ХьэтIохъущокъуэм и хадэ

Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Думэн Хьэсэн и лэжьыгъэм щыгъуазэ дыщещI Налшык и нэгузегъэужьыпIэ нэхъ нэIурытхэм язу къалъытэ ХьэтIохъущокъуэхэ я хадэр къызэрыунэхуам.

Ди къалэр къызэрежьар «Налшык быдапIэ» фIэщыгъэм щIэтущ.  Беслъэн-уэркъыу щыта Тэгъуланхэ я къуажэр здэщысам деж хуэзэрт Ермолов Алексей 1838 гъэм щиухуа дзэ тIысыпIэм. Налшыкдэсхэр Кавказ Линием и Iэтащхьэ Эристовым тIэу (1842, 1844 гъэхэм) елъэIуауэ щытащ быдапIэм пхъэщхьэмыщхьэ хадэ щыхрагъэсэну. 1847 гъэм апхуэдэ арэзыныгъэ къратащ: урыс пащтыхьыгъуэм пэщIэта адыгэ пщы-уэркъхэр зрахуа щIыхэм апхуэдэ хадэ щыхасэну хуитщ, абы щхьэкIэ хъарзыналъэм сом дыжьынищэ къыхухахынущ. 1851 гъэм хаса жыгыщIэхэм я ныкъуэр хиубыдэри, адрейхэр щIыIэм исат. ИужькIэ жыг Iэрысэ мини 5-м я къудамэхэр мэзым къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм дагъэкIащ. Ахэр жыгыщIэ хъуа иужькIэ, я зэхуэдитIыр хадэм къранэри, адрейхэр цIыхухэм хуагуэшауэ щытащ. А жыгыщIэхэр зыхуагуэшахэм ящыщ зыт ХьэтIокъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ. А зэманым ар «Кабардинский временный суд»-кIэ зэджэ, хабзэ къыдэгъэкIын-гъэзэщIэныр зи пщэ илъ IуэхущIапIэм щылажьэрт. ХьэтIохъущыкъуэ иухуа жыг хадэр нобэ «Эльбрус» рестораныр здэщыт щIыпIэм хуозэ. Пащтыхьыгъуэм хригъэсар -  сабий джэгупIэхэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ къэрал драмэ театрымрэ и хъуреягъым къыщыкIымрэщ.

1860 гъэхэм щIым теухуа хабзэхэр щызэблахъум, Налшык псэупIэм ищхъэрэкIэ щылъ щIы псори, нобэ «Дыгъужь куэбжэкIэ» зэджэм нэс хиубыдэу, пащтыхьыгъуэм иригъэухуа хадэр къыдэкIуэу, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и мылъкум хабжащ. ХадитIыр щызэхагъэхьэжым, зыуэ къалъытэ ХьэтIохъущокъуэм и хадэм Ипщэрэ ИщхъэрэкIэ еджэу хъуащ. Дэфтэрхэм къызэрыхэщымкIэ, мызэ-мытIэу ХьэтIохъущокъуэпщым «Къэбэрдей цIыхубэ мылъкум» ахъшэ къыIихащ жыгыщIэ къищэхун е хадэм щылажьэхэм улахуэ яритын папщIэ.

 1880 - 1890 гъэхэр хадэм и дахэгъуэт. Кавказ Ищхъэрэм и гъунапкъэм щхьэпрыIукIат абы и цIэр. 1884 гъэм ХьэтIохъущокъуэм и хадэр бзу лъэпкъхэмкIэ зэрыкъулейр зэхэзыха пщышхуэ Михаил Николаевич и щхьэм папщIэ мэз джэд зэхъузэбзу 12 ирыригъэшауэ щытащ абы.

1890 гъэхэм ХьэтIохъущокъуэпщыр сымаджэрилэ хъуати, хадэм елIэлIэнри къехьэлъэкI хъуащ. Дэфтэрхэм къызэраIуатэмкIэ, 1898 гъэм хадэр ХьэтIохъущокъуэм имеижу «Къэбэрдей жылагъуэм» и мылъкум хабжат. Абы и щхьэусыгъуэр зэкIэ тщIэкъым, ауэ хуэбгъэфащэ хъунущ пщыр лъэрымыхь хъуауэ.

1898 гъэм налшыкдэсхэмрэ «Къэбэрдей жылагъуэмрэ» я зэхуаку къэугъэ къыдохъуэ. Налшыкдэсхэр хадэр цIыхубэм къратыну мэлъаIуэ, арщхьэкIэ «Къэбэрдей жылагъуэм» ар идэкъым. Япэ хеящIэ зэхуэсхэр 1901 гъэм накъыгъэм и 15-м щегъэжьауэ 29-м нэс екIуэкIащ. «Къэбэрдей жылагъуэм» и уэчылыр хадэр зейуэ щыта ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и къуэш Мухьэмэтт. ХеящIэм унафэ къищтащ хадэр налшыкдэсхэм иратыну. АбыкIэ «Къэбэрдей жылагъуэр» арэзы хъуакъым. 1901 гъэм дыгъэгъазэм и 11-м «Къэбэрдей жылагъуэм» Тыркум кIуа ХьэтIохъущокъуэ Мухьэмэт и пIэкIэ Бгырыс еджапIэм и егъэджакIуэ Къармэ Исхьэкъ уэчылу къещтэри Iуэхум пещэ. И мыарэзыныгъэр къызэригъэлъагъуэ тхыгъэм Къармэм щыжеIэ налшыкдэсхэр хадэм щIыщIэлъэIур ар зыхуей хуагъэзэну зэрыармырар, атIэ мылъкукIэ фейдэ хахын папщIэ, ар «Владикавказ гъущI гъуэгу» IуэхущIапIэм иращэжыну мурад зэраIэр. Къармэм щыхьэту къихьащ «Владикавказ гъущI гъуэм» Налшык цIыху кIуапIэ, зыгъэпсэхупIэ ин хъун, налшыкдэсхэми абы фейдэ хахыфын щхьэкIэ, илъэкI къимыгъэнэну ахэр щигъэгугъэ дэфтэрыр. Къармэр зыгъэпсэхупIэхэмрэ Налшык и дахагъэмрэ зрагъэузэщIыным зэрыпэрымыуэр къыхигъэщащ, имыдэр хадэм къыпыкI хъерыр «Къэбэрдей цIыхубэ мылъкум» халъхьэн хуейуэ къызэрилъытэрт, налшыкдэсхэм я закъуэ ялъымысу.

«Къэбэрдей жылагъуэм» езым мурад убзыхуа иIэт хадэм зэрызригъэужьыным теухуауэ. Абы хадэр зыгуэрым IэщIилъхьэну зигъэхьэзыртэкъым. 1890 гъэм щегъэжьауэ хадэ зехьэным ахъшэу текIуэдар «Къэбэрдей цIыхубэ мылъку» банкым къиутIыпща защIэт, Октябрь революцэм и пэкIэ а IуэхущIапIэр Къэбэрдеймрэ Балъкъэрымрэ я лъэпкъ банк хуэдэу щытт.

 1912 гъэм Къэбэрдей округым и Iэтащхьэу щыта Къылышбий СулътIанбэч «Налшык егъэфIэкIуэнымкIэ зэгухьэныгъэ» къызэригъэпэщащ. Абы и унафэщIт езы Къылышбийр. Зэгухьэныгъэм хэтт а лъэхъэнэм округым фIыуэ къыщацIыхуу щыта дохутыр Львов К. М., губернием и секретарь Къэрэшей Б. Т., Заветаев П. И., Къармэ Исхьэкъ, нэгъуэщIхэри. Зэгухьэныгъэм иджыри хагъэхьат щIыпIэ интеллигенцэм щыщхэу пщы Наурыз Т. И., Тавкешев Х., Шыпш Т. О., Шаханов Б. сымэ.

Зэгухьэныгъэм Налшык ефIэкIуэн папщIэ, Iуэхугъуэ 47-рэ гъэзэщIэн хуейуэ унафэ ищIащ. Абыхэм хыхьэт жыгхэр сатыру хэсэныр, сабий джэгупIэхэр, псэущхьэ IыгъыпIэхэр, зыгъэпскIыпIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, псы къилъэдапIэ-ижыпIэхэр къызэгъэпэщыныр.

Зэгухьэныгъэм мурад ищIащ музей къызэIуихыну, Кавказымрэ абы теухуа тхыгъэхэмрэ щадж къудамэ щхьэхуэ хэту тхылъ хъумапIэ къызэрагъэпэщыну, уэрэд щыжаIэн, къыщыфэн, зыщагъэпсэхун щIыпIэхэр, пщIэнши уасэ зыщIати хэту, яухуэну. ХьэтIохъущокъуэм и хадэм и мызакъуэу, Налшык къалэри зыхуей зэрыхуэзэнум тещIыхьа унафэт абыхэм къащтахэр. А зэгухьэныгъэм и къалэн нэсу игъэзащIэу зэрыщытам и зы щыхьэтщ ар 1914 гъэм щIышылэм и 4-м инженер Царт Э.А. Мысостхэ я псынэм деж къикIыу Налшык нэс бжьамийкIэ псы къишэну зэрыгурыIуар.

1916 гъэм и дэфтэрхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, «Владикавказ гъущI гъуэгум» ХьэтIохъущокъуэм и хадэм Курзал ирищIыхьыну унафэ къищтащ. А щIыпIэр хуозэ иджыпсту «Эльбрус» рестораныр здэщытым деж. Ди жагъуэ зэрыхъущи, «Къэбэрдей жылагъуэм» IэщIэкIыу хадэр «Владикавказ гъущI гъуэгум» зэрыIэрыхьа щIыкIэм щыхьэт хуэхъу дэфтэр зэкIэ дрихьэлIакъым.  

Зыгъэхьэзырар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: