Адыгэ лъэпкъ«Адыгэ псалъэм» и ныбжьэгъу пэж, абы и къыдэкIыгъуэхэм пэплъэ икIи набдзэгубдзаплъэу щIэзыджыкI бзылъхугъэ щыпкъэщ АфIэунэ Ольгэ. Газетеджэхэр нэхъапэIуэкIи щыгъуазэ хуэтщIащ Ольгэ и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэм. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ гъащIэм и зэхэлъыкIэм куууэ кIуэцIрыплъ, абыкIэ гупсысэ хьэлэмэтхэр зиIэ бзылъхугъэм и иужьрей тхыгъэхэр. Прозэми усэ тхынми зи къару щызыгъэунэху АфIэунэм и лэжьыгъэщIэхэр тещIыхьащ тхыдэ къулей зиIэ, Iуэхугъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ къызэзынэкIа ди лъэпкъым. Апхуэдэуи бзылъхугъэр йогупсыс мамырыгъэм, зэгурыIуэныгъэм ефIэкI хъугъуэфIыгъуэ куэд дунейм зэрытемытым.
Адыгэ лъэпкъ Си лъэпкъ дахащэу Сызэрыгушхуэ, Налкъутналмэсу Сэ укъысщохъу. Мывэ сэрейуэ Жыру убыдэт, Ухагъэщlакъым Зыми, си лъэпкъ! Лlэщlыгъуэ псокlэ Уэ къозэуами, Уахуикlуэтакъым, Лъэщу си лъэпкъ! Къозэуа лъэпкъым Я усэкlуэшхуэхэм КъыпкъуэкIа лlыгъэм Усэ хуатхащ. Уэ уефlэкlуэну Сэри сохъуахъуэ, Си псэм хуэзгъадэу Адыгэ лъэпкъ! Си гур мэмахэ Сыщогупсыскlэ, Си псэм щызгъафlэу Уардэу си лъэпкъ!
*** Нэм къиубыдыр псэм зыхищIатэмэ Пщэдджыжь нэмэзщ. Дунейр къызэщlоушэри, бзу цlыкlухэм я уэрэдыр къраш. УзэщIэдэIукIмэ, ихъуреягъыр апхуэдизкIэ мамырщ, щэхущи, а псэущхьэ дахэхэм къагъэIу макъамэ гуапэм фIэкIа зыри дуней псом щыземыкIуэу къыпфIощI. Къыпщохъу апхуэдэ щытыкIэм зэрыдунейуэ иту, дэнэкIи мамырыгъэр щытепщэу, зауи зэпэщIэуви ЩIы хъурейм щыщымыIэу. КъыпфIощI цIыхухэм гъащIэм и IэфIагъымрэ дунейм и дахагъымрэ хьэщыкъ хуэхъуауэ, зэныкъуэкъуныр яужэгъуарэ, IэплIэешэкIыу къызэхэнауэ. Дэтхэнэ зыми апхуэдэ дакъикъэхэм къыдгурыIуапхъэщ цIыху гъащIэм уасэ зэримыIэр, псоми ди зэхуакум дэлъын хуей IэфIагъымрэ гуапагъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр, гъущIыпсэ зыIути къызэрытхэмытыр, «пэщIэдзэ зиIэм кIэухи иIэщ» жыхуаIэращи, цIыху гъащIэри уахъты гуэрым тещIыхьауэ зэрыщытыр. Набдзэгубдзаплъэу махуэм зэ нэхъ мыхъуми зытплъыхьатэмэ, ярэби, ди нэм къиубыд дахагъэр ди псэкIэ зыхэтщIэрэ абы къыдит аразыныгъэм, зэрыжаIэщи, ди гур щыз ищIатэмэ, цIыхуу щыIэм лъагъуныгъэрэ гуапагъэкIэ дазэрыдэгуэшэным фIэкIа нэгъуэщI зыри дыхуэмеижу дыхъуну пIэрэт? Е, нэхъ мыхъуми, а дакъикъэм зыхэтщIэ гурыщIэр зыхуэдэмрэ абы и мыхьэнэмрэ адрейхэм къагурыдгъэIуэным пэщIэдзэ хуэтщIыфыну пIэрэт?.. ДызэщIэвгъэдэIукIыт-тIэ, цIыху псэ нэхухэ, гу къабзэ зиIэ цIыхуфIхэ. ДызэщIэвгъэдэIукIи, псэкIэ зыхэдвгъащIэт, Алыхьышхуэм къытхуигъэфэща дунейм и дахагъыр, ар мэскъал хуэдиз дагъуэ имыIэу Къытщхьэщытым зэриухуар. Девгъэгупсыси: «Ярэби, диIэу пIэрэ-тIэ дэ апхуэдэ хуитыныгъэ, а дуней дахэр пкъырыпкъыу зэпкърытчыну, игъащIэ псокIэ мыхъужын дыркъуэ абы и «щIыфэм» теддзэну, мафIэ лыгъэкIэ къидгъэсэкIыну, Iэщэ-фащэкIэ дызэщIэузэдауэ зыр адрейм дыпэщIэувэну? Дыхуиту пIэрэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр зэман кIэщIкIэ дызытетыну къитхуиухуа дунейм щызетхьэну?» Зыгъэхьэзырар ТАМБИЙ Линэщ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 16:00 →
Лъэхъэнэжьхэм я джэрпэджэж
14.03.2025 - 15:05 →
Куэд елэжьащ
13.03.2025 - 14:12 →
Къару зыщIэлъ усэхэр
07.03.2025 - 09:58 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
06.03.2025 - 11:44 →
ГъащIэ теплъэгъуэхэр
|