Пастернак Борисрэ Кулиев Къайсынрэ

        Мэкъуауэгъуэм и 4-р Кулиев Къайсын дунейм щехыжа махуэщ. Балъкъэр лъэпкъым и усакIуэ щэджащэм и усыгъэм дыхэджыхьыну зэдзэкIыгъэхэм Iэмал хъарзынэ къыдат пэтми, абы и цIыху щIыкIэри гу зылъытапхъэ, щапхъэ зытепх хъуну гуэру зэрыщытам и щыхьэту къоув Кулиевымрэ урыс усакIуэшхуэ Пастернак Борисрэ зэхуатхахэр. 
          «Пастернакрэ Кулиевымрэ илъэс куэдкIэ зэныбжьэгъуащ, - Iуэхум нэхъ куууэ щыгъуазэ дещI филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, илъэс куэдкIэ КъБКъУ-м щылэжьа, Кулиевым и гъащIэ гъуэгур зыджа Эфендиевэ Тамарэ. - 
Балъкъэрхэр Хэкум щрашам щыгъуи щыгъупщакъым Пастернак и ныбжьэгъур. Ахэр илъэсипщIым и кIуэцIкIэ зэхуэтхащ, Сталин и зэманым  ираша лъэпкъхэм щыщхэр къуажэ зыдэсым къыдэкIыну зэрыхуимытам щхьэкIэ къэмынэу. Кулиевыр Къыргъызым я тхакIуэхэм я Зэгухьэныгъэми, СССР-м я ТхакIуэхэм и Зэгухьэныгъэми къыхадзат, ныбжьэгъухэм я нэхъыбэм шынэурэ жэуап къратыжыртэкъым. Ауэ Пастернак къыхуэтхэм и мызакъуэу, Кулиевым къечэнджэщырт, езыр зэлэжь зэдзэкIыгъэхэри, и роман цIэрыIуэ «Доктор Живаго»-м и Iэрытххэри къыхуигъэхьырт. Кулиевым игу хигъахъуэрт Пастернак къызэригъэныбжьэгъум. «Си дамэм сытым дежи абы и Iэр телъу зыхэсщIэрт.  Азие Курытым дыщыщыIэм щыгъуи нэIусырт си деж абы и макъыр. Абы и псалъэхэм хуэдэ зыми тритхэфынутэкъым саугъэту къысхуригъэхь тхылъхэм. ПщIэмрэ нэмысымрэ сригъасэ зэпытт». Дунейм щехыжыну махуэхэр гъунэгъуу сымаджэщым щыщIэлъами, Кулиевым и Iэнэм Пастернак и усэ тхылъыр телъащ». 
           «Уи письмор къыщысIэрыхьам, Тбилиси къикIауэ си ныбжьэгъу Табидзе Тициан и щхьэгъусэр ди хьэщIэт, - къыхуетх Пастернак балъкъэр ныбжьэгъум. - Уи усэхэм макъкIэ сакъыхуеджэну сыхэтащ, ауэ къыщIэздзэху нэпсхэр зэран къысхуэхъурти, Еленэ Дмитриевнэ зэридзэкIа уи сатырхэр зэрыт напэхэр хуэсшийрт.  
Еленэ Дмитриевнэ жиIэр пэжщ, укъыщалъхуа махуэм птха усэмрэ сэ къысхуэптхамрэ я дахагъым гъунэ имыIэу телъыджэщ. Ауэ абыхэм иджыри ябгъурызогъэувэ «Пщыхьэщхьэм, уэшх къешхыу», «Мыпхуэдэу щытыну сыхуейщ», «Уэшх къызэрешхым сеплъу» жыхуиIэхэр. 
Хьэрып, перс усакIуэхэм я зэдзэкIыгъэ нэхъыфI дыдэу диIэхэми, Гёте ейхэми сызэреджам хуэдэу, Саади, Хайям Омар, нэгъуэщIхэм я усэхэри зэрыслъэгъуауэ, уи щапхъэхэмкIэщ газелхэр япэ дыдэу  къызэрысцIыхуар». 
      «МафIэ къызыпылъэлъ уи письмом щхьэкIэ фIыщIэ пхузощI, - дыкъыщоджэ Пастернак 1948 гъэм Къайсын къыхуитхам. - Сэри укъызэрысхущытым хуэдэ дыдэу сыпхущытыжщ. Уэ птеухуауэ гупсысэ гуэрхэр сиIэщ иджыпсту дыди бжесIэфыну, е сигу къинэжын папщIэ схуэтхыну, ахэр сэ сщыгъупщэжынукъым. Е мис, псалъитI-щыкIэ бжесIэнщ. Уэ сыт хуэдэ щытыкIэм уиту щытми, гуауэ нэгъунэ къыщыптепсыхам дежи, насыпыфIэу къэнэну къагъэщIа закъуэтIакъуэхэм уащыщщ. Пасэу е дунейм къыщытехьэкIэ, апхуэдэ цIыхум щэныфIагъыу, псэм и къулеягъыу е Iэпкълъэпкъ къарууэ зыгуэр къыIэрохьэ. Хуэмурэ, и хьэлыр къыдоIэпыкъури, абы шэч къытримыхьэжу и фIэщ мэхъу  дунейм нэгъэсауэ, гуитIщхьитI уимыщIу, пэжу тет псори зэрыфIыр, и гъащIэри зэрыщыту нэхъыфI зэрыхъуным треухуэ. Уэ къыбдалъхуа Iэзагъыр, дауи, куэд пхузэфIэкIыу текIуэныгъэм ухуэзышэну гъуэгущ. Ауэ аракъым талантыр телъыджэ зыщIыр. ЦIыхум и хэлъэтыр мы дунейм и сабий сурэтщ, дыцIыкIуу ди гум къралъхьауэ. Ар дерсылъэщ дунейр и кIуэцIымкIэ, нэхъ укъызэригъэуIэбжь лъэныкъуэмкIэ бджыным утригъэгушхуэу. Абы хахуагъми урегъасэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, псоми ди зэхуэдэ псэуныгъэ хьэлъэм псысэм хуэдэу телъыджэу напэм къыхихьэр къызэIуех. Зыгуэрым хуэIэзэ цIыхум ещIэ гъащIэр щынэхум деж нэхъыбэ зэрыпхузэфIэкIыр, кIыфIыгъэм абы кIэричым и инагъри зыхещIэ. Езым и гукъыдэжкIэ ар къимыкIуэту пэжым хущIокъу. ГъащIэм къыуит а кIэныр насыпыншагъэуи щытынкIи хъунущ, ауэ аракъым мыхьэнэ зиIэр. Уэ пшынэ IэпэфIым, шабзэшэ шэщIам и къарур пхэлъщ, ар тхъэгъуэщ. Арат бжесIэну сызыхуейр…»
ЧЭРИМ Марианнэ. 
Поделиться:

Читать также: