Илъэс куэдкIэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ егъэджакIуэу лэжьа Багъ Марьям итхыжащ и гъащIэм къыщекIуэкIа теплъэгъуэ гукъинэжхэр, и нэхъыжьхэм жаIэжу зэхихыжа хъыбар гъэщIэгъуэнхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри IущыгъэкIэ, гуапагъэкIэ, хуабагъэкIэ гъэнщIащ икIи узыщIагъэгупсысыжу апхуэдэщ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ абыхэм ящыщ зыбжанэ.
Бажэмрэ дыгъужьымрэ
Къуажэр колхозу щызэхэта лъэхъэнэм мэл хъушэ кIуэдат.
Къуажэ тхьэмадэр Бажэхэ ейт, колхозым и унафэщIыр Дыгъужьхэ я къуэт. Iуэхур зэхэзыгъэкI къэпщытакIуэхэм жылэм епсэлъэн щыщIадзэм, зы лIыжь гуэрым жиIащ:
- Уа щIалэхэ, ди къуажэ тхьэмадэр Бажэхэ ейщ, колхозыр зыIыгъыр Дыгъужьхэ ящыщщ. Бажэмрэ Дыгъужьымрэ яIэщIыхьар къытрахыжыфауэ иджыри къэхъуакъым. Гугъу зевмыгъэхьу фыкIуэж.
ЩIакхъуэ Iыхьэ ямыIами...
Жэм пэхужьыр хъупIэм къикIыжа нэужь, дадэ Iуэм иригъэхьэжырт. Шхалъэм удз цIынэ къишам щыщ худилъхьэрт, езыр бгъэдэтIысхьэрти къишырт. Нанэ пщафIэрт, и Iэ лъэныкъуэр узырти, иджы дадэт жэмым кIэлъыплъри зезыхьэри. ШкIэр щIигъэфа нэужь, къебла шэр кумбыгъэм щхьэхуэу ирикIэрти, Ахьмэд цIыкIум иритырт.
- Мыращ шэм и IэфIыр, мыр шатэпсым хуэдэщ, - жиIэрт.
Ахьмэд цIыкIум и гъусэу, джэдуужьитIри есауэ къэсырт.
А гупыр зэбгъурысу зэрытхъэм кIэлъыплъ дадэ и гур хэхъуэрт, и пащIэкIэм щIэгуфIыкIыурэ игу къигъэкIыжырт, гъаблэм и зэманым щIакхъуэ Iыхьэ ямыIами, жэмыжь закъуэ псэууэ къахуэнам и фIыгъэкIэ ахэр узыншэу къызэрызэтенар.
Гъаблэм и лъэужь
Уэшх мащIэ кърепхъых. Пшагъуэри Iуву телъщ. Уафэ джабэр, щIакIуэ ираубгъуэкIам хуэдэу, зэщIэуфIыцIащ. Жьыбгъэм иупцIэна жыгхэри заущэхуауэ зэхэтщ. Къуаргъыжьхэри абыхэм я лъабжьэм щощыпэ, шынэ лъэпкъ ямыIэу лъэбакъуэшхуэкIэ щызокIуэхэр.
Абдеж къэувыIа цIыхубзитIыр гъуэгу тетами, я къуажэ къызэрыблэгъэжам щогуфIыкIри, я хъуржыныр ягъэтIылъ, йотIысэх.
Махуэ бжыгъэкIэ я унэ имысахэр, зыри жамыIэу тIэкIурэ щыса нэужь, къотэджыжри йожьэж, я гъуэгу хагъэщIмэ нэхъ къащтэу.
Быбэ сымэ къызэрысыжам щыгуфIыкIыу, нану гупыр зэрызехьэу унэ цIыкIум къыщIож. Пэш цIыкIуитIыр хуабэт, щIалэ нэхъыжьхэр бгым щхьэдэхри, я плIэм дэз къэрэкъурэ къахьат. ЗэшыпхъуитIым, зауэм зи щхьэгъусэхэр хэкIуэдахэм, я бынхэр зэгъусэу зэдапIырт. ШыуанышхуэмкIэ псыр трагъэуващ хьэкум. Нартыху тIэкIу къахьам щыщ Iыхьэ къыхахри, Iэщхьэл цIыкIумкIэ зэтраудащ. Хьэнтхъупс шыуанышхуэр хьэзыр хъуа нэужь, Iэнэм къетIысэкIащ сабиибгъур, щхьэж и фалъэр иIыгъыу.
Абыхэм гуфIэгъуэшхуэ я нэгум къищырт, ауэ зыми ищIэртэкъым, я быныр гъаблэм кърагъэлын папщIэ, фэнжей цIыкIум илъ нартыху тIэкIур зэшыпхъуитIым къахуэнэжа дыжьын бгырыпхымкIэ къызэрахъуэжар.
Къаз хъушэм и хъыбар
Нанэм къаз хъушэ зэрихуэрт. Пщэдджыжьым зэрихабзэу, и къазищэр псыхъуэ лъэгум дигъэхьащ. Къазхэр езыхэр хъуакIуэрт жэщ хъуху, пщыхьэщхьэм къекIуэлIэжырт. Пшапэр зэхэуауэ нанэ къыдэкIащ, къазхэр къекIуэлIэжамэ, къыдихуэжыну. Зыри щыIэтэкъым. Хуэмурэ кIуатэурэ псыщхьэм нэсащ. Зыри къуэкIийм дэтыжтэкъым. Лъэмыж цIыкIу телъымкIэ икIри, губгъуэм нэс кIуащ. Плъэмэ, къазхэр псори щылъщ, зыри хъейркъым. Бгъэдыхьэри еплъащ, зыри бауэртэкъым.
И жагъуэ хъуауэ псынщIэу къэкIуэжащ. Къуэрылъху нэхъыжьым шыгур зэщIригъащIэри дэкIащ. Езыхэр лIами, я цыр згъэкIуэдынкъым жиIэри къишэжащ, унэм щIэсхэр къыдэIэпыкъуурэ къазищэр яфыщIащ, къауц щхьэнтэ ищIыну дахэу къэпхэм ирилъхьащ. Къазхэри гум иралъхьэжри, къуэкIийм яшэри дакIутащ, хьэ хьэулейуэ псыхъуэм дэтхэм яшхынщ жаIэри.
ЕтIуанэ махуэм пшапэр зэхэуауэ къаз макъ къызэхех. Нанэр къыдэжащ пщIантIэм. Еплъмэ, и къаз пцIанэ гупыр къэкIуэжауэ щызэхэтт куэбжэпэм.
КъызэрыщIэкIамкIэ, къазхэр щыхъуакIуэ щIыпIэм щIэп куэду итт. Махуэ псом ар зышха къаз хъушэр, лIам хуэдэу, жеяуэ арат.
- Фейдэ тIуащIэ сиIащ а зэманым, - дыхьэшхырт нанэр, и щхьэ кърикIуар къыщызжиIэжым.
Гукъинэж
Нанэм и хьэсэ цIыкIур сигу къэкIыжащ. Бжьыныхур уфафэу, бжьыныр зэкIэрыблауэ, шыбжий сырыр зэхэухуэнауэ гуэщ блыным екIуэкIыу фIидзэжырт. Къэб джабэплъхэр сатыру игъэтIылъырт.
Джэдгыныр игъэгъурт, ихьэжырти, чэтэн хъуржын цIыкIухэмкIэ бгыкъум кIэрищIэрт. Сырэм и щхьэм екIуэкIыу удз лIэужьыгъуэу игъэгъущхэр телът. Ташынпхъафэмрэ къармэфиблымрэ и Iэнэм текIыртэкъым.
Аращ гъащIэр, уи цIыкIущхьэм анэмрэ анэшхуэмрэ я шхын IэфIыр пшхыуэ уащыбгъэдэсырщ. Ноби къысщIехьэ нанэ и хадэхэкIхэм я мэр, джэдгынэр бэуэ зыхэлъ и кIэртIоф дэлэным и хъурымэр, къэб гъэва IупщIэ плIимэхэмрэ шэ щIэгъэпщтыхьамрэ я IэфIагъыр си Iум итщ.
Гукъинэж нэхухэм дыхуеплъэкIыжурэ допсэу. Арауэ къыщIэкIынщ щIыжаIэр: щIалэм и гупэр къэкIуэнумкIэ гъэзамэ, зи ныбжь нэсам и гупэр и щIыбагъымкIэ щыIэщ.