Зэшищым я шыпхъур

(Нарт тхыдэжь)

Нарт Бэдынокъуэ гъуэгу здытетым жэщ къытехъуэри, псы Iуфэ щепсыхащ, и шыр илъахъэри, уанэр пIэщхьагъ ищIауэ здэщылъым, шы лъэ макъ зэхихащ. КIыфIым хэплъэри, шууищ къызэрыкIуэр илъэгъуащ. «Ягу илъыр сщIэркъым - щхьэ закъезгъащIэрэ?» - жиIэри, нарт Бэдынокъуэ кIыфIым хэуващ.
Шууищыр къэсащ, псы Iуфэм къыIухьэри, шым шхуэIур жьэдахащ. Шыр псы ирагъэфэху, нарт Бэдынокъуэ шууищым якIэщIэдэIухьащ.
 - Ди шыпхъум и закъуэ къиднащ унэм, - жиIащ зым. - Дгъэзэжыху, яхьынкIэ сошынэ.
 - Хьищэрэ бгъищэрэ дэлъщ ди пщIантIэ - хэт хуэхьын? - къыпидзыжащ етIуанэм.
Ещанэм и псалъи зэхихащ:
 - Хэт игу къэкIын? Мэлыфэ яхуумыдзауэ, бгъищэм уазэрыхэзэгъэн щыIэкъым, хьищэми ублагъэкIынукъым, мэлыщхьэ яхуумыдзмэ. ДыщIэшынэн щыIэкъым.
Зэхихам егупсысурэ, нарт Бэдынокъуэ нэху игъэщащ. Шууищым зи гугъу ящIар пщащэ цIэрыIуэт, къыщIэупщIэми иратыртэкъым, яхьынуи зыхузэфIэкI къыкъуэкIыртэкъым. Нарт Бэдынокъуэ зрихьэлIа шууищыр пщащэм и дэлъхут, мафIэр къаIуролъэлъ жыхуаIэм хуэдэти, зэшищыр унэм исмэ, езыкун щыIэтэкъым, зэшищыр унэм икIмэ, хьищэмрэ бгъищэмрэ уафIэкIынутэкъым.
Бэдынокъуэ и пщIыхьэпIэ дэнэ къыщыхэхуэнт пщащэ цIэрыIуэм и дэлъхуищым я тIасхъэ щыгъуазэ хъункIэ: пщащэр яфIихьын мурад ищIащ. Амыщ и хъушэм хыхьэри, зы гъэлъэхъу иригъэукIащ, гъэлъэхъум и щхьэмрэ и фэмрэ уанэкъуапэм фIидзэри, гъуэгу теуващ.
Пщащэм и дэлъхухэр зэрежьар илъэгъуагъэххэти, пщащэр зыдэс банапцIэ чом ирихулIащ нарт Бэдынокъуэ. Шы лъэ макъ щызэхахым, хьищэмрэ бгъищэмрэ зэрызехьэ хъуащ, жьапщэ хуэдэ къызэрехьэжьэри, нарт Бэдынокъуэ къаувыхьащ: хьищэр къыжьэхобанэ, бгъищэр дамэкIэ къонэпкъауэ.
Гъэлъэхъум и щхьэр яхуидзри, хьищэр зэхигъэлъэдэжащ: щхьэр зэпаубыдауэ зым адрейм къыжьэдеч, шури къафIэIуэхужкъым, зэрышхыурэ зэрыдэхри, хьэ банэ макъыр ужьыхыжащ. Мэлыфэр щахуидзым, япхъуатэри, бгъищэр уэгум ихьэжащ.
Хьищэмрэ бгъищэмрэ щыщхьэщыкIым:
 - Хъуащ иджы! - жиIэри Бэдынокъуэ банапцIэ чор шыбгъэкIэ ирищIыкIащ, пщащэр шыплIэм къыдидзэри, чом къыдэкIыжащ.
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: