Ди Iей дыщывмыгъэтхъу УеплъынкIэ, къуаншагъэшхуэу къыщIэкIынкъым Шэрджэс къэралыгъуэр зыкъутэжа Сэлим ЕтIуанэм дарэгъу хуэхъуа, мамлюк сулътIанхэр кIуэдыжыпIэ изыша епцIыжакIуэхэу Хъаирбейрэ Жанбирдийрэ лIыхъужь яфIэпщыныр.
«1517 гъэм Хьэлэб къалэр тырку сулътIан Сэлим езыта Хъаирбей и Iэщэфащэр» жеIэри, музей сурэт ди пащхьэм кърелъхьэ «хэкупсэ напэкIуэцIхэм» я зым. НтIэ, лIыгъэ зезыхьамрэ лъэпкъым епцIыжамрэ тIури зэрыадыгэ къудейм цIэрыIуэ ищIмэ, сыт цIыхур пэжым щIыхущIэкъунури, захуагъэ къыщIилъыхъуэнури? Хьэмэ зэрыцIэрыIуэ къудейм цIыхум и напэр итхьэщIыжрэ? ЛIэщIыгъуитху дэкIащ абы лъандэрэ, итIани, Къанщауэ Гъуррэ Тумэнбейрэ лъэпкъым и лIыхъужьу къыдолъытэ, Хъаирбейрэ Жанбирдийрэ епцIыжакIуэ, лъэпкъыр щIэукIытапхъэ цIыху мыхьэнэншэущ зэрытцIыхур. Апхуэдэу щIыщытым и щхьэусыгъуэр къыдгурегъаIуэ тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Илюшинэ Миланэ:
«Мардж Дэбикъ деж мамлюкыдзэр щызэтракъута нэужь, Каир къыдэна эмирхэм Къанщауэ Гъур и уэсятым тету Тумэнбей абы и пIэкIэ хахат. Ауэ езы Тумэнбей махуэ щэ ныкъуэкIэ идакъым къэрал унафэр и пщэ дилъхьэн. Иужьым «сулътIан мыхъумыщIэм и унафэм илъэс плIыщIкIэ ущIэтмэ нэхъыфIщ, зы сыхьэткIэ унафэншэу укъанэ нэхърэ» жаIэри, Тумэнбей унафэр егъэзыгъэкIэ кърагъэщтащ».
Иубыдыр пIалъэ кIэщIми, мы хъыбарыр кIыхьщ икIи удэзыхьэхщ. Нэхъ укъэзыгъэубжьращи, муслъымэн тепщэгъуэм я пашэу щыт Сэлимрэ Тумэнбейрэ я къарухэр зэпэщIагъэувэу зыбжанэрэ зэпэщIэува нэужь, зэгурыIуэным пэгъунэгъу хъуахэт. Сэлим Тумэнбей и цIыхугъэмрэ хахуагъэмрэ пщIэ хуищIырт, езы Тумэнбеи и напэм темыхуэн къыпамыубыдмэ, езым хуэдэ муслъымэн тепщэм зригъэзэгъыным лIыгъэншагъэ хилъагъуэртэкъым. Ауэ мыбдежым утыкурэ гъуэгурэ ягъуэтащ тепщитIым я зэхуакум хъуаскIэр щамыгъэужьыхыным фейдэ хэзыххэм. Ари къыхощыж Илюшинэм и тхыгъэм:
«Мазаем и 3-м, гъубж махуэу, Сэлим пщIэ хэIэтыкIа пылъу Каир чэщанэм щIыхьащ. А зэман дыдэм Тумэнбей Аль-Бахънэс зыщигъэбыдауэ, Мысыр Ипщэм щыщ къумырысхэм дзэщIэ къахищIыкIыну хэтт. Сэлим мамлюк епцIыжакIуэхэр къигъэщхьэпэурэ и бийм текIуэну хэтащ. Абы Бахънэс уэсмэнхэм иджыри Мардж Дэбикъ деж щэхуу къащыдэIэпыкъуа Хъаирбей и унафэм щIэт кхъухь зыбжанэ еутIыпщ, ауэ абыхэм зыри къехъулIэркъым. Тумэнбей къатеуахэр зэтрикъутэну хузэфIокIри, я Iэщэри ятрех.
Мамлюк мызагъэхэр зэтрикъутэну Сэлим къиутIыпща етIуанэ гупым пашэ яхуэхъуар уэсмэнхэм ягухьа нэгъуэщI зы дзэзешэт – Iэл Гъэзалий Жанбирдий. Ар Тумэнбей и щыкъу щIалэт – и щхьэгъусэм и дэлъхут. А зыращ Жанбирдий къезыгъэлар: ар зыIэрыхьа Тумэнбей абы и тэмакъыщIэм маисэр къытриубыдакIэт, ауэ малъхъэм зыхуигъэфэщакъым и щхьэгъусэм и анэкъилъхур иукIыну, модрейми Iэщэ иIыгъыу Тумэнбей афIэкIа пэщIэмыувэжыну тхьэ иIуат.
