Тхылъхэр фIыуэ зылъагъухэм папщIэ, ар тхуэзытххэм, къыдэзыгъэкIхэм яхуэгъэзауэ илъэс епщIанэ хъуауэ Мэзкуу щокIуэкI тхылъ фестивалрэ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэ фестивалрэ. Мы илъэсым ар техуащ мэкъуауэгъуэм и 6 - 9-нэ махуэхэм, курых хуэхъуари урыс литературэм и классик Пушкин А.С. илъэс 225-рэ зэрырикъурщ. Урысеймрэ Белоруссиемрэ щыщу тхылъ къыдэзыгъэкIыу 400-м я лэжьыгъэ щыдолъагъу мы зэIущIэм. Ди республикэм щыщу махуэшхуэм ирагъэблэгъа Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыщIэм теухуа зэIущIэри Ут плъыжьым щригъэкIуэкIащ.
УсакIуэ, драматург, журналист, жылагъуэ лэжьакIуэ, УФ-м и ТхакIуэхэм, журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, Абхъаз Республикэм и тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт, КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ щIэджыкIакIуэхэм ди пащхьэ кърихьащ тхылъыщIэ. «Iуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романыр Заринэ и япэ прозэ тхылъщ, жанркIэ «магический реализм» жыхуаIэм иту балигъхэм папщIэ тхауэ аращ.
ЖыпIэнурамэ, зэIущIэр хуабжьу гъэщIэгъуэну екIуэкIащ. Адыгэбзэ макъ дахэкIэ еблэгъахэм гуапэу зыкъытхуэзыгъэза Заринэ пэублэ псалъэхэр иуха нэужь, урысыбзэм хуэкIуащ, нэгъуэщI лъэпкъхэм щыщхэми мыбы зыкърагъэхьэлIати. Илъэсищ хъуауэ Заринэ зытелэжьа тхылъым гупсэхуу къытхутепсэлъыхьащ. Абы и псалъэхэм къызэрыхэщащи, романым лъабжьэ хуэхъуар цIыху псэукIэ-зэхэтыкIэмрэ къыдэкIуэ Iуэхугъуэхэмрэщ. Мэгъугъэмрэ пэжыгъэмрэ (магиемрэ реализмымрэ) зэхэзыухуанэу щыIэмрэ къэхъуамрэ зэзышалIэ, блэкIамрэ нобэреймрэ зы зыщI, лIахэмрэ псэухэмрэ зэIузыгъащIэу тхакIуэм уедэIуэныр куэд и уасэт. Романыр щIэщыгъуэ ищIын папщIэ, щIэджыкIакIуэхэм яр яфIэгъэщIэгъуэну яджын щхьэкIэ тхакIуэм къигупсыса сюже- тым хэт лIыхъужьхэр зыхэпсэукI гъащIэр ирепх нэгъуэщI дунейм, мэгъугъэр къегъэсэбэп. Тхылъыр урысыбзэ, тыркубзэкIэ зэрызэрадзэкIам дыщигъэгъуэзащ Къаныкъуэм. И бжыгъэкIэ 300 хъууэ къыдэкIа тхылъыр цIыхухэм зэбграхащи, къытрагъэзэжу къыдагъэкIыжыну я мурадщ. КъыдэкIуэтей щIалэгъуалэм папщIэ абы итха фэнтези жанрым ит трилогием теухуауэ гупсы-сэу иIэхэми дыщигъэгъуэзащ Къаны- къуэм.
ЗэIущIэм хэтахэм упщIэ зэхуэмыдэ-хэмкIэ зыхуагъэзащ Заринэ. УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Родинэ Викторие, Адыгэ Республикэм щыщу ФедерацэмкIэ и Советым хэт Хъуэпсырокъуэ Мурат, бзэр зыдж институт зэхуэмыдэ-хэм я егъэджакIуэхэр, Мэзкуу щеджэ студентхэр, абы дэс адыгэхэм я хасэм и лIыкIуэхэр, журналистхэр, цIыху къызэрыгуэкIхэр зыщIэупщIа псоми Заринэ фIэщхъуныгъэ хэлъу, гупсысэ щIэлъу, гуапэу жэуап зэраритам сигъэгушхуащ. Щыхьэт сызытехъуар аращи, фестивалым щыуауэ, гъуэщауэ зы цIыхуи ирагъэблэгъакъым, абы и щапхъэщ Зари-ни и Iэ щIэлъу игуэша тхылъхэр гуфIэжу къащтащ цIыхухэм. Тхылъым дэщIыгъуу тыгъэ дэтхэнэ зыми яхуищIащ Къаныкъуэм. Ар «Iуащхьэмахуэ, Махуэгъэпс» романым езы Заринэ къеджэжу едаIуэ зэрыхъуну аудио щIыкIэрщ. ЕдэIуэну хуей дэтхэнэми апхуэдэIэмал щигъуэ-тынущ интернетым.
ЗэIущIэм хухаха зэманыр напIэ дэхьеигъуэт,апхуэдэу удэзыхьэхыу екIуэкIати. Удз гъэгъахэр зыIэщIалъхьа Заринэ куэдрэ ямыутIыпщыжу яIыгъащ къеблэгъахэм. ЦIыху гъэса, адыгагъэр зи гъащIэ гъусэ,адыгэ хабзэр зи бзыпхъэ, макъыбэу зэрылъэлъу псалъэ, теплъэ дахащэ зиIэ, зи гупсысэхэр телъыджэ, зи адыгэбзэм удихьэх Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыр «Адыгэ псалъэ» га- зетым и щIэджыкIакIуэхэми щIэщыгъуэ фщыхъуну согугъэ.