Хьэлий и жыгИлъэс блыщIрэ тхурэ зи ныбжь лIыжьыр гъуэгубгъум щыт жыгым и лъабжьэм кIэщIэсу нэху къекIат, и мэл тIэкIур къуэрылъхум иригъэхужри. Гъуэгу напщIэм тет жыгхэр, я фIагъымрэ я дахагъэмрэ къамылъытэу, ирахырт. Ар Хьэлий и псэм темыхуэу, езым и щIалэгъуэм, езым хуэдэхэр и гъусэу, храгъэса жыгхэм нэхъ бэлацэ цIыкIуу хэта дамыгъэ зытрищIауэ щытар иримыгъэупщIыкIын папщIэ, абдежым нэху щигъэщат, къуажэ администрацэм и унафэщIыр къыщыбгъэдыхьам. - Сэлам алейкум, Хьэлий! - жиIэри, къыбгъэдыхьащ къыIухьар. - Уалейкум сэлам, Былухэ я къуэ! Къеблагъэ си щIалэгъуэм хэссауэ, иджы ифхыну мурад фщIа жыг дахэшхуэм деж, - ауан гъэпщкIуа хэлъу зыхуигъэзащ администрацэм и унафэщIым, занщIэуи, къыIухьар имыгъэпсалъэу, къыпищащ: - Сэ сыпсэууэ уэ мы жыгыр ипхынкъым, Тхьэм жиIэмэ! Уэ дунейм укъытехьэныр я пщIыхьэпIэ къыщыхэмыхуэм, уи адэр си классэгъуащ. Абырэ сэрэ мы жыг ивупщIыкIахэмрэ сызыкIэщIэсымрэ хэтсат, нэгъуэщI ди ныбжьэгъухэри ди гъусэу. Мы къезгъэлам дамыгъэ тездзауэ щытащ, уи адэр си щыхьэту. Мис, уи фIэщ мыхъумэ, еплъ къызэрытещым. Укъэзылъхуамрэ сэрэ, адрей ныбжьэгъухэри тщIыгъуу, мыбдежым Iэджэрэ дыкIэщIэсащ. Мес дэркIэ лъапIэ мо тетIысхьэпIэм дытесу нэху къыщыттещхьаи къэхъуащ. Иджы си жьы хъугъуэм сыкъыкIэщIэнэжауэ сыкIэщIэсщ, махуэкIэрэ си мэлхэр си гъусэу. Жэщри щыдэзгъакIуэ щыIэщ. Иджы ар уэ ипхыну яужь уитщ! - Хьэуэ... хьэуэ, Хьэлий дадэ, узэрыхуей дыдэм хуэдэу тщIынущ! Уэрауэ сщIакъым, «Жыгыжь закъуэ къэнар ирыдимыгъэхыу лIы гуэр кIэщIэсщ» жаIэу, лэжьакIуэхэр ныщыкIуэжам. КъызгурыIуамэ, сыкъэкIуэххэнтэкъым! Къысхуэгъэгъу! ФIы зыкъришэжщ, гуапэу къепсалъэри IукIыжащ унафэщIыр. А псэлъэмакъым иужькIэ, Хьэлий зыми и гугъу къищIыжакъым. Жыг баринэшхуэм деж и мэлхэр щигъэхъуу, и лъабжьэм щIэт тетIысхьэпIэм езыри къыбгъэдыхьэхэри щетIысэхыу, къыхуэна и гъащIэм щыщ илъэсхэр ихьащ…
Поделиться:
Читать также:
15.01.2025 - 19:22 →
Iуащхьэмахуэ къыщыщыща хакIуэ
09.01.2025 - 15:48 →
Лъагъуныгъэ
28.12.2024 - 12:38 →
Жьапщэ
28.12.2024 - 10:31 →
Лъагъуныгъэ
23.12.2024 - 15:48 →
Лъагъуныгъэ
|