Куэд дэмыкIыу, Каир тхыгъэ ирагъэхь: Тумэнбей арэзы мэхъу уэсмэн сулътIаным и цIэр мэрем хъутIбэхэм щигъэIунуи, ахъшэм тригъэуэнуи, Истамбыл хэхыпщIэ иригъэхьынуи, Сэлим и дзэр дэщIыгъуу Каир дэкIыжу щытмэ, афIэкIа я Iуэхуми къыхэмыIэбэнумэ. Тумэнбей итхырт апхуэдэ унафэм щIыхуэкIуар зэуэну е хэкIуэдэну зэрышынэм къызэрыхэмыкIар, ар зыхуейр лъыгъажэр къигъэувыIэнырт. Сэлими арэзы мэхъури, лъэныкъуитIым мамырыгъэ зэращIылIэн папщIэ, тырку сулътIаным Каир Ипщэм лIыкIуэхэр еутIыпщ. Ауэ ежьахэр Бахънэс нэмыс щIыкIэ, Тумэнбей и унафэмкIэ мыарэзы мамлюкхэр тырку лIыкIуэхэм ятеуэщ, ахэр яукIри, иужьрей адыгэ сулътIаным хуахь тыгъэ лъапIэхэри ядыгъуащ.
Апхуэдэ щIыкIэу зэгурыIуэныгъэм и гъуэгур зэпыупщIа хъуащ. Иужьрей зэхэуэр щызэхэтар Гизэ пирамидэхэм дежщ. Уэсмэныдзэр езышэжьа Сэлим топхэмрэ фочауэхэмрэ Нил и Iуфэм иригъэувэкIат. Зэпымыууэ къателъалъэ шэм мамлюкхэм я шуудзэр къагъэщхьэпэну Iэмал яритакъым. Тумэнбей и лъэныкъуэр зыIыгъа къумырысхэр щIэпхъуэжа нэужь, уэсмэнхэр текIуащ. Мамлюк сулътIанымрэ абы нэхъ къыпэгъунэгъу эмирхэмрэ зэгуэр Къанщауэ Гъур и зауэлIхэм укI тезыр зытралъхьэу Тумэнбей къригъэутIыпщыжа щихъ гуэрым деж зыщагъэпщкIуат. Сэлим а щихъыр къигъэгугъащ, Тумэнбей къритмэ, и щIым щхьэкIэ зы динари зы дирхьэми Iимыхыу, езым нэхърэ нэхъ пщIэшхуэ зиIэ мысыр къумырысхэм яхэмыту игъэпсэуну. Тумэнбей уэсмэнхэм иратри, I5I7 гъэм мэлыжьыхьым и I3-м щхьэпылъэ ящIащ. Мысырри, Щамым ещхьу, Уэсмэн империем щыщ хъуащ».
«ФифI фымыгъэпуд, фи Iей фымыгъэпщкIу», - жеIэ ди газетым и IуплъапIэм тет псалъэжьым. Уи Iейр бгъэлъапIэмэ, уи фIыр бгъэпуда хуэдэу мэхъу. Тумэнбей хуэдэу ухейуэ ухилъафэмэ нэхъыфIщ, Хъаирбей хуэдэу укъел нэхърэ. Армыраи адыгэр адыгэу къызэтезыгъанэр?!
Тумэнбейрэ Сэлимрэ я хъыбарыр IупщIу къыхощ мызэ-мытIэу зи гугъу тщIа, 20I9 гъэм Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм ягъэува «МафIэм хэт пащтыхьыгъуэхэр» жыхуиIэми. Пэжыр жыпIэмэ, тхыдэ и лъэныкъуэкIэ ар зэрызэхэлъхьам гукъанэ щIыхуэпщIын теплъэгъуэхэр мащIэкъым, уеблэмэ фильмыр тыркухэмрэ хьэрыпхэмрэ зэщагъэIеин мурадкIэ зэхалъхьауэ фэ тетщ. ИтIани, Iэзэу къыхаха артистхэм тхыдэм хэта цIыхухэр уи нэгу къыщIагъэувэф. Тумэнбей и ролыр зыгъэзащIэ мысыр артист Нэбэуий Хъалид ди лъэпкъэгъум уигу иришалIэ фIэкIа, и ролыр къемыхъулIауэ пхужыIэнукъым.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 10:30 →
ИщIэм деплъынщ
10.11.2025 - 12:00 →
Щхьэусыгъуэ иIэщ
05.11.2025 - 12:42 →
Псалъэм и мыхьэнэр
01.11.2025 - 14:32 →
Мыхьэмэт-Iэшэ тцIыхуу пIэрэ?
01.11.2025 - 12:29 →
ЛIы хахуэ
| ||



