIы­ныр, Iэщэ-фащэ щIыныр, нэгъуэщI куэди. Псори зэхэту лIэужьыгъуэ 40 хъурт. 
Тумэм и лэжьыгъэхэр художественнэу гъэщIэрэщIащ, лъэпкъ гупсысэ къахощ, я фIэщыгъэхэми гурыIуэгъуэ зэращIщи, дэтхэнэми хъыбар щхьэхуэ иIэщ. Абы Москва щигъэлъэгъуащ «Млечный путь», «Шабаз», «Пламя солнца» зыфIища сэхэр,  нарт хъыбархэм къатрищIыкIа «Тхъуэжьей» сэр, «Джокер» щIопщыр. 
IэщэщIыр йолэжь гъущIым, къупщхьэм, фэм, пхъэм, ды­жьыным, жэзым. Сосрыкъуэ и шым и цIэр зыфIища «Тхъуэжьей» сэм щелэжьым къыщигъэсэбэпащ гъущI, фэ, къупщхьэ, ды-жьын, уеблэмэ шы соку. Зы Iэщэм елэжьыным зэману текIуэдэнкIэ хъунущ   мази, илъэс ныкъуи. Нэхъыбэу мыхьэнэ ярет лъэп­къым къыдэгъуэгурыкIуа Iэщэхэм. Адыгэ сэшхуэм пищI щыIэкъым. 
Тумэр Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм, Урысейм и IэщэщIхэм я гильдием хэтщ. Гильдием ухыхьа нэужь Iэмал уиIэ мэхъу къэрал Тхыдэ музейм, Эрмитажым, Гохраным уи IэдакъэщIэкIхэр щыбгъэлъэгъуэну. 
ЗэрыцIыкIурэ гъуазджэм дехьэх IэщэщIыр. Пасэу художест­веннэ школым кIуэн щIидзащ. Курыт еджапIэ нэужьым Къэ­бэрдей-Балъкъэр къэрал университетым декоративно-прикладной гъуазджэм щыхуеджащ. Университетыр къиухри, ар Урысейм и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт IэпщIэлъапщIэ цIэрыIуэ Тумэ Залым и лъэщапIэм иригъэблэгъащ. Шынэхъыжьым куэдым хуигъэсащ Аслъэн. Абы къыщицIыхуащ Фаберже Карл и орденыр зиIэ мастер цIэрыIуэ Алмэ Муса. 
Тумэ Аслъэн Къулъкъужын Ищхъэрэм Къып Мухьэмэд и цIэр зэрихьэу дэт художественнэ школми щолажьэ. Езым и Iэп­щIэ­лъапщIагъэм ныбжьыщIэхэр хуегъасэ, щапхъэхэр къахуехь, Iэ­щIагъэм дрегъэхьэх. IэщэщIхэм я гильдием хэтхэр и гъэсэнхэм     я деж къригъэблагъэри, мастер-класс ирагъэкIуэкIащ. Аслъэн и гъэсэнхэм яхэтщ ехъулIэныгъэхэр зыIэрызыгъэхьахэр. Ахэр гъэ­лъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм хэтщ, текIуэныгъэхэр къыщахь урысей зэпеуэхэм. 
Аслъэн хъуэпсапIэу иIэщ Налшык гъэлъэгъуэныгъэ IуэхущIапIэ къыщызэIуихыну. Абы ныбжьыщIэхэми уащыдэлажьи гъукIэ цIэрыIуэхэр къебгъэблагъи хъунут.
ГУГЪУЭТ  Заремэ. 

Поделиться: