Сурэттеххэр зэпеуэнущ

Лъэпкъ IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм къызэригъэпэщащ сурэттеххэм я «Русская цивилизация» VIII дунейпсо зэпеуэр.  Ар екIуэкIынущ мэкъуауэгъуэм и 12-м щегъэжьауэ жэпуэгъуэм и 12 пщIондэ. Зэпеуэм лэжьыгъэхэр ирагъэхь хъунущ сурэт техыныр зи IэщIагъэхэми а Iуэхум дихьэххэми. Абы хэтынущ зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуахэр. Илъэс кIуам абы ирагъэхьауэ щытащ лэжьыгъэ 19 161-рэ.

Зэпеуэм унэтIыныгъэ зыбжанэ иIэщ. «ЩIыуэпс телъыджэм» («Уникальная природа») хеубыдэ дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым и щIыпIэ дахэхэм, цIыху мащIэ дыдэ фIэкIа зыщымыгъуазэ щIыпIэхэм, Урысейм и губгъуэхэм, бгыхэм, псыежэххэм, гуэлхэм, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмрэ къуалэбзухэмрэ, нэгъуэщIхэми трахахэр.

«ЦIыхухэр, лIакъуэхэр» («Лица и поколения») Iыхьэм хеубыдэ зыщыщ лъэпкъым и шыфэлIыфэ къэзыгъэлъагъуэ сурэтхэр. Абы къищ хъунущ зы цIыху, зыбжанэ е гуп.

«Къэралышхуэм щызекIуэ щэнхабзэхэр» («Традиции большой страны»). Мы Iыхьэм ирагъэхь сурэтхэм къищын хуейщ лъэпкъхэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ-щэнхабзэхэр. Псалъэм папщIэ, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр, хьэгъуэлIыгъуэм епха хабзэхэр къэзыгъэлъагъуэ, жьымрэ щIэмрэ я зэхущытыкIэхэр къызэрыщ лэжьыгъэхэр къэбгъэлъагъуэ хъунущ.

Сурэт зэпеуэр екIуэкIынущ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэ дахэр игъэбыдэу, зым и щэнхабзэр адрейм илъытэу ахэр къызэдэгъуэгурыкIуэным къыхуриджэу. Iуэхур тещIыхьащ къэрал лъэпкъ политикэр гъэзэщIэнымкIэ Урысейм и программэм. Зэпеуэм и къэпщытакIуэ гупым хэтынущ Урысейми дуней псоми щыцIэрыIуэ сурэтыщIхэр, сурэттеххэр, актёрхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр. Абыхэм къыхахынущ фIым я фIыжу къалъытэ лэжьыгъэхэр. ТекIуэныгъэ къэзыхьхэр Москва щагъэлъапIэнущ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу.

 

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться:

Читать также: