«Ислъэмейр» илъэс 17-кIэ зэдагъэзэщIащ

«Кабардинка» къэфакIуэ гупым хэтауэ цIыхуитIщ Лэжьыгъэм и Бэракъ Плъыжь орденыр зратауэ щытар. А тIум (япэу зыхуагъэфэщар Шэру Сонящ) ящыщщ ДзыхьмыщI Къэралбий. Апхуэдэ пщIэ Къэралбий къыщыхуащIар 1976 гъэрт. Къэралбийрэ и щхьэгъусэ Зарэрэ хэтащ Октябрь революцэр илъэс 60 щрикъум Москва щрагъэкIуэкIа зэхыхьэхэми. Зэщхьэгъусэхэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ СССР-м, УФ-м щэнхабзэмкIэ я министерствэхэм я ЩIыхь тхылъхэр. А псом щIэдзапIэ иIэт.

1961 гъэм «ИСКОЖ» промышленнэ IуэхущIапIэм токарь-учетчикыу мазитIкIэ щылэжьауэ, зыщыщ Хьэтуей къуажэм игъэзэжат Къэралбий. Къуажэ советым и тхьэмадэм ар фIыуэ къицIыхурт, къафэм зэрыцIыкIурэ зэрыхэтым, зэрыдихьэхым щыгъуазэрти, ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIу игъэуващ. КъэфакIуэ гуп цIыкIу абы щыгъуэм къызэригъэпэщри, увыпIэ хъарзынэхэр республикэ зэпеуэхэм къыщригъэхьу лэжьащ, уеблэмэ зы зэхьэзэхуэм аккордеон щIэрыпс къыщыщахьэхуаи къэхъуауэ… 
1963 гъэм щIэныгъэ гуэр зригъэгъуэтыныр и гуращэу, ДзыхьмыщIыр Саратов ежьат. АрщхьэкIэ экзаменхэм пэлъэщакъым, етIуанэу и ужь ихьэри - аргуэру и баллхэр хуримыкъуу къыпыхуащ. Юрист IэщIагъэрт апхуэдизу ар зыщIэхъуэпсыр. Къэралбий и Iуэхухэр щIызэтемыувэм зыфIи хэлът - зыхущIемыгъуэжын IэщIагъэр къыпэплъэрт абы. Лъэпкъ творчествэхэмкIэ республикэ унэм лъэпкъ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм и унафэщIу щыта Нэфлъашэ Михаил и цIыхугъэти, ечэнджэщыну абы и деж кIуат. «Уэ уи лэжьыгъэр здэщыIэр Къэбэрдей уэрамым тет 17 унэрщ. КIуэ абы», - къыжреIэри къыщIегъэкIыж. Къэралбий и гукъэкIыжхэм щыщ: «СокIуэ. Ещанэ къатым сыдокIуейри, пшынэ макъ къызэхызох, псыр къапыжу щIалитI-щыи къызолъагъу. КъызэрыщIэкIамкIэ, «Кабардинка» гупым зыщигъасэр арат. ЦIыху телъыджэ Соттаев Къанщауэ си Iуэхур зытетыр щыжесIэм, ансамблым и художественнэ унафэщI Ульбашев Мутай сыбгъэдишащ. Нэхъ кIэщIу жыпIэмэ, гупым сыкъащтэн щхьэкIэ, си къэфэкIэр зрагъэлъагъун хуейтэкъэ?! Сагъэуващ сыкъэфэн хуейуэ. Къыспагъэувар хэтыт? ЦIыхубз цIэрыIуэ, къэфакIуэшхуэ Шэру Сонят. Ар къыщыслъагъум, си лъакъуэхэр щIэкIэзызыхь хъуат. Иужьым Соня къызэпсалъэщ, сытригъэгушхуэри, сыкъэфащ, гупми сыхагъэхьащ». 
Зарэ (КIуантIэхэ япхъущ, Тэрч къалэм щыщщ) япэ дыдэу «Кабардинка» къэфакIуэ гупыр щилъэгъуам илъэс 13 фIэкIа хъуатэкъым. Хъыджэбз цIыкIур ансамблым хэтхэм я къэфэкIэ-зыIыгъыкIэм занщIэу итхьэкъуат, ауэ и пщIыхьэпIи къыхэхуэтэкъым зэгуэри езыри абыхэм къахэхутэну. 1962 гъэм еджэныр къаухыным илъэс ныкъуэ хуэдэ иIэжу, а зэманым республикэм ЩэнхабзэмкIэ и министру щыта Ефэнды Джылахъстэн къэфакIуэ ныбжьыщIэ зытIущ къыхишырти, Зарэ абы яхэхуащ, «Кабардинка»-м и гъусэу Сыбыр кIуауэ щытащ. Гупым адэкIэ къыхэнэжри, илъэс 22-кIэ къыщыфащ».
Къафэм зэщхьэгъусэхэр зэришэлIат. Япэ дыдэу Къэралбийрэ Зарэрэ къыщызэдэфащ «Къуажэм и къафэ»-м. Абы иужь, «Ислъэмей»-р илъэс 17-кIэ утыку кърахьащ.
1968 гъэм Африкэ Ищхъэрэм и къэралиплI - Марокко, Алжир, Тунис, Ливие - зыщIагъэхьащ гупым. КъызэралъытэмкIэ, хамэ къэрал кIуэнымрэ ансамблым и пщIэмрэ зыщиIэт хъуар а зэманым тохуэ. Къэралбий и гукъэкIыжхэм хэтщ 1972 гъэм къэфакIуэ гупыр Австралием щыIэ Тасмание хытIыгум зэрыщыIар, абы зэрыщагъэхьэщIар. Концерт нэужьым «Iэхъуэ къафэр» - 8, «Къафэ»-р - 6 щагъэзэщIэжа къахуихуащ. Къызыщывгъэхъут, апхуэдизрэ иджыри утыку ущаIыгъыжыну. КъэфакIуэхэр яутIыпщыну хуейтэкъым цIыхухэм, абы къигъэлъагъуэу къысфIощI гупыр ягу дыхьэу къызэрыгъуэгурыкIуар.
- Сэ Африкэм тIэу сыщыIащ. ФIы дыдэу сигу къинэжахэм ящыщщ ар. ЗгъэщIэгъуат абыкIэ щыIэхэм я псэукIэри щIыпIэм и телъыджагъри, - игу къегъэкIыж Зарэ. - А щIыналъэм япэу щыттыну концертым щIимыдзэ щIыкIэ, хъыбар къыдагъэщIат зыкъэдгъэлъагъуэрэ цIыхухэр Iэгу тхуемыуэмэ, дыкъэмыуIэбжьыну, абыкIэ апхуэдэ зэрыщымыхабзэр. Дыкъафэри дыувыжауэ дыщытт, псори щымт, ауэ итIанэ и кIэ дыдэхэмкIэ къыщыщIидзэу Iэгу, лъэгу теуэ макъыр къэIуащ, кIуэ пэтми нэхъ лъэщ къэхъуу. Дигухэр къызэрыгъуэтыжауэ адэкIэ дыкъэфат. ЕтIуанэу Африкэм щытедгъэзам, КIэш Федор, Гъэсашэ Наталье, сэ Госконцертым щIыгъуу дагъэкIуауэ щытащ. Къапщтэмэ, экваторыр дэ щэ зэпыдупщIащ. Сщымыгъупщэжхэм ящыщщ дыгъэгъазэм и 30 махуэу, Африкэм дыздэщыIэм, дыкъэмыфэжыфу дыгъэм дызэрисауэ щытари. ДыщэкI ФатIимэ ди пшынауэу, щIалэ пщыкIутI си гъусэу, «Къамэзауэ къафэ» дгъэзащIэу мазитIкIэ дыкъыщыфащ Германиеми.
 «Кабардинка»-р, Къэралбийрэ Зарэрэ хэту, Латинэ Америкэм и къэрал 11-м щыIащ. КъыкIэлъыкIуэу ЕвропэмкIэ: Германие, Польшэ, Чехославакие; мыдэкIэ - Иордание, Сирие, нэгъуэщI къэралыгъуэхэми ансамблым зыкъыщигъэлъэгъуащ. 
Доминикан Республикэм (Латинэ Америкэм) къэфакIуэ гупыр зэрыщыIами теухуа хъыбар иIэщ. Совет Союзым и цIыху а щIыналъэм зэи имыхьауэ, ахэр япэу кIуауэ щытащ. Къэралбий и гукъэкIыжхэм зэрыхэтымкIэ, я етIуанэ концертым зыкърагъэхьэлIат а республикэм и президенту абы щыгъуэм щыта Хоакин Балагери нэгъуэщI лIыщхьэ гупми. ИкъукIэ щытхъушхуэ ансамблым къыхуищIауэ щытащ республикэм и Iэтащхьэм. «Илъэс бжыгъэ хъарзынэ къэзгъэщIащи, мыпхуэдэ къэфакIуэ гупым зэи срихьэлIакъым. ЗэрыжаIэмкIэ, Совет Союзышхуэм зы къэралыгъуэ цIыкIуу ису аращ мыбы къэкIуа цIыхухэри, апхуэдэ гъуазджэ лъагэ яIэу къыщIэкIауэ ар сыту хьэлэмэт!», - жиIат абы. 
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: