СыщIалэу фигу сыкъивгъэнэжГъукIэ Маринэ КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм щеджащ, егъэджакIуэу мэлажьэ. ГъукIэр тхэн щIэзыдзэ ныбжьыщIэхэм щадэлажьэ «Шыхулъагъуэ» литературэ хасэм хэтащ. Абы и къалэмыпэм къыщIэкIащ тхыгъэ зыбжанэ. Маринэ и IэдакъэщIэкIхэр теухуащ нобэрей гъащIэм дызыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм. Iуэтэж «НэщанэуапIэ»… Арат выставкэм иужьрейуэ щагъэлъэгъуа сурэтым зэреджэр. ГъэщIэгъуэн Iэджэ ялъэгъуауэ, зыри щIэщыгъуэ ящымыхъужу къалытэ экспертхэри абы нобэ къыбгъэдэкIыжыфыртэкъым. ХьэщIэхэр сурэтым теухуауэ зэпеуэрт, щхьэж илъагъур жиIэрт. Зэ еплъыгъуэкIэ, адрей сурэтхэм яхэмылъу мыбы нэхъ лейуэ зыри иIэтэкъым. Ауэ, итIанэми, къару гуэрым уиIыгъым хуэдэу, абы зэ убгъэдыхьамэ, узыIэпишэрт. Сурэтым итт хъыджэбз щхьэц фIыцIэ. Ар унэкум ист, и нэгум нэщхъеягъуэшхуэ кърихырт. Пэшым унэлъащIэ гуэри щIэту плъагъуркъым. Ауэ гъэщIэгъуэныр нэгъуэщIщ: щхьэгъубжэ IухамкIэ шабзэхэр къыдэлъэтурэ, хъыджэбзым и щхьэщыгум къыщалъэтыхь. Сурэтым и бгъум, ар зыщIам и псалъэхэр цIыкIу дыдэу, хэплъагъукI къудейуэ тетхащ: «Сэ къысщохъу гъащIэм сринэщанэуапIэу. Абы и лIыгъэр здынэсыр къилъытэну хуей зэрыхъуу и шабзэхэр къызеутIыпщ…» Анастасие! АнастасиекIэ зэджэ сурэтыщIыр нобэтэкъым къыщыунэхуар. Абы япэ дыдэу и сурэтхэр щигъэлъэгъуам - илъэсибл ипэкIэ - илъэс тIощIым иту арат. Псоми яфIэгъэщIэгъуэну ар утыкум къихьат. Зыми ямыцIыху, ауэ зэчиишхуэ зыбгъэдэлъ сурэтыщI Iэзэм и лэжьыгъэхэм псалъэ куэд тражыIыхьат: хэти жиIэрт ар зи цIэр жыжьэ Iуну сурэтыщIу, хэти и лэжьыгъэхэр мыхьэнэшхуэ зимыIэу къыщIригъэдзырт. Ауэ нэхъыщхьэрати, гулъытэ гуэр хуамыщIу къыбгъэдэкIыжыртэкъым. Анастасие и лэжьыгъэхэр дуней псом къыщацIыху щыхъу дыдэм ирихьэлIэу, езыр кIуэдащ. Дэнэ зы гъэщIэгъуэн щыIэми къэзыхутэну зыфIэфI журналистхэр а Iуэхум куэдкIэ иризэгуэпырт. Дэтхэнэми Анастасие и щэхур къищIэну пIащIэрт. Хэти хамэ къэралхэм язым щыпсэууэ жиIэрт, нэгъуэщIми фадэм дихьэхауэ сымаджэщ гуэрым щилъэгъуауэ игъэIурт. Ауэ пэжыр зыт: илъэситI хъуауэ и нэгум зыри иплъатэкъым. УпщIэхэм кърахуэкI журналистхэм сэри сащыщт. Сэ иджы куэдрэ сигу къокIыж, хамэ цIыхухэм пэIэщIэ зищIу къуажэ пхыдза цIыкIум зи иужьрей махуэхэр щызыгъэкIуэну мурад зыщIа хъыджэбзыр къызэрызгъуэтыжар, абы и щэху си Iуэху зыхэмылъыр къэстIэщIу утыку къызэрислъхьар. Апхуэдэу сщыгъупщэркъым Анастасие къызжиIахэри: «ЦIыхубзым дахагъэм мыхьэнэшхуэ ирет. Сыт хуэдэ зэманми дыдэхэну дыхуейщ. Ныбжь къэс езым и фIыгъуэ гуэр иIэжщ, къыхэплъагъукIыфын хуейуэ аращ. Жьыгъэри дахэщ, щIалэгъуэм гу щыпхуа нэужь. Ауэ ущIалэу жьы ухъуамэ, ар гуауэщ». А псалъэхэр хьэкъыу зыпхыкIа хъыджэбзт Настя. Уз бзаджэ къыпкърыхьам и зэранкIэ зи дахагъэр ужьыхыу щIэзыдза сурэтыщIыр куэдрэ абы егупсысырт, нэпс Iэджи щIигъэкIын хуей хъурт. А псом щымыгъуазэ сэ, и теплъэкIэ къысхуэмыцIыхужу абы пцIы Iэджэ теслъхьэри, утыку къислъхьат. Си статьям зэритымкIэ, Настя куэд щIауэ щыIэжтэкъым, абы и пIэкIэ хъыджэбз мыцIыху гуэрым сурэт ищIурэ къыдигъэкIырт. Зэман дэкIа нэужьщ, сэ си щыуагъэр къыщызгурыIуэжар. Лажьэ зимыIэ хъыджэбз сымаджэм и иужьрей махуэхэм апхуэдэ псалъэмакъ зэрыхэзгъэтам сриукIытэжауэ, къысхуигъэгъуну мащIэрэ семылъэIуаи абы! Пэжщ, абы и пIэм ситамэ, сщIэртэкъым апхуэдэр схуэгъэгъуфынуми. Ауэ, ар сэри хэт нэхъри куэдкIэ нэхъ псэ дахэт, псэ къабзэт. Абы и гъусэу къуажэм щызгъэкIуа иужьрей мазэр игъащIэкIи сигу къинэжащ. Абы и лэжьыгъэхэм ухэсыныр, и псалъэхэм ущIэдэIуныр куэд и уасэт. Анастасие дунейм щехыжым къысхуигъэнащ зыщIыпIи щигъэлъэгъуэну хунэмыса сурэтхэр, зэгуэр апхуэдэ Iэмал сиIэ хъумэ, цIыхубэм я пащхьэ къислъхьэн хуэдэу. Иджы, мис, ар зэрыщымыIэжрэ илъэс дэкIауэ, Настя къызэрызгъэгугъа лъэIур согъэзащIэ. Сыт щыгъуи хуэдэу «Анастасие» цIэр зэрызэхахыу, выставкэм цIыху куэд кърихьэлIащ. Абыхэм я дежкIэ а сурэтыщIым и лэжьыгъэхэр щыIэху, езыри псэунут. Ауэ мы зэIущIэм езы сурэтыщIри зэ «къыщыпсэлъамэ» си гуапэти, микрофоныр къызощтэ. - Ди пшыхьым къеблъэгъа псоми фи пщыхьэщхьэ фIыуэ! Выставкэр щIэддзэн ипэкIэ зыфхуэзгъэзэну сыхуейт сурэтыщI Iэзэ Анастасие и тетрадхэм язым щитхауэ щыта псалъэхэмкIэ: «Дунейм дыкъыщытехьэм деж, ди гъащIэм и иужьрей дакъикъэхэм зи нэгу диплъэнур дэнэ къыщытщIэнур? Сэ сыкъапщтэмэ, ар къызэрызыщызгъэхъур мыпхуэдэущ: фIыуэ слъагъу псоми сыкъаухъуреихьауэ, си гум пэгъунэгъу цIыхухэм я нэпсыр щIалъэщIыкIыу щысу, къэзгъэщIамкIэ сыарэзыуэ сыпыгуфIыкIыурэ си нэхэр иужьрейуэ зэтеспIэжыну. Ауэ, узыхуейр щумыгъуэтамэ, гъащIэр зыплъыхьакIуэ зэшыгъуэм хуэдэ мэхъу. Абы хэлъыжкъым IэфIагъи, дахагъи, насыпи. Сэ къызэхъулIакъым сызыхуея псор… Зэман схурикъуакъым… Ауэ зыхуэзгъэгусэркъым гъащIэм. Ар мащIэми – IэфIт, «упсэу» щIыжысIэн дакъикъэхэмкIэ гъэнщIат. Аращ псом нэхърэ нэхъыщхьэр…Сэ сощIэ, иужьрейуэ си нэхэр щызэтеспIэжыну дакъикъэм си нэгум гуфIэ илъынущ. Ар къэщIэрэщIэжынущ, нур къыщхьэщихым узыIэпишэу щытынущ. Мис апхуэдэуи фигу сыкъивгъэнэж: сыдахэу, сыщIалэу!» Гъэлъэгъуэныгъэр щекIуэкI пэшым Iэгуауэшхуэ къыщыIуащ. Сэ къысщыхъурт мыбы фIэлъ дэтхэнэ зы сурэтми зи дахэгъуэу дунейм ехыжа хъыджэбзым и гуфIэкIэр къищу…
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 16:00 →
Лъэхъэнэжьхэм я джэрпэджэж
14.03.2025 - 15:05 →
Куэд елэжьащ
13.03.2025 - 14:12 →
Къару зыщIэлъ усэхэр
07.03.2025 - 09:58 →
Псэр и закъуэ къыщынэм деж
06.03.2025 - 11:44 →
ГъащIэ теплъэгъуэхэр
|