Граждан зауэмрэ адыгэхэмрэ

Революцэм и пэ къихуэу екIуэкIа зауэхэм, революцэ зэманымрэ абы и ужь къэралыр зыхэта граждан зауэмрэ адыгэхэр зэрыхэтар мащIэщ къызэрахутэжар. Совет зэманым и идеологием цIыхухэр зыщIипIыкIар зыщ: адрей лъэпкъхэми хуэдэу, адыгэ мэкъумэшыщIэ япIытIам зыкъаIэтри, пщыжь-уэркъыжь гъэпщылIакIуэхэр зыщхьэщадзащ. Зэрылъэпкъыу революцэ къэунэхуам пежьэри, зэран къахуэхъуну и ужь ита гъэпщылIакIуэхэм яхуэфащэу лъапсэрыхыр къыхуахьащ.

Адыгэм и тхыдэм щыщу мы напэкIуэцIхэр куууэ иджащ шэрджэс усакIуэ, журналист Бемырзэ Зураб. Абы зэрыжиIэмкIэ, совет властыщIэм пэщIэувахэр къызэрагъэлъэгъуэжыр мэзым щIыхьэжа бандэ гуп закъуэтIакъуэущ, къуажэхэм къыдыхьэмэ яхъунщIэу, «мэкъумэшыщIэхэм я насып» къэунэхуам зэран хуэхъуну и ужь иту.  Арами, кавказ лъэпкъхэм ящыщу, псом хуэмыдэу Совет властыщIэр зэрагъэува лъыгъажэм пэщIэувар,  дзэ хужьым лIыгъэкIэ, хахуагъэкIэ хэлъэщыхьар адыгэхэращ.

Илъэс 11 ипэкIэ Бемырзэм и Iэдакъэ къыщIэкIауэ щытащ граждан зауэм къриубыдэу дзэ хужьым адыгэ зауэлIхэр зэрыхэтам теухуа тхыгъэшхуэ.  ЯпэщIыкIэ гъэбелджылыпхъэщ а тхыгъэм лъабжьэ хуэхъуа Iуэхугъуэхэмрэ щхьэусыгъуэмрэ.

АтIэ, 1917 гъэм и кIэм Тэрч, Псыжь, Ставрополь хэгъуэгухэм дэужьгъащ кавказыдзэм щыщу (псом хуэмыдэу 39-нэ лъэсыдзэ дивизием) большевикхэм мурадыщIэхэм хуагъэуша дзэ Iыхьэхэр. Абыхэм я нэхъыбэм ящIэртэкъым зи ужь ихьа мурадым и пэжыпIэри, большевикхэм  ирахьэжьа зэхъуэкIыныгъэхэм я купщIэри. А  псор къагъэсэбэпу, зэманыщIэм «ириуэркъыну» арат я гугъар. Дауэ мыхъуами, а дзэ Iыхьэхэращ революцэм и жьыр къыздынэмыса Кавказыр «къэзыгъэушар», хьэлэбэлыкъ хэзыдзар, лъы гъажэмрэ зауэ лыгъэмрэ лъэпкъхэм къахэзыхьар.

Тхыдэм къыхэнэжащ адыгэ къуажэхэу Аскъэлей, Нэщыкъуей, Пэнэжьыкъуей, Шэнжий, Хьалъэкъуей, нэгъуэщIхэми большевикыдзэхэм лъапсэрыхыр къызэрыхуахьар. Аскъэлей къуажэм большевикхэм щызэтраукIауэ щытащ нэрыбгэ 305-рэ (ар къуажэм щыпсэум и щIылъэныкъуэм щIигъурт). Львов Николай и тхыгъэ «Свет во тьме» зи фIэщыгъэцIэм къыщыдгъуэтащ большевикыдзэм «яхъунщIа» адыгэ къуажэхэм я хъыбар: «Нэщыкъуей къуажэр большевикхэм яхъунщIат, зэбграхат. Къуажэм дэса щIалэгъуалэр зэрыщыту – нэрыбгэ 200-м щIигъу - зэхуахусри, зэтраукIащ. Былыми джэд-къази къамыгъанэу дахуащ, лIыжь-фызыжьхэм бгылъэхэм илъэдэжын къахудэхуащ. Хьэ щхьэрыуа мыхъумэ, зыри дэтыжкъым къуажэм.

Апхуэдэщ Пэнэжьыкъуей, Шэнжий къуажэхэри. Дэнэ дыкъыщымыувыIами, зэхэтхыр дзэ плъыжьым зэрахъунщIа, зэраукIа, лей зэрызэрахьам и хъыбарщ. Къуажэхэр апхуэдизкIэ яхъунщIащи, щIакхъуэ Iыхьэ дэбгъуэтэжынукъым. Большевикышэм къелахэр гъаблэм ехьыж…». Иужьрейуэ яхъунщIа Мансур и къуажэм къыщыдэкIыжым, мафIэ щIадзэри, зэтрагъэсхьауэ щытащ уIэгъэу къыдэнахэри езы къуажэри.

Ар кIахэ лъэныкъуэм къыщекIуэкIа къудейращ, мыдрей адыгэ хэгъэгухэми апхуэдэ къабзэу ирикIуащ большевикхэм я ажалыIэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псор зращIылIа адыгэ къуажэхэр дзэ хужьымкIэ еуэкIащ. Нэхъыщхьэжыр арати, яхъунщIа къуажэхэм  а зэманым дэстэкъым зи щхьэрэ зигурэ зэтелъу, Iэщэмрэ зауэмрэ хуэгъэса цIыхухъухэр, ахэр Кавказ дивизием  («Дикая дивизия» зыфIащам) хэтт. Абыхэм ящыщу къэзыгъэзэжахэми я къуажэхэм къращIылIар щалъагъум, властыщIэм пэщIэуващ сэшхуэ къихакIэ.

Врангелым итхыжауэ щытащ: «Адыгэ къуажэхэм большевикхэм лъапсэрыхыр къыхуахьат. Зы къуажэ закъуэм пщIы бжыгъэкIэ даукIыкIат цIыхухъу балигъхэр, иныкъуэхэри зэрыпсэууэ щIатIат. Къуажэм плъыжьхэр дэтхужа и ужь, къэдубыда гъэрхэр къуажэдэсхэм къахуэзгъанэри сыкъыдэкIыжащ. КонстантиновскэмкIэ дгъэзауэ дыздэкIуэм, дыкъыщызэплъэкIым, тлъэгъуащ къуажэдэсхэм апхуэдиз къезыщIылIа гъэрхэм зрадзу, зэрызэпкъратхъар». (Врангель П.Н. «Записки Т.1.-Минск, 2002. С.124.»)

Ар дыдэм етхыж КIахэ лъэныкъуэм и Куэшхьэблэ къуажэм деж лабэдэс адыгэ зауэлI гуп къазэрыкъуэувар. Абыхэм яIыгът нып удзыфэ, я унафэщIыр шызехуэ бэлыхь Щоджэнхэ я лIыжьт. А зэман дыдэращ черкес сотнэ къыгухьахэм ящыщ зым къамэ къыщыхуигъэфэщар. Абы щыщIэдзауэ, Врангелым адыгэ цей иригъэдри, зауэм хэтыхукIэ ар зыщихыжакъым, адыгэхэм кърата къамэри кIэрылъащ.

А зэманым Урысейм и ипщэ лъэныкъуэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм  хэта дзэ хужьым и джэлэс хъуар Кавказ дивизием къулыкъу щызыщIахэращ, псом хуэмыдэу адыгэ полкхэращ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ революцэ мафIэр къызыщIэна Петроградыр ирагъэункIыфIыжыну, большевикхэм къадэщIыну зи мурад дзэ полкхэр «ирагъэсабырыжыну» яутIыпщауэ щытар шэрджэс  полкырщ, арщхьэкIэ гъущI гъуэгум щылажьэхэм зыкъаIэтри, здрагъэжьам нэмысыфу полкым къигъэзэжауэ щытащ.

ЖыIэпхъэщ 1917 гъэм къэхъуа Февраль революцэм бгырыс лъэпкъхэм нэхъ пщIэ щызиIэу яхэт аристократхэр, уэркъ-лIакъуэлIэшхэр, интеллигенцэр мурадыфIхэмкIэ пежьауэ зэрыщытар. Ахэр гугъэт зэманыщIэм къахуихьыну зэхъуэкIыныгъэфIхэр я щэнхабзэм, экономикэм, лъэпкъ зыужьыныгъэм сэбэп хуэхъуну. А мурадхэр  игъэлъэлъэжащ Октябрь революцэм.  Абы зэрыпэщIэувэнум шэч гуэр къытрахьэу щытами, ищхьэкIэ зи гугъу тщIа лъыгъажэм гурыIуэгъуэ ищIащ  зи лъэныкъуэ яубыдыпхъэр. Жагъуэ зэрыхъущи, а псом теухуа тхыдэ Iыхьэр иущэхуащ совет властыщIэ къэкIуам, иужьрей илъэсхэм щымыхъукIэ, цIыхухэм хащIыкIакъым лъэпкъым и Iыхьэшхуэр граждан зауэм зэрыхэта щIыкIэм, революцэм пэщIэту лъэпкъым и къуэ пажэ куэд зэрыхэкIуэдам.

Дзэ хужьым и телъхьэу, большевикхэм япэу пэщIэувахэм ящыщщ кIахэ адыгэхэм къахэкIа черкес шуудзэ полкыр. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар революцэм и жьы гуауэр япэу абыхэм къазэрыщIихуаращ. 1917 гъэм и кIэхэм добровольческэ хужьыдзэ къызэрагъэпэщам куэду яхэтащ адыгэхэр: полковник  Кърым-Джэрий СулътIанрэ (Дикая дивизием хэта шэрджэс полкым и командиру щытащ)  ротмистр Улагай Кушыку сымэ я нэIэ щIэт дзэ пакIэхэмрэ. Ахэращ лъабжьэ хуэхъуар Псыжь лъэныкъуэм япэу къыщызэрагъэпэща Черкес шуудзэ полкым. Ар и нэIэ щIэтащ полковник Къылыш-Джэрий СулътIан.  А зэманыр къэзыхутэжа Волков С. зэрыхуигъэфащэмкIэ, полкыр къыщызэрагъэпэщар  1918 гъэм и гъатхэпэм (мартым) и 1-ращ. Апхуэдэ еплъыкIэр зытригъащIэр Шэнжий къуажэ и деж псыжьыдзэхэр щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжауэ зэрыщытаращ. Арами, нэгъуэщI тхыдэтх Венков А. зэритхыжымкIэ, черкес полкыр а зэманым хэтагъэхэт 1918 гъэм щIышылэм (январым) и 20-м Энем къуажэм деж советыдзэм иращIыла зауэм.

Куэд мыщIэу полкыр хагъэхьащ Корнилов и добровольческэ дзэм икIи хэтащ «Ледяной поход» зыфIаща Iуэхугъуэм. 1918 гъэм Кубань областым и Мейкъуапэ къудамэр дзэ хужьым  иубыда иужь, къызэрагъэпэщауэ щытащ 2-нэ черкес полкри. ТIури хэтащ  1-нэ шуудзэ дивизием. Тхыдэтххэр щигъэгъуащэ щыIэщ  2-нэ черкес полкыр къызэрызэрагъэпэщамкIэ унафэр нэхъ кIасэу – фокIадэм (сентябрым) и 10-м къызэрыдагъэкIам.

Беслъэней Гуащэмахуэ.

 

 

Поделиться: