Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр ягъэлъапIэ![]() Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэм щагъэлъэпIащ славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэр. Ар къызэригъэпэщащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и Лъэпкъ библиотекэр и дэIэпыкъуэгъуу.
Библиотекэм и лэжьакIуэхэм тхылъ дапхъэ къызэрагъэпэщащ, IуэхущIапIэм и фондым и гъэтIылъыгъэ нэхъ гъэщIэгъуэну къалъытэхэр къызэщIиубыдэу. Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, зыхагъэгъуэзащ а тхылъхэм.
Мы Iуэхур зи жэрдэмхэм къызэралъытэмкIэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэр нэхъри зэкъуэувэным, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхущытыкIэр егъэфIэкIуэным, урысыбзэм куэд иризэгурыIуэу къагъэсэбэпыным хуэщхьэпэнущ зэхыхьэр.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м и Парламентым, жылагъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр. Абы ирагъэблэгъащ Налшык къалэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр, Палестинэм, Херсон областым щекIуэкI зауэхэм зи щхьэ къыхэзыха, пIалъэкIэ ди щIыналъэм щыпсэу щIалэгъуалэр.
КIурашын Анзор зэIущIэм хэтхэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ зыхъумэ лъэпкъхэм пщIэрэ нэмысрэ яку зэрыдэлъынур. Ар ныбжьыщIэхэм еущият я щIэныгъэм хагъэхъуэн, зэпымыууэ щIэ гуэрхэм зыщагъэгъуэзэн, лъапIэныгъэхэр яхъумэн зэрыхуейм теухуауэ.
- Урыс щэнхабзэмрэ урысыбзэмрэ ираудыхыну, Урысейм и тхыдэм и пэжыр щIахъумэну зэрыхэтыр ди нэгу щIокI. Апхуэдэ мурад зиIэхэм дапэщIэтыфын хуейщ, ди тхыдэмрэ бзэмрэ лъэпкъым и къэкIуэнум къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIэныгъэ хуиIэщи, - жиIащ КIурашын Анзор. - Урыс, лъэпкъ тхыбзэхэм я хабзэхэр, щэнхабзэр, тхыдэр, лъапIэныгъэхэр дывгъэхъумэ, зедывгъэгъэужь, лъэпкъхэр дызэрывгъэлъытэ.
Зэхыхьэм хэтхэр тепсэлъыхьащ Славян тхыбзэм и махуэм тхыдэм. Ар епхащ славян тхыбзэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа узэщIакIуэхэу, чристэн диныр цIыхухэм яхэзыхьа щихъ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ я цIэм. Абыхэм алыфбейр зэрызэхагъэувам и мызакъуэу, инджыл ущиехэр, псысэхэр, тхьэлъэIу тхыгъэхэр зэрадзэкIащ. Зэкъуэшхэм зэхалъхьа славян тхыбзэм и алыфбейрщ нобэр къыздэсым къэдгъэсэбэпыр. Абы и цIэр – кириллицэр - Кирилл и цIэм къытехъукIащ. Хьэрф 33-рэ хъу мы азбукэр нэхъ тыншхэм ящыщщ. Урыс Члисэм и жэрдэмкIэ, щихъ зэкъуэшхэу Кириллрэ Мефодийрэ я фэеплъ махуэр 1863 гъэм щыщIэдзауэ ягъэлъапIэ. Урысейм а махуэр члисэ-къэрал махуэшхуэу къыщащтащ икIи абы ирихьэлIэу конференцхэр, славян къеджэныгъэхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, тхьэлъэIухэр ирагъэкIуэкI. Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я тхыбзэр зэфIэувэнымкIэ кириллицэм мыхьэнэшхуэ иIащ, урысыбзэм лъэпкъ куэд зэкъуигъэуващ.
Зэхыхьэм къыщыпсэлъащ протоиерей, Пятигорск епархием Налшык округым щиIэ соборхэм я благочиннэ Бобылев Валентин. Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и унафэкIэ библиотекэм тыгъэ хуищIащ 1857 гъэм къыдэкIа, щихъ, митрополит Димитрий и лэжьыгъэ.
Славян тхыбзэмрэ щэнхабзэмрэ я махуэм теухуа зэхыхьэхэр, щIэныгъэ конференцхэр, фестивалхэр, концертхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр республикэм и район, къалэ библиотекэхэмрэ еджапIэхэмрэ щрагъэкIуэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
16.03.2025 - 10:01 →
Щэнхабзэр зи гъуазэ
14.03.2025 - 12:07 →
Нартхэр ноби къыдопсалъэ
14.03.2025 - 12:01 →
ЖьантIэр иIыгъщ
|