Азэпщ и къуэ Гъудэберд и уэрэдымрэ и хъыбарымрэ

(Япэ Iыхьэ)

Уо, сэрмахуэ, нобэрей дыгъэри,
Ежьу: Уо уэрирари,
Уой, сэрмахуэ, мэхьэжьэражьэкъэ.
Ежьу: Рэ ууоу, уойра, уэрирайрэ, рирэу рирари.
Уо, сэрмахуэ, джатэжьей цIыкIумэ
Ар, лIыхъущхьэри нызэдыфIех.
Уо, сэрмахуэ, дыгъужьыфэжьри
Уой, сэрмахуэ, зэрыпщампIахъуэ.
Уо, сэрмахуэ, домбеихъуэжьри
Уой, сэрмахуэ, зэрышэбыхь.
Уо, сэрмахуэ, пщы зи хьэдэгъуэри
Уой, сэрмахуэ, тхьэм укъытщешэ.
Уо, сэрмахуэ, пщыр дымыукIыурэ
Уой, сэрмахуэ, «пщыукI» къытфIащ.
Уо, сэрмахуэ, пщыр зыукIари
Уой, сэрмахуэ, къамэ Iэпщэхут.
Уо, сэрмахуэ, къамэ Iэпщэхути,
Уой, сэрмахуэ, шы хужьым тест.
Уо, сэрмахуэ, дымыхэшэн щхьэкIэрэ
Уой, сэрмахуэ, хэкур добгынэ.

Талъостэнхэ я уэлиигъуэт. Ахэр зыдэс къуажэм ТхыпцIэхэ я лъэпкъри дэст. ТхыпцIэхэ нысэ дахэ яIэти, абы ехъуэпсащ Талъостэныпщыр, мурад ищIащ щIасэ фызу иубыдыну.
 – СынэкIуэнущи, зыгъэхьэзыр, зыкъысхуэгъазэ! – жиIэри хуиIуэхуащ.
 – Си гугъу къыумыщI, сэ лIы сиIэщ, лъэпкъ сахэсщ, – жиIэри хуиIуэхужащ.
 – Уи лIыри, уи лъэпкъри фызэрызгъэхьынщ! Сэ жысIэр умыщIэну ухуит? – жиIэу пщыжьым щытригъэчыныхьым, нысащIэм зыхэс лъэпкъым хъыбар яригъэщIащ. Лъэпкъыр зэхуэсри, унафэ ящIащ: я нысэм пщыжьым щэхуу пIалъэ ирырагъэтыну, къыщыкIуэкIэ пэтIысу яукIыну. Апхуэдэуи ящIащ.
Ауэ а далэм Азэпщ и къуэ Гъудэберд шууэ блэкIыжу, абы ехутылIа хъури, псори илъэгъуащ. Азэпщ и къуэр уэркът.
 – Уэркъ хашэркъым, Азэпщ и къуэ! – жраIащ абы ТхыпцIэхэ.
 – АдыгэлI хашэркъым, – жиIэри, Гъудэберд и гъуэгу ирикIуащ.
Пщым и хьэдэр къагъуэтыжа щхьэкIэ, ар зыукIар ягъуэтакъым.
 – АбыкIэ къыблэкIыжар уэращ, уэ фIэкIа ди пщыр зыукIыфын щыIэкъым! – жаIэри Азэпщ и къуэр ягъэкъуаншэ хъуащ.
Пщыр зыукIар Гъудэберд ищIэ щхьэкIэ, адыгэлI хашэртэкъым. Хашэмэ, ар лъэпкъым дежкIэ ныбжь хъуэнт, лIыгъэншагъэт, напэтехт, а псоми я щIыIужкIэ, езы пщыжьри хуэфащэу яукIат. Аращ: «Пщыр зыукIам си нэр хуэмысэт, си нэр хуэмысэ щхьэкIэ, си Iэр хуэхейт, си Iэр хуэхей щхьэкIэ, си жьэр мыхашэ!» – уэрэдым щIыжиIэр.
Гъудэберд мафIитIым я кум дэтт: имыIуатэмэ, езыр - пщыукIт, иIуатэмэ, и уэркъ напэм иригъэкIуртэкъым. Пщыр зыукIахэми, Гъудэберд и лIыгъэр ящIэрти, загъэхъейртэкъым. Гъудэберд нэгъуэщI Iэмал имыгъуэту, Хэкум икIыну мурад ищIащ.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться: