Иужьрей зэманым адыгэбзэр курыт еджапIэхэм хуейм щидж хъуну, хуэмейм имыджми хъуну унафэ къыдагъэкIащ. Абы теухуа и Iуэху еплъыкIэирэ бзэр нобэ и Iуэху зыIутымрэ теухуа гупсысэщ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор БакIуу Хъанджэрий и лэжьыгъэм щыщ мы Iыхьэр.
«Абы арэзы утехъуэ хъунукъым. Адыгэбзэр предмет щхьэхуэ закъуэу, нобэ зэраджым хуэдэу къанэмэ зыфIэкъабылхэм жаIэ, адыгэбзэкIэ пэщIэдзэ классхэм предмет псори щрагъэджу щIадзэмэ, сабийхэм урысыбзэ ямыщIэу, курыт классхэм хуэмыхьэзыру къэнэну. А Iуэхур ХьэтIэхъущокъуэ Къазий 1860 гъэхэм къиIэтауэ щытащ. Абы жиIэрт къуажэм дэс, урысыбзэ зымыщIэ адыгэ сабийхэм адыгэбзэкIэ адрей предмет псори ирагъэджмэ нэхъыфIу. Илъэсищэм щIигъу дэкIауэ а Iуэхур аргуэру къаIэтри гъэунэхуныгъэ папщIэу еджапIэ гуэрхэм (Къэбэрдей-Балъкъэрми, Къэрэшей-Шэрджэсми) пэщIэдзэ классхэм предмет псори адыгэбзэкIэ щрагъэджащ илъэс зыбжанэкIэ, абыи адэ-анэхэр «хэлIыфIыхьри» нэгъуэщI щхьэусыгъуи къулыкъушхуэ зезыхьахэм дыщIагъужри, адыгэбзэр зы предметым хуагъэкIуэжащ. Илъэс щэ ныкъуэ дэкIри, а псалъэмакъыр аргуэру къаIэтыжащ.
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ еплъыкIэ зэхуэмыдэхэм тетхэм жаIэми пэж хэлъщ. ПэщIэдзэ классым предмет псори адыгэбзэкIэ щумыгъэджу ебланэ классым къыщыщIэдзауэ абы тегъэувэныр щхьэгъэпцIэжщ, ар адыгэбзэми хуэгъэкъаруунукъым езы бзэми абы щхьэкIэ нэхъ лейуэ зиужьынукъым, къэралыбзэу щытми. Абы «унагъуэбзэ» эпитетыр нэхъ хуокIуэ. Абы Iуэхур тетщIыхьынумэ, япэщIыкIэ учебникхэр гъэхьэзырын, а предметхэр езыгъэджын къэгъуэтын хуейщ. Ари тыншкъым.
Ди къэралым урысыбзэм щIыпIэ ин дыдэ щеубыд – нобэрей дэтхэнэ сабийми балигъми махуэр зи кIыхьагъым зэхихри зэджэри урысыбзэщ. АбыкIэ мэпсалъэ радиор, телевиденэр, интернетыр, газетхэр, рекламэхэмрэ мультфильмхэри къызэрагъэлъагъуэр аращ. Апхуэдэу щытми, ди сабийхэм я бзэр ящIэжу, къэдгъэтэджын хуейщ. ЕджапIэхэм хухах дерсхэр бгъэмащIэ хъунукъым. Абы кIэлъыплъыну я къалэнщ адыгэ щыпсэу субъектхэм я парламентхэр. Бзэр хабзэм тету ткIийуэ школхэм щрамыгъэджмэ, ди Iуэхур зэIыхьэпэнущ.
Дунейм тет бзэ минихым и нэхъыбэр дызыхыхьа лIэщIыгъуэм кIуэдыжыну жаIэ. Социологхэм апхуэдэ зи натIэ хъунухэм хагъэхьащ адыгэбзэри. Глобализацэм экономикэм теухуауэ Iуэху хъарзынэ куэд къыдокIуэ, ауэ щэхуу лъэпкъыбзэхэр, литературэхэр утыкум иреш, егъэкIуэд. Абы дыпэщIэтын папщIэ адыгэ псоми ди бзэр зэрызэтемыхуэхэр дгъэмащIэу зы литературэбзэ, зы псэлъэкIэ дызэрытехьэным дыхуэлэжьэн хуейщ. А гъуэгур кIэщIкъым, ауэ дыкъэувыIэ хъунукъым. Псом япэу адыгейхэмрэ къэбэрдейхэмрэ дызэгурыIуэу ди алфавитми, ди орфографиеми (тхэкIэми) къыхыхьа зэтемыхуэхэр дгъэмэщIэн е дгъэкIуэдын хуейщ.
Хэкужьым къина адыгэхэр бзэм нэхъ елэжьащ, зрагъэужьащ. Сэ зэзгъэпщат адыгэ газетым 1957 гъэм къытехуа зы текстышхуэрэ нобэ ятха гуэрымри, абыхэм шурэ лъэсрэ я зэхуакущ. Адыгэбзэр нэхъ къабзэ хъуащ, и псалъэхэри нэхъыбэ хъуащ. Япэхэм адыгэбзэм урыс псалъэ куэдыIуэ къыхыхьэурэ «итхьэлэу» хуежьати, нобэ апхуэдэ шынагъуэ щыIэжкъым. Сэбэпынагъышхуэ къахь «Адыгэ псалъэ» газетым кърихьэжьауэ екIуэкI «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм, щIэныгъэ конференцхэм, бзэм ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ пшыхьхэм.
Демократием тетыну хуей дэтхэнэ къэралми и цIыхухэм, ахэр къызыхэкIа лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэр хъумэныр езым и пщэ дилъхьэжын хуейщ, ар Совет Союзым, иджы Урысейм зэрищIам хуэдэу. Адрей Iуэху зехьэкIэхэм, фIыщIэ хасэхэм я лэжьыгъэм бзэр хуэхъумэнукъым, зыхуегъэужьынукъым.
Адыгэхэм «кхъэм яхьри мэгугъэ», жаIэ, ауэ бзэр абы нэбгъэс хъунукъым, нобэ ар сымаджэ къудейуэ аращ. И хущхъуэгъуэ къэдмыгъуэтмэ, абы убыхыбзэм и махуэр къыхуэкIуэнущ, зы зэман лъэпкъышхуэу, дунейм къыщацIыхуу щытар «бзагуэ хъумэ» къэхъуну щIэблэм я гум дыкъинэжынукъым. «Гугъэр адэ щIэинщ», жи, ауэ ар мащIэщ лъэпкъым, щIэблэм къахуэдгъэнэну.
Къэбэрдей-Балъкъэрым 2001 гъэм щыщIэдзауэ бзэм и зыужьыкIэм, и мардэхэм, къыщагъэсэбэпын хуейхэм, зэрегъэджэн Iэмалхэм ятеухуауэ къэрал комиссэ, къалэн убзыхуа и пщэ дэлъу, къыщызэрагъэпэщыну хэтащ, ауэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ТIымыжь Хьэмыщэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, тэтэрхэм, башкирхэм а Iуэхум теухуауэ унафэхэр къащтащ, ахэр мэлажьэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэкъым икIи иIакъым бзэм теухуа политикэ убзыхуа. Унафэ зыIэщIэлъ, ар тэмэму зыунэтI комитет е комиссэ уимыIэу лъэпкъ цIыкIухэм я бзэр, хабзэр, щэнхабзэр пхуэхъумэнукъым ди зэман хьэлъэм».