«Тхьэр щыхуейм деж, зэтэм йотапэ. Къэжэр Хьэмид и цIыхугъэм пэшэчэн Iэзагъи бгъэдэлъщ. Абы щыхьэт тохъуэ усыгъэм, литературэм, критикэм я мызакъуэу, егъэджэныгъэм и IэнатIэм къыщихьа ехъулIэныгъэхэри. Зызумысыжынщи, университетым дыщыщIэсым щыгъуэ си гугъакъым абы апхуэдиз зэфIэкI иIэу. Ауэ, сымыщIэххэу зэпхыжаIыкIыурэ зэхызох, мы литературэ кафедрэм къэкIуа щIалэщIэм уедэIуэнкIэ телъыджэщ, жаIэу. Зэ жыIэгъуэкIэ си фIэщ хъуакъым. И лекцэ седэIуэнуи щIэх Iуэху сщIакъым. Сытми зэгуэрым, езыми сыкъимыщIэу, иригъаджэхэм захэзгъэпшахъуэри – зэраIуатэм нэхъри нэхъ хьэлэмэтыжу къыщIэкIащ! – Къэжэрыр зэрызригъэцIыхуауэ щыта щIыкIэр игу къигъэкIыжу абы триухуа и тхыгъэр къыщIедзэ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Гъут Iэдэм. - Къэжэрым нэхъыбэу зыхуригъэджар Европэм и къухьэпIэ лъэпкъ литературэхэм я тхыдэращ. Зэгуэрым абы жесIауэ щытащ, ди институтым зыкъритыжу адыгэ литературэм нэхъ шэщIауэ хуэлэжьэну. Хьэмид куэдрэ гупсысакъым, атIэ, фIыщIэ къысхуищIри, жэуап къызитыжащ:
– Уэлэхьи, Iэдэм, лъэпкъым хуэлэжьэн зэрыхуейри къызгуроIуэм, а IэнатIэм бгъэдэт гупми сынывохъуапсэм, ауэ сэ илъэс куэд хъуауэ зыхуезгъаджэм кууIуэу сыхыхьащ. Уи фIэщ хъумэ, Вольтер, Дидро, Бёрнс, Шиллер сымэ я дунейм апхуэдизкIэ сесащи, ахэр къэзгъанэмэ, сепцIыжауэ къысщыхъунущ. Ахэр си лъым щыщ хъуащ, сысейщ, ди культурэм и зы Iыхьэщи, схухыфIэдзэнукъым.
Иджы абы зыхуригъаджэу хухыфIэмыдзахэм уахэплъэмэ, я нэхъыбэкIэ хэт УзэщIыныгъэ лъэхъэнэм (Просвещением и эпохэ), хэт Реформацием и зэманхэм щыпсэуащ. Ахэр я творчествэрэ я дуней еплъыкIэкIэ европей классицизмэм къыхэкIыу романтизмэм хуэзыунэтIахэм, абы зезыгъэузэщIахэм ящыщщ. ИпэжыпIэкIэ, Шелли, Бёрнс, Шиллер сымэ я зэманым лIы хуэдэлIым и щапхъэу къалъытэу, ягъэнэхъапэу щытащ цIыху напэр, псэемыблэжыныгъэр, лIыгъэр, пэжыныгъэр. ПщIэгъуалэ утесмэ, иц къыпкIэропщIэ, жыхуаIэращ – Хьэмид зи усыгъэр къипщытэу зыхуригъаджэ тхакIуэшхуэхэм я гупсысэ куэд езыми къыпкърыхьащ. Дэтхэнэ зы цIыхуми и дуней щхьэхуэ иIэжмэ, Къэжэр Хьэмид и дунейм щытепщэр Европэ псор зэгуэрым къызэщIэзыIэта узэщIакIуэ уардэхэрщ, абыхэм я хьэл-щэнырщ, я гупсысэ телъыджэхэрщ.
