Тыркум щыпсэу адыгэ хьэрычэтыщIэ Мэрем Гуокхьэн лъэпкъ Iуэхум теухуауэ илэжьхэр куэд мэхъу. Ар ящыщщ лъэпкъым и пщIэр щэнхабзэ дахэкIэ, щIэныгъэкIэ, хабзэ-бзыпхъэкIэ зыIэтхэм. Зэлэжьыну фIэф1хэм ящыщщ адыгэ макъамэхэр. Псом хуэмыдэу уэрэдыжьхэм дехьэх, ахэр цIыхухэм къарегъэцIыху. Мыращ лэжьыгъэм теухуауэ жиIэри.
«УэрэдакIуэ»
- Тыркум щыIэ си ныбжьэгъухэм ящIыгъуу «УэрэдакIуэ» фIэтщауэ макъамэ альбом къыдэдгъэкIауэ щытащ 2006 гъэм. Абы и ужькIэ «Хэхэс» альбомым елэжьын щIэддзащ. Ари зэгъусэу къыдэдгъэкIыну ди гугъат, ауэ уэрэдхэм, макъамэхэм теухуауэ ди гупсысэхэр зэщхьэщыкI хъуащ. Си гъусэхэр хуейт альбомыр иджырей тщIыну. Псалъэм папщIэ, макъамэм къыщIэувэ зэщIэжьыуэ лейхэр къыхэдгъэхьэмэ нэхъ ирагъэкIурт. Сэ нэхъ пасэрейуэ къэзгъэнэну сыхуейт. Апхуэдэу щыхъум, альбомыр сэ и кIэм нэзгъэсыжащ. А зэманхэм ирихьэлIэу НалшыккIэ гъуэгу пхысшат. Увыж Анзор, Иуан БетIал, Факъуэ Ромэ сымэ къызделэжьащ макъамэхэм.
«Калан Мюзык»
Истамбыл щыIэщ «Калан Мюзык» компание лъэрыхь. Ар Тыркум щыпсэу лъэпкъ зэхуэмыдэ куэдым я щэнхабзэм тещIыхьащ. IуэхущIапIэр игъэлажьэрт тырку макъамэ продюсер Салтык Хьэсэн.
Сэ Хьэсэным зыхуэзгъазэри, макъамэм теухуауэ си лэжьыгъэхэмрэ си мурадхэмрэ щызгъэгъуэзат. Ди гупсысэхэр зэтехуащ, ныбжьэгъуи дызэхуэхъуащ. А щIалэр сэ куэдкIэ къыздэIэпыкъуащ лъэпкъ макъамэм селэжьыным, ар цIыхухэм зэхезгъэхыным теухуауэ. Зэгуэр Хьэсэн мыпхуэдэу къызжиIат: «Иджыри къыздэсым сэ куэд си ужь итщ - курдхэри, лазхэри, нэгъуэщI лъэпкъхэри. Проектхэр хьэзыру яIыгъщ, альбомхэр къыдызагъэгъэкIыну хуейщ. Ауэ сэ а псом сыдихьэхыркъым, адыгэ макъамэхэр къыдэзгъэкIынырщ си гур зыхуэпабгъэр. Иджыри къыздэсым сэ а жыхуэсIахэр си ужь итамэ, иджы сэ езыр адыгэрщ зи ужь ситынур!», - жиIэри. Куэд щIауэ адыгэ макъамэм дихьэхырт езыр. Хьэсэн сэрэ дызэхуэмызэ ипэ, зэгуэр абы адыгэ альбом къыдигъэкIыну и Iуэху зэрихуауэ щытащ. Ауэ щхьэусыгъуэ гуэрхэр къэхъури а мурадыр къехъулIатэкъым. Сэ макъамэ IуэхущIапIэм зыхуэзгъэза нэужь, а щIалэр щэнхабзэ, макъамэ, лъэпкъ Iуэху щызесхуэкIэ егъэлеяуэ сэбэп къысхуэхъуащ. Альбомхэм теухуауэ цIыхухэм хъыбар езгъэщIэну сыхуей хъумэ, телевиденэри газетхэри зэщIигъэхьэрти, икIэщIыпIэкIэ альбомым теухуа репортажхэр хьэзыр хъурт. «Сэ адыгэ хабзэр, щэнхабзэр, уэрэдыр дунейм къыщацIыхуну сыхуейщ», - жиIэрт. ФIыуэ дыкъилъагъурт адыгэ лъэпкъыр.
«Хэхэс ЕтIуанэ» альбомыр Налшык щыстхыу езгъэжьащ. Факъуэ Ромэ, Иуан БетIал, Лий Аслъэн сымэ я макъамэ студиехэм альбомым и Iыхьэ щыттхащ. И кIэм щынэдгъэсыжащ «Калан Мюзикым». «Хэхэс ЕтIуанэм» «Жансурэт и гъыбзэ» жиIэу хэтыр игъэзэщIащ Тыркум егъэлеяуэ щыцIэрыIуэ актрисэ, уэрэджыIакIуэ бзылъхугъэ Шевваль Сам.
