Сэтэней-гуащэ нартхэм къызэрахьам и хъыбар
Нартхэр зэщIэшасэри, Уэзырмэджым деж екIуэлIащ. Уэзырмэдж икъукIэ хабзэшхуэ зыхэлъ нартт. Нарт гупыр Уэзырмэджым игъэхьэщIащ зы тхьэмахуэкIэ, иригъэшхащ, иригъэфащ. ИкIэм, нартхэм я къэкIуэкIэмкIэ щеупщIым, гупым жаIащ: – Мурад диIэщ Сэтэней-гуащэр къэтхьыну, абы уздэтшэну арат. – Хъунщ, – жиIэщ Уэзырмэджи, ядэшэсащ. Щышэсым нартхэм жаIащ: – Иджы дэ Сэтэней-гуащэ и шыгъуэгум дыщынэблагъэкIэ, ди алъпхэр пырхъынущи, кудагъэ дыхуейщ ди алъпхэм я пэр щытпхыкIыну мыпырхъын щхьэкIэ, – жари. Уэзырмэдж нарт гупым кудагъэ зэрызыххэ хуигуэшщ, езыми зы къищтэри, зэщIэшасэри дэкIахэщ. Куэдрэ иша а гупыр Уэзырмэдж, мащIэрэ иша, гъуэгуанэ жыжьэ якIуащ а гупым. Гупым Уэзырмэджыр гъэпцIагъэкIэ ирашэжьауэ арат. Гупым Уэзырмэджыр ямыIэмэ, гъуэгур яцIыхуртэкъыми, кIуэфынутэкъым. Сэтэней-гуащэ деж нэсрэ кърахьэжьа нэужь, и дахагъэм папщIэ гупым яримытыжынкIи шынагъуэ яIэт. Уэзырмэдж апхуэдизкIэ бланэт, пелуант, лIыхъужь мышынэти, къыщымышынэу гупым зыри яхэттэкъым. Ауэрэ кIуэурэ, Сэтэней-гуащэ и унэм зы махуэ ныкъуэ гъуэгу дэлъыжу щынэсым, гупым жаIащ: – Иджы дишхэм я пэхэр щыдвгъапхэ, я пырхъ макъыр зэхамыхын щхьэкIэ, – жари. Уэзырмэджым ар и фIэщ хъури, и ФэехъукIэ алъпыжьым и пэр щипхащ. Адрей нарт гупым псоми щапхэ нэпцI защIа мыхъумэ, зыми и шыпэ щипхыкIакъым. ЗэщIэшэсэжри кIуэуэрэ, Уэзырмэджым и ФэехъукIэ алъпыжьыр къакIэрыху хъуащ, алъандэрэ япэ иту кIуауэ. Уэзырмэджи абы ирибампIэурэ еуэурэ, алъпыжьым бэуапIэ имыгъуэту, бампIэри зэгуэудащ. АтIанэ къищIащ Уэзырмэдж нарт гупым къызэрагъэпцIар. Уэзырмэджыр и шым щхьэщысу къагъанэри, нарт гупыр ежьэжащ, Сэтэней-гуащэр къахьыну. Уэзырмэджым и алъпыжьым и лъакъуиплIыр ипхщ, и плIэ ирилъхьэри якIэлъежьащ. Уэзырмэджыр гупым и ужь кIэщIу иту нэсащ. Гупым зыри яхуещIэртэкъым Сэтэней-гуащэ, шордакъ лъагапIэм исти. Уэзырмэдж и алъпыжьыр и плIэм илъу нэсри, шордакъым едэмэпкъауэри, дамэкIэ шордакъ лъабжьэр щIиудщ абыи, ар и дамэм телъу къежьэжащ, гупыр и ужь иту. Уэзырмэджым и шыжьыр и щIыб илъу, Сэтэнейри иIыгъыу, гупыр и ужь къимыкIыфу къэкIуэжащ и унэ, гупри къыздишэри. Нарт гупыр аргуэру Уэзырмэджым жэщибл-махуиблкIэ иригъафэу зэхигъэсащ. Нарт гупыр ежьэжыну щылъаIуэм, Уэзырмэджым жиIащ: – Сэ си ФэехъукIэжь фэ фтезукIам и уасэ мылъкурэ былымрэ нартхэ фи хэку илъкъым. Апхуэдэу щыхъукIэ, шы уасэ мыхъуми, къренэ илъэситхукIэ си деж Сэтэней-гуащэр щыIэну. Илъэситху дэкIа нэужь фыкъакIуи фэстыжынщ, – жиIэри нарт гупыр игъэшэсыжащ. ИлъэситхукIэ Сэтэней Уэзырмэджым деж щыIащ. Илъэситху щрикъум, нарт гупыр кIуэн хуейт Сэтэнейр къахьыжыну, ауэ абы кIуэфын зыри къахэкIакъым. Ауэ Уэзырмэджи ар щыгъупщэжатэкъыми, нартхэм яхуиIуэхуащ, къакIуэу Сэтэней яхьыжын хуейуэ. Уэзырмэджым и лIыгъэр нартхэм ягъэунэхуат. Зы нарти жиIам фIэкIа хъунутэкъым. Нартхэр Уэзырмэджым деж щепсыхащ. Ещанэу Уэзырмэджым нарт гупыр игъэхьэщIащ. Сэтэнейри къаритыжри къиутIыпщыжащ. Сэтэнейр нарт Уэзырмэджым хуэлъэщыджауэ къыщIэкIащ, ауэ хыумыщIыкIыу. Нартхэ я деж иужькIэ Сэтэнейр щылъхуащ. Къилъхуами Сосрыкъуэ фIащащ. Апхуэдэу Сэтэнейр Уэзырмэдж и фызащ. Сосрыкъуи Уэзырмэдж и къуэщ. Ар ябзыщIын щхьэкIэщ нартхэм Сосрыкъуэ мывэм къыдэкIауэ щIаIуэтар.
Поделиться:
Читать также:
05.08.2026 - 16:23 →
Сабийхэм къахуэщхьэпэн защIэщ
03.08.2026 - 19:28 →
Уэрэд
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
30.07.2026 - 12:36 →
ЗЫ ТХЫБЗЭ ДИIЭНУ ДЫХУЕЙМЭ
29.07.2026 - 13:27 →
ЛIэщIыгъуэкIэрэ зэIэпахырт
| ||





Нарт гупышхуэм мурад ящIащ Сэтэней-гуащэр къахьыну фызу, ауэ ар здэщыIэмрэ къызэрахьыну щIыкIэмрэ зыми ищIэртэкъым, и дахагъым, и щэныфIагъым и хъыбар зэхах нэмыщI. Апхуэдэу щыхъум, нарт лъэпкъыу зы щIыпIэ гуэрым щыпсэурт пелуану, лIыхъужьу Уэзырмэдж.