Адыгэ тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ Мысачэ Пётр лъэужь хъарзынэ къыхинащ лъэпкъ литературэм. Абы и къалэмыр хуигъэбзащ усэми прозэми, а IэдакъэщIэкIхэмкIэ абы игури и псэри ялъэIэсащ гъащIэм и къэ¬хъу¬къащIэ псоми. А Iуэхум ар зэрехъулIам тетхыхьащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Елгъэр Кашиф.
«Ди литературэм хэлъхьэны¬гъэфI хуэзыщIа Мысачэ Пётр Москва дэт Литературнэ институтыр къиухыу I956 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжа нэужь, «Советская молодёжь» газетым зэрыщылэжьа тIэ¬кIур хэбгъэ¬кIыжмэ, абы и гъащIэри, и гуащIэри ирихьэлIащ илъэс тIощIрэ пщIыкIэ щылэжьа «Iуащхьэмахуэ» журналым и Iуэхур тэмэму екIуэ¬кIы-ным, ар ди литературэм и гъуазэ хъуным. Хэбгъэзыхьмэ, абыкIи зэфIэкIыртэкъым Мысачэм и къалэныр - ар жыджэру хэтт Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым ири¬гъэ¬кIуэкI лэжьыгъэ псоми: тхакIуэхэм я парт организацэм и пашэу илъэс зыбжанэкIэ щытащ, ТхакIуэхэм я союзым и правленэм куэдрэ хэтащ, КъБАССР-м и Суд нэхъыщхьэм и заседателу илъэс IэджэкIэ зэрылэ¬жьам папщIи щытхъу тхылъхэр къыхуагъэ¬фэщащ. Ауэ а псом нэхърэ нэхъ гуапэу, нэхъ щхьэпэу абы ищIэу щытам лэжьыгъэ къудейкIэ фIэкIа уемыджэныр къуаншагъэ хъунт. Зи гугъу сщIыр творческэ щIалэгъуалэм ядэлэ¬жьэ¬нымкIэ, абыхэм ядэIэпыкъу¬ным¬кIэ, ахэр гъуэгу тэмэм тегъэувэным¬кIэ Мысачэ Пётр зэфIигъэкIыфу щыта Iуэхушхуэрщ. Езыми зэрипсэлъафэу щытащи, пцIыупс урихъуну си гугъэкъым, хыщI гъэхэм я пэщIэд¬зэм къыщегъэжьауэ адыгэ литературэм къыхыхьа дэтхэнэ усакIуэми тхакIуэми я творческэ гъуэгуанэр убзыхуа хъунымкIэ Мысачэм бгъэдэлъ фIыщIэмрэ пщIэмрэ зэи кIуэд зэримы¬Iэнур жыпIэми. Ар псом нэхърэ нэхъыфIу ящIэж хъунщ икIи ящыгъупщэжынуи къыщIэкIынкъым абы щыгъуэ автор ныбжьыщIэкIэ зэджэу щытахэу, иджы ди литературэм и дамэ лъэщ хъуа ди тхакIуэхэм, усакIуэ¬хэм, сыту жыпIэмэ цIыхум ищIа фIым кIуэд иIэ хабзэкъым...
«Къурш псынэмкIэ» ди литературэм лъагъуэ щыпхызыша (I955 гъэ) усакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэр иту дунейм къытехьащ тхылъ тIощIым нэс.
Къурш псынэ цIыкIуу ди литературэм къыхыхьа Мысачэм и творчествэм зиужь зэпыту, абы и дуней еп¬лъы¬кIэм зи¬хъуэжу, и гупсысэхэм я къуэпсым увы¬Iэ¬г¬ъуэ ямыIэу зэрызадзым я щыхьэтщ Пётр и усэ нэхъыфIхэр.
Си щхьэкIэ шэч къытесхьэркъым уфIэфIмэ, ахэр сыт хуэдэ тхылъеджэми я пащхьи илъхьэ, «Дерс», «Ныбжьэгъум», «НыбжьэгъуIэ», «Умыгъагъэ пасэу», «Сэтэней», «Иремыж вагъуэ» усэхэм хуэдэхэм уатемыукIытыхьыныр щыгъэтауэ, абыхэм ди лъэпкъ литературэм и пщIэр яIэт зэпыту зэрыщытынум. Апхуэдэу щIыжысIэр, пасэу дунейм ехыжа ди ныбжьэгъум къимылэжьа, хуэмыфащэ щытхъу хуэзгъэшыну аракъым, атIэ зи ныбжьэгъум щхьэкIэ: «хуабэщ и Iэр, апхуэдэм зыхэпщIэу, пфIэфIым, уи бгъэм телъхьи, гур егъэу» сатырхэр зи псэм къыбгъэдэкIа Мысачэ Пётр усакIуэ хьэлэмэту, уи гур зыкъуэмыпIыщIыкIын цIыху телъыджэу зэрыщытам и гугъу сщIы къудейуэ аращ. Апхуэдэ щапхъэхэр гъунэжу къипхыфынущ «Уэгу пкIэлъей» усэ тхылъым.
Сабиибзэ IэфIым балигъ псалъэ шэ¬щIакIэ зэрызихъуэжым зы¬къомкIэ ещхьщ усакIуэр прозэм зэ¬рыхуэкIуэ щIыкIэр. Хьэм щыхэсми зи гур хумкIэ гъэза ныбгъуэу, дэнэ щыIэми Пётр и псэр щылажьэр къыщалъхуа къуажэрат. И къуажэр, къыдалъхуахэр фIыгъуэм япищIу игъэфIэныр, уафэм нэскIэ иIэтыныр усыгъэ ма¬къамэкIэ къри¬гъа¬жьэри, а уэрэд дахэр тхакIуэ Мысачэм и прозэми пкъы быдэу щIэу¬ващ. Ауэ мыбдеж занщIэу къыщылъы¬тэн хуейщ дэтхэнэ зы цIыхуми езым къилэ¬жьыж уэрэдыр лъыгъэсыжын зэрыхуейр, емрэ фIымрэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, щызэIэпэгъу, ауэ лIэнкъэнэнуи зыщызэраупсей гъа¬щIэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм щхьэж хуэфащэ уэрэдыр зэрыхуэусып¬хъэр тэмэму къызыгурыIуэ тхакIуэу Пётр зэрыщытар.
Мысачэм и прозэр лъэщ, гукъинэж зыщIхэм ящыщ зыуэ жыпIэ хъунущ абы и рассказхэри повестхэри, тIысу къагупсыса мыхъуу, ахэр ди гъащIэм, ди адыгэ псэукIэм, зэхэтыкIэм я джэрпэджэжу зэрыщытыр. «Кхъужьейр мэгъагъэ» повестым хэт Мадинэт, «Псыхъуэ гуа¬щэм» щытлъагъу Къантемыр, Наурыз, Iэминат, «Лэчымэ», «Артисткэ», «Къуэ нэхъы¬щIэ», абы пызыщэ «Дадусэ и щIалэхэр», «БжьаIуэм» нэгъуэщI рассказхэми Iэпкълъэпкърэ псэрэ яхуэхъу лIыхъужьхэм хуэдэхэращ гъащIэр гъащIэ зыщIыжри дунейр зэтезыIыгъэри. Мы¬сачэм и къалэмыпэм къыщIэкIа повестхэмрэ рассказхэмрэ ди литературэм и ехъулIэныгъэхэм ящыщу къэплъытэ хъунущ.
КъыжыIэн хуейщ Мысачэм и творчествэм ущытепсэлъыхькIэ ар драматург лъэрызехьэуи зэрыщытар гу¬лъы¬тэншэу къэбгъанэ зэрымыхъунур. Петр и Iэдакъэм къыщIэкIа пьесэ нэхъыфIхэм («Псэм и щIасэр нэм фIэдахэщ», «Ар уд напэщ») къыт¬ра¬щIы¬кIа спектаклхэр Iэджэрэ щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал драмэ театрым.
Аркъудейркъым Мысачэм ди гъуазджэм, щэнхабзэм хуилэжьар. Абы адыгэбзэкIэ зэридзэкIащ тхакIуэ куэ¬дым зызрамыпщытыфын классическэ пьесэ зыбжанэ. Абыхэм ящыщщ Шекспир и «Пащтыхь Лир», «Жэщ епщыкIутIанэ», Мольер и «Тартюф», Шиллер и «Абрэджхэр», Островский Николай, Гамзатов Расул, Карим Мустай сымэ, нэгъуэщIхэми я пьесэхэр. Абыхэм къадэ¬кIуэу, абы куэду зэ¬рид¬зэкIащ Лермонтовым, Шевченкэ, Райнис, Есениным, Маяковскэм, Кулиевым, нэгъуэщI Iэджэми я тхы¬гъэхэр. Ахэри ди литературэ щэнхабзэм и пхъуан¬тэдэлъ мы¬кIуэ¬дыжу къы¬щIэнащ тхакIуэ гъуэзэджэм».