Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм теухуауэ Налшык сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэIуахащ. СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щокIуэкI «Дунейр сабийхэм я нэкIэ» выставкэ-зэпеуэр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран, «ЦIыхубэ егъэджэныгъэмкIэ отличник» щIыхьыцIэр зыхуагъэфэща, сурэт щIынымкIэ щIэблэм я гъэсакIуэ цIэрыIуэ Ткаченкэ Андрей къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ.
Хабзэ зэрыхъуауэ, выставкэ-зэпеуэр Къэбэрдей-Балъкъэрым мы гъэм еханэу щокIуэкI. КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыхигъэщащ Ткаченкэ Андрей къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэкIуэкI зэпеуэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Гъэлъэгъуэныгъэм хэт дэтхэнэ ныбжьыщIэми фIыщIэ хуэфащэщ я Iэзагъэр къызэрагъэлъагъуэмрэ я зэфIэкIхэм зэреплъыжымкIэ. Сабийм и зэфIэкIым зэрызиужьым и къэхъугъэ дахэщ мы зэпеуэр. Абы и мыхьэнэм адэкIи хэхъуэу зэрыкIуэнум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ министрым.
Сабийхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуну, адэ-анэхэм фIыщIэ хуащIыну выставкэм зыкърагъэхьэлIащ КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ Зумакулов Борис, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор, КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Асанэ Алим, КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Уянаевэ Iэминат, благочиннэ Бобылев Валентин, Ткаченкэ Андрей иригъэджахэр.
«Дунейр сабийхэм я нэкIэ» выстаквэ-зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы къыхэжаныкIахэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэлъэпIащ. Ар къыщIыхалъхьам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр ныбжьыщIэхэр Хэку лъагъуныгъэм щIэпIыкIынырщ, я щIыналъэм и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ драгъэхьэхынырщ. Выставкэр мэкъуауэгъуэм и кIэ пщIондэ лэжьэнущ.
Апхуэдэу ягъэлъагъуэ «Стартум» егъэджэныгъэ центрым и художественнэ унэтIыныгъэм и гъэсэнхэм я лэжьыгъэхэр. «Стартум» егъэджэныгъэ центрыр къызэрызэIуахрэ накъыгъэм зы илъэс ирикъуащ. Абы инджылызыбзэ, франджыбзэ, китаибзэхэр щрагъэдж, сурэт щIыным, шахматым, гимнастикэм, ментальнэ арифметикэм, робототехникэм, блогингым, каллиграфием, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэм щыхуагъасэ, курыт еджапIэм щIэтIысхьэнухэр щагъэхьэзыр. Сабийхэм я дунейр къыщагъэлъэгъуащ художник ныбжьыщIэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэм.
Сурэт щIынымкIэ студием йокIуалIэ зи ныбжьыр илъэси 3-рэ ныкъуэм щыщIэдзауэ илъэс 12 хъухэр. Нэхъыбэу абыхэм я сурэтхэм къыщагъэлъагъуэр щIыуэпс къулеймрэ псэущхьэхэмрэщ. ЕгъэджакIуэхэр ирогушхуэ я сабийхэм яIэ зэфIэкIхэмрэ ехъулIэныгъэхэмрэ. Центрым и гъэсэнхэм я IэдакъэщIэкIхэр нэхъапэIуэкIэ щагъэлъэгъуащ «Новая высота» дзэ-патриот фондым къызэригъэпэща бгъэIэпхъуэ хъу «Арктикэ» выставкэм. А лэжьыгъэхэр Москварэ Мурманскрэ щагъэлъэгъуащ. Абы и жэуапу Мурманск и художник ныбжьыщIэхэм Кавказым траухуауэ ящIа сурэтхэр Налшык къашащ. А лэжьыгъэхэр Донецк, Луганск областхэм щагъэлъэгъуэну яубзыхуащ.