Кавказым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэр нэгум къыщIэгъэхьэгъуейщ лъэпкъ фащэхэр хэмыту. ЛIэщIыгъуэхэм къыпхыкIа фэилъхьэгъуэхэр ноби зэманым декIуу къагъэсэбэп, щIэупщIэшхуэ яIэщ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и дизайнер ныбжьыщIэхэм иджыблагъэ зи гугъу тщIы фэилъхьэгъуэщIэхэм хуэдэ Ставрополь утыку къыщрахьащ.
Ахэр къэзыгупсысар шэрджэс щэнхабзэм дихьэх, «Горец» цIыхубэ ансамблым и унафэщI Хьэгъэжей Елдарщ. Нэхъ ипэкIэ щIалэм «Hasa» зыфIища щыгъынхэр щигъэлъэгъуауэ щытащ Москва щекIуэкI «Урысей» выставкэми, Кърымрэ Мейкъуапэрэ щекIуэкIа зэхыхьэхэми.
ЩIалэгъуалэм иджы утыку кърахьа гъэмахуэплIэхэм бзэ зэхуэмыдэхэмкIэ щыIэ псалъэжьхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ тету ящIащ. Апхуэдэуи абыхэм «апсайклинг» жыхуаIэ Iэмалыр къагъэсэбэпри - щыгъыныжьхэм щIэ къахэщIыкIыжыныр - кавказ лъэпкъхэм я тхыпхъэщIыпхъэхэр тету джинс фэилъхьэгъуэхэр утыку кърахьащ. «Ставрополье» къэрал телерадиокомпанием нэтын щигъэхьэзырым Хьэгъэжей Елдар, Садыковэ Алёнэ, Вакуленкэ Янэ сымэ къыхагъэщащ.
Хьэгъэжейм и «Hasa Brand» цIэм щIэту, плIэ Iэщхьэ кIэщIхэмрэ плIэ хуабэхэмрэ къыдегъэкI. Абыхэм адыгэбзэкIэ псалъэ щхьэхуэхэр тратхэ.
- «Hasa Brand»-м 2018 гъэм и гъэмахуэм елэжьын щIэддзауэ щытащ. Ди дежкIэ пщIэшхуэт икIи мыхьэнэшхуэ зиIэт ди лъэпкъ фащэм зэманым декIуу зегъэужьыным хэлъхьэныгъэ гуэр тхухуэщIыныр. Япэу фэилъхьэгъуэ дгъэхьэзырахэм, чэтэн джанэхэм, адыгэ псалъэхэр тету тщIащ: мазэ, дыгъэ, гупсысэ, нэгъуэщIхэри. Фэилъхьэгъуэхэм Hug the Sun фIэщыгъэр еттащ, дыгъэм IэплIэ хуэщIын къызэрыкIыр дгъэкIэщIауэ аращ. Абы гупсысэ щIэтлъхьам и гугъу пщIымэ, узылъэмыIэсыну, мыхъуну къыпщыхъу Iуэхур ухуеймэ, зэрызэбгъэхъулIэфынурщ.
ЩIалэм и фэилъхьэгъуэхэр зыщатIагъэ нэхъ щIалэхэми хэкупсэу щыт нэхъыжьхэми. Апхуэдэу «Hatsibanа» брендымрэ (Щоджэн ФатIимэ къигупсысащ) «Hasa»-мрэ зэгъусэу къыдагъэкIа свитшотым хуэдэ и гуапэу зэригъэпэщащ адыгэ сурэтыщI Црым Руслъани.