«Нанэ и гущэкъу уэрэд»
Си ныбжьэгъу, си цIыхугъэхэм я сабий щагъэжейкIэ тыркубзэкIэ, инджылызыбзэкIэ, франджыбзэкIэ гущэкъу уэрэдхэм зэрыщIагъэдэIум гу лъыстащ. Зыгуэрым ар щыжесIэм, «и тхьэкIумэр есэнщ, къыдэкIуэтеймэ нэхъ тыншу франджыбзэр зэригъэщIэнщ» къызжаIащ. «АтIэ адыгэбзэкIи гущэкъу уэрэдхэр диIэщ, евгъэдаIуэ», - жысIащ сэри. Абдеж щыжытIахэр си щхьэм итащ куэдрэ симыгъэпсэхуу. АдыгэбзэкIэ гущэкъу уэрэдхэр зэхуэсхьэсыну си гум ислъхьащ. Апхуэдэ гурылъхэр сиIэу, «ковид» уз зэрыцIалэр къэхъейри, ди Iуэхухэр тхуэмыгъэкIуатэ хъуащ. Къайсэр сыдэсрэ Истамбыл щыIэ макъамэ студием сыкIуэну Iэмал симыIэу екIуэкIащ зэманыр.
2023 гъэм и жэпуэгъуэм едгъэжьащ альбомым и Iуэхур. Къайсэр, Джюзджэ, Гоксун лъэныкъуэхэм щыжаIэу зэхэсха гущэкъу уэрэдхэр зэхуэсхьэсыжащ. Ауэ ахэр мащIэт. Абы щыгъуэм сэбэп къысхуэхъуащ Шыбзыхъуэ Астемыр. КъардэнгъущI Зырамыку Къэбэрдейм щыIэ къуажэхэр къызэхикIухьурэ, Къэрэшей-Шэрджэсымрэ Адыгеймрэ кIуэурэ адыгэ уэрэдыжь куэд зэхуихьэсыжауэ щытащ, нэхъыжьхэм яхуэзэурэ гущэкъу уэрэд куэд итхыжащ. Ахэр къысIэригъэхьащ, сригъэдэIуащ, я хъыбарри къызжиIащ Астемыр. КъардэнгъущIым и уэрэдхэм я нэхъыбэм зэрытха макъым и фIагъыр щIагъуэтэкъым, къабзэтэкъым, ахэр щызэхуихьэса зэманым щыIа Iэмалыр апхуэдэти. Псалъэ куэдым я къэпсэлъыкIэр къысхуэмыубыду куэдрэ къытезгъазэурэ седэIуэжырт. Си ныбжьэгъу Гъут Эрдогъан сэрэ дытIысри, къытедгъазэм дедаIуэм, макъхэр къэдубыдурэ, уэрэдхэр къиттхыкIащ. Мазэрэ ныкъуэкIэ Истамбыл студием щыттхащ макъамэхэр. Альбомым уэрэд куэд хэдгъэхьащ, ди гур хуэзэгъауэ къыдэкIащ.
АдыгэбзэкIэ, абазэбзэкIэ, абхъазыбзэкIэ ягъэзащIэу пасэрей гущэкъу уэрэд куэд щызэхуэхьэсащ альбомым. Уэрэдхэр жаIэ Къуэший Мехьтап, Хьэжкъасым Тулин, Кымза Сэлда, Садзба Сэбахьэтин,Мэрем Бэртан, сэ. Нэхъыбэр макъамэ Iэмэпсымэхэр щIэмыту, къабзэу дгъэпсащ. Макъамэхэм Iэпэпшынэ, мащIэ дыдэу – шыкIэпшынэ хэзгъэхьауэ аращ. Iэпэпшынэми шыкIэпшынэми еуар си шынэхъыщIэ Мэрем Бэртанщ. Бэртани Къайсэр дэсщ, макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ Iэзэщ - Iэпэпшынэ, шыкIэпшынэ, пшынэ, гитарэ, бас-гитарэ йоуэ.
Альбомыр хьэзыр хъуа нэужькIи, и къыдэгъэкIыныр тIэкIу кIыхьлIыхь хъужащ. Макъамэхэм я фIэщыгъэхэр, хэзыгъэгъуазэ хуэдэхэр адыгэбзэкIэ тетыну сыхуейт, ютубым ар адыгэбзэкIэ къыщыщIэщмэ, сфIэфIт. Ахэр адыгэбзэкIэ тестхэным папщIэ Тыркум ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм мазитIкIэ хуит зыкъезгъэщIыфакъым. «Мыр дэ къыдгурыIуэн хуэдэу латин хьэрфкIэ тхын хуейщ», - къызжаIэрт. Сэри адыгэбзэр сукъуэдият. Сытми, альбомыр къыщыдэкIа IуэхущIапIэри министерствэм «еныкъуэкъуащ» зыкъомрэ. ИкIэм - икIэжым адыгэбзэкIэ тетыпхъэр теттхэнымкIэ хуит дыкъащIащ, альбомри дунейм къытехьащ.