Зыми емыщхь хъэтI

 УсакIуэ телъыджэ, публицист, журналист Бещтокъуэ Хьэбас Къарней и къуэр 1943 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм къыщалъхуащ. КъБКъУ-м и филологие факультетым щеджащ, МКъУ-м журналистикэмкIэ и факультетыр 1968 гъэм ехъулIэныгъэ иIэу ­къиухащ. Зы зэманкIэ лэжьа нэужь, ар Москва аспирантурэм щыщIэтIысхьащ. Ар къиухри, Бещто­къуэр Налшык тхылъ тедзапIэм, къалэ библиотекэм щылэжьащ.
Бещтокъуэ Хьэбас илъэс 50-м щIигъуауэ адыгэ литературэр егъэбжьыфIэ. А зэманым къриубыдэу абы и Iэдакъэ къыщIэкIащ усэ тхылъ куэд: «Ракетодромхэр» (1969), «Розэм и чэзущ» (1973), «Адэжь щIыналъэ» (1978), «Нарт макъамэхэр» (1978), «Напэ» (1985), «ФIылъагъуныгъэ тхылъ» (1988), «Псым щхьэщыт жыг закъуэ» (1991), «Лирикэ» (1993), «Тенджыз Iуфэ гъуэгуанэ» (1998), «Дуней телъыджэ» (2003), «Бжьыхьэ дыщафэ» (2006), «Дыщэхурэ фIамыщIрэ» (2012). 2011 гъэм Хьэбас и усэхэр ­Къуий Лидэ адыгеибзэм иригъэзагъэри, Мейкъуапэ къыщыдэкIащ. «Чъыг закъу» - аращ тхылъым фIащар. Апхуэдэуи, 2009 гъэм «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ Бещтокъуэм и литературэ-критикэ статьяхэр щызэхуэхьэса «Анэдэлъхубзэм и псынащхьэ» тхылъыр. 1977 гъэм Москва дунейм къыщытехьащ «Красный всадник» усэ тхылъ цIыкIур.
Бещтокъуэр и зэфIэкI щеплъыжащ литературэм и жанр зэмылIэужьыгъуэхэм: лирикэм, лиро-эпикэм (усэу тха «Мывэ лъэхъэнэ» роман-мифыр), прозэм («УIэзэмэ - куэдрэ!» Iуэтэжыр), драматургием. Апхуэдэуи абы и гуащIэ хилъхьащ литературэ критикэмрэ публицистикэмрэ. КъищынэмыщIауэ, усакIуэм зрипщытащ нэгъуэщIыбзэкIэ ятха тхыгъэхэр зэдзэкIыным икIи ар къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ. ЦIыкIухэм папщIэ абы зэридзэкIащ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм (инджылызхэм, шотландхэм, португалхэм, хорватхэм) я таурыхъхэр («Джек насыплъыхъуэ зэрыкIуар», «Дреглин Хогни Иныжьыр», «Жьындур ишхащ», «ШейтIанымрэ зауэлIымрэ», нэгъуэщIхэри), Шекспир Уильям и «Пащтыхь Лир» тхыгъэ цIэрыIуэр.
Бещтокъуэм и IэдакъэщIэкI нэхъыфIхэм ящыщщ критикэми литературэ щIэныгъэми увыпIэшхуэ щызыубыда «Мывэ лъэхъэнэ» роман-мифыр. Лъэпкъ литературэм и хэлъхьэныгъэ хъуащ абы и драматургие тхыгъэхэр: «Имыс», «Нэсрэн ЖьакIэ» (1983-1986), «КхъуафэжьейкIэ хым зэпрысыкIхэр» (1986-2004), «Истамбыл къикIа джэду» (2004-2005); IыхьитIу зэхэлъ «Сэроробот» (1992-1995) поэмэр.
ЗэфIэкI ин зыбгъэдэлъ Бещтокъуэ Хьэбас лъэпкъ литературэр зыгъэбейщ, ар ипэкIэ зыгъэкIуатэщ. Нэхъыщхьэращи, усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIа, гупсысэ куукIэ гъэнщIа и тхыгъэхэм лъэпкъ, анэдэлъхубзэ, хэку гупсысэхэр щыпхышащ. Усэр фIыуэ зылъагъухэм ягу, я псэ дыхьэ, щIэщы­гъуэ ящыхъу, зыми емыщхь хъэтIкIэ адыгэбзэ дахэр абы зэригъэшэрыуэр хэплъхьэжмэ, Бещтокъуэ Хьэбас езым хуэдэ усакIуэ уигъэлъыхъуэнщ!

ТекIужь  Заретэ.

Бещтокъуэ Хьэбас
Адыгэ уситI

I

Уэ уадыгэщ, дэнэ ущымыIэми,
Дунейр уи мылъкуми, зы апэсы уимыIэми,
Уэ уадыгэщ - уи лъахэмкIэ еплъэкI,
ЕплъэкIи, хуэщIэ къыумыгъанэу плъэкI.

Уэ уадыгэщ, зи гур уз уи лъапсэм
И теплъэм дэнэ къикIри зрегъэхъуапсэ,
Къехъуапсэм ищIэркъым ди щIыр зыщIыр пшэр:
Лъы ящIэтарщ дядэжь, зытахэм псэр.

Уэ уадыгэщ. Ермоловым, щIыгъуахэм
Щысхьрабгъу ямыIэу зи лъыр ягъэгъуахэм
УраIыхьлы-лыджанэщ, улIэужьщ,
УпсэухункIэ ахэри псэунщ.

ЛъызащIэщ, гуауэщ адыгэм диIэр тхыдэу,
Нэхъ мащIэ дефэу, нэхъ мащIэуи дышхыдэу,
ЗыкъэзыщIэж ди лъэпкъым хуэщхьэпэн
Хуэдлэжьмэ, хэкум псэуэ къыхэнэнщ.

II
Ди къуэпсыр куущ, ди тхыдэри лъы защIэщ,
КъэткIуа гъуэгуанэм къытхинэжари мащIэщ,
ИтIани, псэуныгъэ - мурад гуащIэр
Адыгэ хэкум ену хуэлэжьэху,

Уэрэду, щIакхъуэ Iыхьэу, гъатхэ псыпэу,
ЩIэныгъэм ич лъэбакъуэу, е псэупIэу,
Сабий щыгъыныр зыгъэбыдэ дыпIэу
Ди шэрджэс гъащIэм ныхэтлъхьэхукIэ Iуэху,

Хьэршым кIуэжахэм я псэр нэхъ зэгъэнущ,
Къызыхуеплъых ди гъащIэр нэхъ гъэгъэнущ,
Псэум ди къалэн тэмэмри арагъэнущ.
Дехуэхыу - ди псэр хьэршым изэгъэху.

Адэжь щIыналъэ

Адэжь щIыналъэ, уи налъэ хремыху,
Псэуху уи зы псэ гуауэ хремыхуэ.
ЩремыцIантхъуэ уи зы бын псэуху
ЗэлIалIэ гъащIэу махуэ къэс яухуэм.

Адэжь щIыналъэ, ухъу уи гъащIэр кIыхь,
Уи дыгъэм махуэ къэс уи жыгхэр щIэфу.
Ущыхуей махуэ - дурищхьэузыхьщ,
ДуриIумэтщ, телъыджэ пхуэдмыщIэфми.

Адэжь щIыналъэ,- дыносри - дыпщIалъхьэж,
Нэхъапэ щыIэ зи бгъэкIэ узыпIым?!
Хъуэхъубжьэу усэ сIэту сыноджэж,
Уэ уи сурэт къытридзэу си Iэ щIыбым.

Адэжь щIыналъэ, уи налъэ хыремыху,
ЦIыху гъащIэу зепхьэ хыремын насыпым,
КъыпщIэхъуэ щIэблэм уи къуршыр  ялъагъуху,
IуэхущIафэкIэ лъэIэсу уэ уи псыпэм!

Адэжь щIыналъэ, лъагапIэщ щIы хъурейр,
Адэжь щIыналъэу лъагапIэм и лъагапIэ!
ЕкIуэкIмэ дахэу, хуиту уи дунейр,
УэрэдкIэ дыухынщ ди гъащIэ лъапIэр!

*   *   *
Бахъсэн аузыр мазэм и Iу бахъэм
Хэджэрэзащи, мэпIейтей Бахъсэн.
Къызбруныжь пшэ джанэ зыщетIагъэ, -
И гугъэу дыгъэр зригъэхъуэпсэн.

Апхуэдэ джанэ дыгъэм зрипэсрэ?
Джылъ мыдарийуэ зыриIусэн:
Нэхущ къэсыху зы джанэ плъыжь егъэсри,
ПцIанабзэу зыкъыхедзэ ди Бахъсэн.

Си лъагъуэ

Си нэхунэ, си гукъуэпс, си лъагъуэ,
СыкъэкIуащ аргуэру сэ уи дей,
Ауэ фIыуэ слъагъур птезмылъагъуэ,
ЩIэспщытыкIми сакъыу уи сэтейр.

Мис - иджыри жыгхэр уэ уи жьауэщ,
Пщащэм Iущэщэныр ямыух,
Ауэ фIыуэ слъагъур къыспежьауэ
Ахэм сэ къызжаIэу зэхэзмых.

Дэнэ, сигу сымаджэ, уздэпIащIэр?
Ба хуэпщIыну хэт зызыхуэпшийр?
Гъатхэ кIуауэ, пIэщIэкIащ уи пщащэр,
Арщ ерыщу сэ ущIэзущийр.

Си нэхунэу, си гукъуэпс, си лъагъуэ,
СыкъэкIуат аргуэру сэ уи дей,
Ауэ фIыуэ слъагъур щIэзмылъагъуэ
Ди дэлэлу щытыгъа жыгейм.

*    *    *
Изолъхьэ сигу сынэмыкIуэну,
- СыкIуэнкъым, - жысIэурэ сыщIокI.
БлокI зы тэлаи, сэ аргуэру
Уи деж сыщыIэу къысфIыщIокI.

ЖызоIэ быдэу: сынэсынкъым.
Сыносри - сыкъэкIуэнкъым фIэкI.
Зы дакъикъитху нэхъ сыщысынкъым,
Сигу ислъхьэм хъурэ сэ сыфIэкI!

Ущызмылъагъуи ущыслъагъуи -
СигукIэ узгъафIэурэ сыщос.
Апхуэдэу фIыщэу узолъагъури,
Сэ укъэсшэнуи сыныпщосхь.

Си дахэкIей

Уджыр къыбогъажьэ,
Сигу и щэху къозгъащIэу,
Нэр зыхуэзгъэплъыз, си дахэкIей.
Жэщыр хэкIуэтами,
Мазэр хэкIуэдакъым,
Вагъуэ нитIкIэ зэ къысхудэплъей.

Пшынэ Iэпэр лъаIуэу,
Пшынэ гъуагъуэр щатэу,
Уи Iэм хуэжыIэщIэу къыдолъей.
Си нэм укъеплъакIуэу,
Сигу илъ псор къэпщIатэм,
Си псэр псэхужынт, си дахэкIей.

Хышхуэ лъагъуныгъэр
Къэукъубеяуэ
Си гур, кхъуафэжьейуэ, кърехуэкI.
Дуней сызытетыр
Схуэмыгъэбэяууэ
Уэ сызэрыпщыщIэр къызеIуэкI.

Уджыр уогъэкIащхъэ,
Си гур зи гъэр пщащэм
Къыпхуэзэш плIанэпэм уогъэзэж.
Уи Iэр соутIыпщыжыр,
Соплъми - умыжыжьэ,
Ауэ шэчыгъуейуэ согъэзэж.

Си Хэкум

Ухунэсакъым уэ къэплъхуну Гёте.
УхущIыхьакъым уэ къэплъхун Шекспир.
Насып щигуэшым щыгъуэ Алыхь дотэм,
Къуитат насыпу щыIэм я нэхъ ткIийр.

КъухьэпIэ пшэплъу, уи щIым телът мафIэсыр,
КъуэкIыпIэ пшэплъу, ипIэрт уилъкIэ щIыр.
Уи Iуащхьэмахуэ дыгъэр ныпу фIэлъу,
ИтIани гугъэм я нэхъыфIыр пщIырт.

Бэлыхьым, къуршу, уи плIэр къыдихуами,
Пщхьэрыхуу пыIэ, уи щхьэр мылъэхъша.
Шэм я нэхъ пщтыр и натIэм къытехуами,
Хуэпэжт уи мывэм уи бын мэхъэшар!

Къыумылъхуфами Гёте - ар къыпхуадэ,
Шекспир къыпщIэмыхъуами - къыпхуагъэгъу.
Ауэ уэ нобэ къыпщIэжа къуэпс-хадэр,
Си хэку, нэмысу игъуэ, умыгъэгъу!

Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