ГъуэгущIэхэр яукъуэдийНалшык къалэм и «Дубки» хьэблэм хыхьэ «Дубки-2», «Ветеран» дачэхэм ухуэзышэ гъуэгухэм лэжьыгъэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI. Псори зэхэту абыхэм я кIыхьагъыр километритхум щIегъу. Гъуэгуухуэхэм япэщIыкIэ къапэщылъщ а щIыпIэм пэмыжыжьэу ежэх псы цIыкIум и нэпкъхэр ягъэбыдэну, щIыр къаIэтыну, уэшх щыIа нэужь псыр къиууэ гъуэгум къытемылъэдэн щхьэ-кIэ. ИджыпстукIэ, гъуэгужьым и щхьэфэр тратхъунщIыкIащ, куэншыбымрэ лей къэхъуа щIымрэ Iуашащ. Абыхэм къадэкIуэу, гъуэгур бгъуэ ящI, асфальтыщIэр зытралъхьэну щIыр ягъэхьэзыр. АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 18:20 →
ДыщэидэмкIэ дерсхэр
27.11.2026 - 12:47 →
МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ, МАМЫРЫГЪЭ!
26.11.2026 - 14:04 →
КъежьапIэхэр къэзылъыхъуа бзылъхугъэ
26.11.2026 - 12:30 →
Хабзэр къызэрежьар
25.11.2026 - 13:00 →
Сатыр пщыкIуплI хъу усэ
| ||




