Накъыгъэм и теплъэгъуэхэр
Хьэщхьэтеуэм хуэдэу пщIантIэм къыдэзэрыхьа хьэпцIащхъуэхэм гуапагъ лъэпкъ яхэлътэкъым. Гуп Iэлу къызэрехьэкIырти, пшапэ зэхэуэгъуэм я абгъуэхэм итIысхьэжырт, цIыхухэм я гъунэгъугъи къамылъыхъуэу. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ ахэр къуажэхэм щыплъагъуххэу щытакъым. Абыхэм утыкур зэраубыду, бзэрабзэу гуэщ бжыкъухэм, ток кIапсэхэм етIысэкIауэ тесу щыта пцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэ цIыкIухэр нэхъ мащIэ хъууэ хуежьащ. Иджы зэзэмызэххэт абыхэм я бзэрабзэ макъри щызэхэтхыжыр.
Накъыгъэм икухэм пцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэ цIыкIуитI ди щхьэгъубжаблэм щыпэщащэу къэтлъэгъуащ - ущIэмыупщIэ дэ къэдгуфIам. Мыгувэу абыхэм абгъуэ кIэщIащIыхьащ ди щхьэгъубжэ блыпкъым. Абыхэм я ужьым иту хьэпцIащхъуэ цIыкIуитI къэлъатэри, абыхэми абгъуэ кIэращIыхьу хуежьащ адрей щхьэгъубжэ блыпкъым. Махуэ зыбжанэкIи Iудгъэщтаи ахэр, мыдрейхэм зэран яхуэхъун ди гугъэу, арщхьэкIэ зыри къикIакъым - жэщу зыхуагъазэри, мыжейуэ кIэращIыхьауэ нэху къекIащ. Абы иужькIэ дауэ я гуэныхь къэпхьынт…
Зи абгъуэхэр зэбгъурыт къуалэбзу унагъуитIыр, дызэримыгугъауэ, мамыру зэдэпсэууэ гъэмахуэм техьащ. ТIуми шыр цIыкIу яIэт, я лъэтэгъуэ нэблэгъарэ, я щхьэ цIыкIухэр кърашиикIыу хуежьауэ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ, нэхущ хуегъэзэкI хъуауэ, дунейкъутэжу уафэгъуагъуэ уэшхышхуэ къригъэжьащ. Зэуэ си гур жащ пцIащхъуэхэмкIэ. Щыблэм и зэпыугъуэм зыхуэзгъазэри щхьэгъубжэр Iусхащ. Сыдэплъеймэ, хьэпцIащхъуэхэм я абгъуэм и лъащIэр кIэщIэтыжтэкъым - я лъэныкъуэм хуэзэу къыкIэриуда уэшхыпсым а нэIэрыкум щIилъэсыкIат. УщIэмыупщIэ дэ къэдгузэвам: дыщIэжри, уэздыгъэ нэхукIэ пцIащхъуэхэр къэтлъыхъуащ -дгъуэтакъым. Сыт тщIэнт, нэху дгъэщри, дурэши плIэрэши къэдмыгъанэу, псори зэпэтплъыхьащ. Щымыхъум, унащхьэм дыдэкIуейри, зэпэгъуанэбзэ хъуауэ фIэлъ абгъуэм и лъабжьэмкIэ дыкъыщиплъащ - пцIащхъуэ цIыкIуищ ист, я лъэбжьанэ цIынэ цIыкIухэмкIэ а къэнэжа ятIэ IэгупIэ тIэкIунитIэм зыхаукIауэ, я адэ-анэхэм гужьеигъуэр ятелъу абыхэм яхъуреягъыр къауфэрэзыхьырт. Iэлъэ зыIэрыттIагъэри, дахуэсакъыпэу ахэр къыкIэрытхащ. ИгъащIэм жаIэу къекIуэкIырт къуалэбзухэм я шырхэм цIыхухэр IэкIэ еIусэ зэрымыхъунур - къащтэжыркъым жаIэ, пэжыр хэт ищIэн…
ХэкIыпIэу къанэр зыт - шындэбзиймкIэ гъэза щхьэгъубжэр Iусхри, пцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэхэм яхэдгъэтIысхьащ, зэрыхъуIам хъунщ жыхуэтIэу. Абыхэм я абгъуэр къызэтенат, уэшх уапIэ зэрымыхъуам и фIыгъэкIэ. ИтIанэ кIэдыкъуакъуэ шыр цIыкIухэм я анэр яхэстэкъым а дакъикъэм, шхыныхьэ ежьагъэнт. Къэхъунум дыпэплъэу дыздэщысым, абгъуэр зейхэр къэсыжащ. Гъунэгъухэм я нэхъыфIу къахущIэкIащ ахэр: езыхэм яйм хуэдэу ягъашхэ, зыхэс шырхэми къызыхахун Iуэху лъэпкъ зэрахуэркъым. Псори зэкIэщIэкIуэтэпауэ зэкIэщIэсщ мо пщэдджыжь уэшхым игъэщIыIэтыIам. ХьэпцIащхъуэ шырхэм я анэми Iуэхур зыIутыр къыгурыIуа нэужь абыхэм защIигъури, шырхэм я лъэтэгъуэ нэсыху зэгъусэу зэдапIащ.
Бжьыхьэр къэсу пцIащхъуэ цIыкIухэр лъэтэжыпа нэужьщ хьэпцIащхъуэхэм я абгъуэр зэрытIасхъэ дыдэм гу щылъыттар. КъызэрыщIэкIамкIэ, ахэр къызыхэщIыкIар пшахъуэ защIэт. Арат уэшхым занщIэу щIилъэсари. Абыхэм я псэупIэр хы, псы Iуфэ къыр гъуанэхэрщ. Иужьрей илъэсхэм ахэр уэру къуажэхэм кIуэ хъуащ, щIыуэпсым къыщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я зэранкIэ. Аращи, езыхэр зэресам тету, я абгъуэхэр ящI. Мыдрей пцIащхъуэ кIэдыкъуакъуэхэм ятIагъуэ быдэм, хьэуазэ шхийхэм, къауц цIыкIухэм зэгъусэу къыхащIыкI абгъуэ IэбыдэлъэбыдэхэмкIэ уэшхри дыгъэри шынагъуэкъым.