Хьэлэмэтщ Къэжэрым и усыгъэхэм къахэщ мыпхуэдэ Iуэхугъуэри. Ар европей УзэщIыныгъэ лъэхъэнэм и щапхъэу литературэм къыхэщыжымрэ адыгэ лъэпкъым къыдекIуэкI лIыфI нэщэнэхэмрэ куэдкIэ зэрызэщхьырщ. Зэмыщхьуи дощIри, Хьэмид и поэзием а IуэхугъуитIыр щызэхэухуэнащ. Зы лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, абы и усэхэр темэрэ идеекIэ пасэрей европей усакIуэхэм я Iэужьхэм яподжэж. Ауэ я образ узэдыкIэр, лIыхъужьхэм я психологиер, гъащIэм зэрыхущытыр къызыпкърыкIыр адыгэбзэм и дунеймрэ адыгэ Iуэху зехьэкIэмрэщ. Апхуэдэу зы мэхъури зэхошэпсыхьыж лIэщIыгъуэрыбжэ тхыбзэ культурэм и щыгуу Iэтащхьэ бгъэн хъуа щIэныгъэ лъагэмрэ Тхьэм къызэригъэщIауэ псэу жьэрыIуатэ тхыдэм къыхэхъукIа щэнхабзэм и щапхъэхэмрэ. Ар щынэрылъагъущ гъащIэм, дунейм и зэхэлъыкIэм уезыгъэгупсыс, сэмэркъэу щабэ зыщIэлъ, макъ зэпэджэжхэмрэ акъыл жанагъкIэ зэщIэузэда лирикэ усэхэм.
Къэжэрым и усэкIэр европей литературэм куэдкIэ зэрыпыщIар наIуэу къахощ абы и балладэхэми. Япэрауэ, балладэр езыр жанр щхьэхуэу къыщежьар къухьэпIэ лъэпкъхэм я дежщ, икIи абы езым и тхыдэ иIэжщ. Нобэ сюжет укъуэдия зиIэ дэтхэнэ зы усэ мыкIыхь-мыкIэщIми балладэ фIащ хъуащ. Хьэмид и балладэхэр классикэр тепщэу щыщыта лъэхъэнэм а жанрым иIа гъэпсыкIэм тету зэхэлъхьащ. АбыкIэ нобэрей адыгэ усакIуэм усыгъэ теплъэ и IуэхукIэ гъуазэу щытыпхъэхэр дигу къегъэкIыжри, ди зэманым кърегъэзэгъыж. КъинэмыщIауэ, абы нэгъуэщI зы хьэлэмэти къыдокIуэ. ЗэрытщIэщи, балладэм и гупсысэ нэхъыщхьэр зыхэлъыр езы сюжетыращ – къэхъукъащIэу къыщыIуэтэжаращ. Абы тхылъеджэ къызэрыгуэкIыр, таурыхъым хуэдэу, къехьэху икIи лирикэ медитациехэм нэхърэ нэхъ гурыIуэгъуафIэ мэхъу. Къэжэрым и балладэхэр бзэ дахэкIи тхащ, сюжеткIи удэзыхьэхщ, ущие псалъэ емыбэкIыщэри, къыхэмыпIиикIыу, хэгъэзэгъэжащ. Абыхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ зи къэжэпхъыгъуэ ныбжьыщIэхэр тхылъ еджэным, пэжым тетыным, дахагъэр нэгъэсауэ зэхэщIыкIыным хуэунэтIынымкIэ. Хьэмид и балладэхэм яхэтщ а Iуэхугъуэм хузэхалъхьам хуэдэу гъэпсауэ зыбжанэ. Апхуэдэщ «Налкъут щхъуантIафэ», «ГъэунэхупIэ», «Псалъэ зеиншэхэр», «ЩIегъуэжа», «Медан лъапIэ», нэгъуэщIхэри.
… Дунейр жармыкIэщ, гъащIэр пыIэзэфIэхьщ. Убэлэрыгъмэ, ураудынурэ уи гущIыIум ирикIуэжынущ. Хамэм зигу щIэгъун, жылагъуэ Iуэхур и щхьэ Iуэхум япэ изыгъэщын имыгъуэту, зэманыр мэтхьэджэ, бзэпс шэщIам хуэдэу мэзу, зэпычын къудейуэ. Ар хуолIэ зи напэ къабзэр кIапэу щыIэм я нэхъ пшэркIэ зымыхъуэжын цIыху. Ди япэ ита хэкулIхэм я нэмысыр, лIэужькIэрэ щапхъэу къекIуэкIын хуэдэу, яхъумэфащ. Нобэ бзыпхъэ къызытепхыну щыIэр нэхъыбэжщ: дунейпсо тхыдэм къыхэщыж цIыху нэхъ щыпкъэ дыдэхэми я IуэхущIафэм зыщыдгъэгъуэзэфынущ. Хьэмид хуэдэхэм я фIыгъэкIэ а лIэужь дахэри ди гъащIэм зы Iыхьэу хоувэ».