Ди лъэпкъ культурэмрэ литературэмрэ зегъэужьыным зи гъащIэри зи гуащIэри щхьэузыхь хуэзыщIахэм ящыщщ усакIуэ, критик, литературовед, егъэджакIуэ Къэжэр Хьэмид. Абы и зэфIэкIым теухуауэ хужыпIэныр гъунэжщ икIи куэди тетхыхьащ абы и гъуэгуанэм. Абыхэм ящыщ зыщ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БакIуу Хъанджэрий, щIэныгъэлIыр тетхыхьащ Къэжэрым и усыгъэм.
«ФIыщIи щытхъуи щIэмыхъуэпсу, и щхьэ темылъи тримылъхьэу къэгъуэгурыкIуа Къэжэр Хьэмид и IуэхущIафэхэм псалъэ гуапэ куэд тражыIыхьащ. ИтIани, сэ сызэреплъымкIэ, дэ – литературэм и «пщIантIэм» щылажьэхэм – щIыхуэшхуэ къыттехуащ – мащIэщ абы и усыгъэм, псом хуэмыдэу и балладэхэм, гулъытэу хуэтщIар.
Жанр щхьэхуэу усыгъэм хэувэ балладэр ди адыгэ литературэм «щаIэщIэхуауэ» къекIуэкIащ. А жанрым урыс литературэми зыужьыныгъэшхуэ зэрыщимыгъуэтар къэплъытэмэ, ди лъэпкъым дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэщ Хьэмид хуэдэ усакIуэ зэрыдиIэр. Аращ балладэр ди литературэм лъэ быдэкIэ зэрыщыувар псом япэу зи фIыщIэр.
Абы и закъуэкъым Хьэмид адыгэ усыгъэм щIэуэ хилъхьар – аращ дунейпсо литературэм «белый стих», «вольный стих», «свободный стих» фIэщыгъэхэр иIэу къыщыкIуэ усэ гъэпсыкIэр, Сокъур Мусэрбий «усэ щхьэхуит» зыфIищауэ щытар, адыгэ литературэм япэу къыщызыгъэIурыщIар. Силлабо-тоникэ усэ гъэпсыкIэм ухуэкIэ хэха иIэщ, ритм убзыхуам, рифмэ белджылым усэм и IукIэр дахэ ящI, макъ зэщIэжьыуэхэм абы макъамэ пыухыкIа щIагъэувэ. Ар, дауи, IэмалыфIщ, ауэ усэм хэлъ гупсысэр апхуэдэ къупхъэ ткIийм щыпхуимыгъэзагъэ куэдрэ къохъу. Аращ языныкъуэ усакIуэхэм усэр «хуит» ящIу прозэм и къэIуэтэкIэм щIыхуашэр. Литературэдж щIэныгъэлIхэу Сокъур Мусэрбий, Шэвлокъуэ Пётр, Гъут Iэдэм сымэ я тхыгъэхэм къыхагъэщащ «усэкIэ щхьэхуитыр» Къэжэрым ди литературэм япэу къызэрыхихьар. Сокъурым Хьэмид и «Гъатхэпежьэ» тхылъым и пэублэ псалъэм мыпхуэдэу щитхыгъащ: «Адыгэ усэр зэса къупхъэхэр къызэригъэщIэрэщIэным щIобэн усакIуэр. Абы, и мурадхэр Iэпхлъэпх мыхъуным хущIэкъуурэ, «екъутэ» ди тхыдэм щызэрыубыда усэ тхыкIэр, уеблэмэ сатыр зэпэбжхэм, рифмэ зэдэIуэжхэм «зэран» яхуэхъункIэ щымышынэу, Хьэмид рифмэ «дзыхьщIыгъуэджэхэр» егъэIурыщIэ, усэ сатырхэр макъ зэщIэжьыуэкIэ щызэримыпххэри гъунэжщ, усэр жьэрыжыIэ къэIуэтэкIэм хуигъэкIуэн щхьэкIэ «щхьэрыутIыпщ» ищIурэ прозэм щыбгъэдишэри мащIэкъым».
Къэжэрыр IуэрыIуатэм и усэ гъэпсыкIэм е силлабо-тоникэм и ухуэкIэм хуэмыIэижьу аракъым «усэкIэ щхьэхуитыр» къыщIигъэсэбэпыр, атIэ усэм хилъхьэ гупсысэр къупхъэ зэв иримыгъэувэн папщIэщ. Абы щыгъуэми, нобэрей адыгэ усыгъэм щытепщэ силлабо-тоникэ гъэпсыкIэри IэщIыб ищIыркъым. Къэтхьынщ сатыриплI къудей:
Мазэр си нэм къыщIолыдэ:
«Сыту гуакIуэ а уи Нагъуэр!
А уи Нагъуэм хуэдэ дахэ
Дуней нэхум тезмылъагъуэ».
Зэрытлъагъущи, кIэух рифмэри адыгэ IуэрыIуатэм и сатыркIуэцI макъ зэщIэжьыуэри Iэрыхуэу къегъэсэбэп усакIуэм.
Абы и балладэхэм къыщегъэсэбэп сюжет удэзыхьэххэр, ахэр а жанрым къигъэув жыпхъэм йозагъэ. Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къызэрыщиIэтым и мызакъуэу, Хьэмид и балладэхэм новеллэм и хьэл-щэн гуэрхэри яхыболъагъуэ – зытепсэлъыхь Iуэхур узэрыщымыгугъауэ щиухыж щыIэщ. Псалъэм папщIэ, «Гъуэгуанэ гугъу» балладэм хэт лIыхъужь нэхъыщхьэм шырыкъукIэ хьэIуцыдз еукI. Зауэ нэужь зэман хьэлъэу хъыбарыр къэзыIуэтэж цIыхухъум (абы и цIэр усакIуэм къриIуэркъым) дыщасэ кIуэжа и щхьэгъусэмрэ ипхъу цIыкIумрэ шыгукIэ Къулъкъужын къришыжрэ пэт, гъуэгум жэщ къащытохъуэри, хьэIуцыдз гуп къакIэрохъыжьэ. Сабиймрэ цIыхубзымрэ гуплIэм дегъэтIысхьэри, езым хьэIуцыдзхэм яхэуэу щIедзэ: и чнутIыр ятрекъутэ, зауэм къыздриха и шынелыжьыр, и пыIэр яхедзэ. ИкIэм-икIэжым гъущI IунэкIэ зэщIэукIа и шырыкъур зылъехри, абыкIэ хуэфIу тохуэри зы хьэIуцыдз еукI. Адрейхэр хьэсэпэхъумэм и фочауэ макъым егъащтэри зэбгрожыж. УсакIуэм екIуу, уи фIэщ хъууэ къигъэлъэгъуащ зауэм ипсыхьа лIыр мыгужьейуэ хьэIуцыдзхэм зэрапэщIэтар, и унагъуэр псэзэпылъхьэпIэм къызэрыришар.
Лирикэри эпосри щызэгъунэгъущ, щызэхэпщащ Къэжэрым и «Шу закъуэ», «Налкъут щхъуантIагъэ», «НэхъыфIу плъагъумкIэ», «Тенджызым нэсыфынур» балладэхэм. Иужьрейм къытеувыIэпхъэщ. Мы балладэм авторым «псыежэхитI къыщызэдегъажэ». Ахэр зэхуэдизщ, я мурадхэри зэтохуэ – тIури тенджызым нэсыну хуейщ. Япэрейм жеIэ: «Гугъущ иджырей зэманым псыуэ уежэхыну». Ар мажэ къахузэтемыувыIэу, зыми сэбэп хуэмыхъуу, зым и псыхуэлIи иримыгъэкIыу («Фи щIыхуэ стелъкъым» яжреIэ). Ежэхыурэ и къарур щIокIри, щIым зыщIефыж.
ЕтIуанэращ зыубгъуауэ усакIуэр зытепсэлъыхьыр. Мы псыежэхыр Iэдэбщ, щэныфIэщ, жумартщ. И гъуэгуанэм къыщыхуэзэ псори псы ирегъафэ: бажи, мыщи, дыгъужьи, къанжи, пцIащхъуи, н.къ. Ахэри псым къыхуэарэзыщ: псым фо IэмыщIэ хедзэ бжьэм, бзухэм я уэрэдхэр, я гуфIэгъуэр «хапхъэ» псым. Удзхэми жыгхэми зыкърагъэлыжыркъым. Махуэм псым хэщIар жэщым уэсэпсу къыхохъуэж, «уафэри псым хоткIухь», уэшхри къошх, мазэми усэ куэд къыжреIэ. И Iуфэм къыIухьа пщащэ нэщхъейр фIыуэ илъагъу щIалэм и сурэт Iуегъаплъэри егъэгуфIэж. Псыр къуажэм долъадэри, и сэбэп цIыхухэми ярегъэкI. Апхуэдэурэ псапэ ещIэ, езыри Iыхьэншэу къанэркъым: нэхъ бгъуфIэ, нэхъ куу мэхъу, икIэм-икIэжым, зыщIэхъуэпса тенджызым нос. УсакIуэм жиIэну зыхуейр зыщ: «ФIы зыщIэр фIы IуощIэж…»
ЗэрыущиякIуэм, гъэсэныгъэм гулъытэ лей зэрыхуищIым щыхьэт техъуэ тхыгъэ куэд къахэбгъуэтэнущ Хьэмид и IэдакъэщIэкIхэм».