Лермонтовым теухуауэ дымыщIэ гуэрхэр

  Дызэрыт илъэсым Кавказ дунейр урыс литературэм пщIэ пылъу хэувэным хэлъхьэныгъэ нэхъ ин хуэзыщIахэм яз усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил и илъэс 2I0-р ягъэлъэпIэнущ. Игъуэу къэтлъытащ абы и гъащIэ гъуэгур зэфIэувэжыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, усакIуэм ди щIыпIэм щрихьэкIа зэманым нэгъуэщIынэкIэ уезыгъэплъ, КъБР–м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Щоджэн Хьэутий и тхылъу «I837: Тайны странствования Лермонтова по Кавказу» зыфIищам. 
Кавказым щыщхэм, адыгэхэри яхэту, Лермонтовым теухуауэ ятххэм нэхъыбэу къыхагъэщыр зы гупсысэщ: усакIуэр XIX лIэщIыгъуэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэм пащтыхь къэралыгъуэм и зауэлIу хэтами, и нэгу щIэкIар цIыхугъэ хэлъу къызэри-гъэлъэгъуэжар. Езыр илъэс 27-кIэ фIэкIа зэрымыпсэуам хуэдэу, усакIуэ щIалэм ди блэкIам и сурэт пэжыр псалъэ шэрыуэкIэ тхыдэм къыхинащ. Ар мащIэкъым, дауи. Ауэ ди лъэпкъым емыпха гъащIи зиIа Лермонтовым гулъытэ нэхъыбэ хуэмыфащэу пIэрэ?! А упщIэм и жэуапу пхужыIэнущ Щоджэн Хьэутий гурэ псэкIэ фIыуэ илъэгъуа усакIуэр щIэрыщIэу къыщыдигъэцIыху и IэдакъэщIэкIыр. 
 Тхылъыр щIэщыгъуэу зэхэлъщ. Зы лъэныкъуэкIэ, ар цIыхушхуэхэм я гъащIэ гъуэгум дэхуа махуэ, мазэ, сыхьэт бжыгъэ гуэрхэр щрырагъэкъуж тхыдэ лэжьыгъэм ещхьщ. Ауэ тхыгъэр усакIуэм зэрытеухуам литературэр щхьэхуэу къэбгъэнэну Iэмал къыуитыркъым, уеблэмэ, удихьэхыу укъезыгъаджэ щхьэусыгъуэхэм ар япэ итщ. Адыгэм зэритхам къыхэкIыу, япэ къэщтэгъуэм къэплъыхъуэр уи лъэпкъэгъухэм ятеухуа гукъэкIыжщ. Апхуэдэ гуэрхэм ущрихьэлIэу щытми, узыщымыгугъа куэди зэхыуегъэх Щоджэным. 
 Лермонтовыр Кавказым япэу къыщагъэкIуа I837 гъэр щапхъэу къещтэри, гулъытэм щымысхьу, Щоджэныр усакIуэм и гъащIэ гъуэгум ироплъэ, апщIондэху зи гугъу ищIым хуэмыфащэу кIэрыпщIа еплъыкIэ пхэнжхэр зэрегъэзэхуэж.
 НапэкIуэцI щитхум нэблагъэ монографиер Iыхьэ пщыкIузу гуэшащ. Псалъэм папщIэ, «Иван Васильевич пащтыхьым теухуа…» зи псалъащхьэ Iыхьэм зи гугъу щищI «Калашников сатуущIым теухуа уэрэдым» ехьэлIауэ тщIэм фIыуэ зыщрегъэубгъу. Мыхьэнэ дахэ иIэу зэхэлъхьа хъуа а усэ кIыхьым и гугъу щащIкIэ, нэхъыбэм ар Гуащэнэ и гъусэу пащтыхь Грозный Иван и деж къулыкъу щызыщIа Идар Темрыкъуэ и къуэ Мамсрыкъуэ ирапх. Ара къыщIэкIынщ адыгэлIыр лейзехьэу къызыхэщ поэмэр дигу ирихьми, фIыуэ щIэдмылъагъур. Хьэутий апхуэдэ Iуэху еплъыкIэр зэгъэзэхуэжа хъуным фIыкIэ щыхоIэбэ мы тхылъым. Езыр зыкIэлъыплъа тхыгъэхэм япкъ иткIэ, абы къыджеIэ, япэрауэ, Лермонтовым и поэмэм лъабжьэ хуэхъуар нэгъуэщI хъыбару зэрыщытыр. ЕтIуанэрауэ, Мамсрыкъуэ гум зэрыдэмыхьэн шыфэлIыфэм ирагъэувэу хузэхалъхьа урыс лъэпкъ уэрэдыжьыр къихь пэтрэ, тхакIуэм укъуэдияуэ пхегъэкI ар зэхэзылъхьахэм лъэпкъхэр щIызэпэщIэувэн щхьэусыгъуэ къызэраугъуеям ищIыIужкIэ, зрапх къэхъукъащIэри щыуагъэншэу къызэрамыIуатэр. Апхуэдэ щIыкIэу Щоджэным зэуэ Мамсрыкъуэ еухеижри, ар зэрыщытар нэгъэсауэ зи нэгу щIэмыт дэри Iуэхум нэгъуэщI зыгуэру дрегъэгупсыс. 
 ЩIэщыгъуэу уоджэ щIэныгъэлIым «Ди зэманым и лIыхъужь» повестым хэт Бэлэ къызыхэкIа кавказ лъэпкъым теухуа зэдауэхэм кIэ зэрырит тегъэщIапIэхэми. Хахуагъ ин хэлъу Щоджэныр топсэлъыхь Лермонтовыр фIыуэ зылъагъу тхылъеджэхэм усакIуэр я нэгу къызэрыщIэувэ щIыкIэм пхъашэу теIэзэщIыхьа «цIыхугъэ» щхьэхуэхэм. ЗэрыбкIэ къэщыпауэ зэджэ дэтхэнэ тхыгъэми игъэщхьэрыуэ куэд зэрыщыIэр нобэрей хъыбар зэIэпыхыпIэхэм ди нэгу щIагъэкI. ЩIэныгъэлIым и Iуэхур нэхъ гугъужщ: ар зэлэжьыр къэралым тридза тхылъщ, итыр пэжрэ пцIырэ езыр-езыру зэхигъэкIыжын хуейуэ. БлэкIа зэманым утыку кърахьа, «гукъэкIыж» зыфIаща, пщIэ зиIэ тхылъхэм ихуа тхыгъэхэм зэхэдзыкIэ ткIийкIэ ябгъэдохьэри, Хьэутий щыхьэт псалъэхэри, акъылым узыхуишэхэри, бгъэдыхьэкIэ нэхъ узыншэ зиIэхэм я жыIэгъуэхэри зэпилъытурэ, Лермонтовыр теплъаджэу, цIыху мыхьэнэншэу щыта хуэдэу зыгъэIуахэм къытрагъэуа фэ мыщIагъуэр кIэрегъэкъэбзыкIыж.
 «Шэч закъуи хэмылъу, гузэвэгъуэ дыдэщ, я дзэ мышу, урысей щIэныгъэм апхуэдэ напэкIуэцI хьэдэгъуэдахэхэр хагъэхьэныр къабыл зэращIыр, Лермонтовым тетхыхьу къызэрекIуэкIам и фIыгъэкIэ зыхуэмыныкъуэIауэ зи гъащIэр езыхьэкIа литературэ щIэныгъэлIхэм усакIуэм и пщIэр яIэтыжын, захуагъэр трагъэкIуэн папщIэ зызыгъэхъеин къазэрыхэмыкIыр», - гупсысэ хахуэ къыщегъэнаIуэ Щоджэн Хьэутий «Напэ зимыIэ цIэимыIуэм усакIуэм трилъхьа пцIыр» зыфIища Iыхьэм. 
 Зэрыхъу хабзэу, щIэныгъэ Iуэхум хыхьа псоми лъагъуэ гуэр пхаша нэужь, абы псом нэхърэ нэхъыфIу хащIыкIыу залъытэжу хуожьэ. ЩIэныгъэлIыр и цIэм хуэфащэу щыщытым деж ар Iуэху щхьэпэщ. Ауэ нэхъыбэм дэтхэнэ зыри хьэл пыухыкIа, гурей-гурыфI зиIэ цIыху къызэрыкIуэу къыщынэкIэ, цIыху цIэрыIуэм и гъащIэ гъуэгу апхуэдэхэм зэфIагъэувэжар лъэныкъуабэ мэхъу. Армырауэ пIэрэ и щхьэусыгъуэр Щоджэн Хьэутий Лермонтовым и къекIуэкIыкIамрэ и IэдакъэщIэкIхэмр э зыджхэм ящыщу зи цIэр нэхъ Iуа Андроников Ираклий зытес лъагапIэр «щIигъэсысыр». Шэч хэлъкъым совет зэманым узылъэIэсыпхъэ дэфтэрхэр иджы хуэдэу хуиту зэрыщымытам. КъинэмыщIауэ, къэхутакIуэхэм зыхуей псори жаIэфын хуэдэу, унафэ ткIий къащхьэщымыту къекIуэкIакъым. Абы и щыхьэт гъэщIэгъуэнхэм язу Щоджэным къехь Лермонтовыр Пушкиным къызэрыщхьэщыжам щхьэкIэ ягъэкъуэншами, ар пащтыхьым еныкъуэкъу усакIуэу зэрыщымытар. Уеблэмэ, а зэманым Урысейм и тепщэр ягъэпудыну пабгъэхэм япэпсалъэу зэхилъхьа сатыр зыбжанэм я фIыгъэкIэ, абы и «Кавказ тезырри» щабэ хуащIауэ зэрыщытам гу лъыдегъатэ. 
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: