Полицейхэм йогуапэ![]() Кинолог центрым и лэжьакIуэхэм Налшык и школакIуэхэм папщIэ зыплъыхьакIуэ къызэрагъэпэщащ. Абы къыпэджэжу полицейхэм къапэплъэрт усэхэмрэ я IэкIэ ягъэхьэзыра хъуэхъу открыткэхэмрэ Хэкум и хъумакIуэм и махуэм и щIыхькIэ. ЩIалэгъуалэр Хэкур фIыуэ ялъагъуу гъэсэным теухуауэ ирагъэкIуэкI Iуэхухэм хыхьэу, КъБР-м щыIэ МВД-м и Кинолог IэнатIэм узэщIауэ зыщаплъыхьащ Налшык къалэ дэт лицей №2-м и класс нэхъыщIэхэм щеджэхэм. ШколакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ IэщIагъэлI-кинологхэм я лэжьыгъэм зэпкърыхауэ зыщагъэгъуэзэну. НыбжьыщIэхэмрэ абыхэм я егъэджакIуэхэмрэ папщIэ ар къызэригъэпэщащ «Центр детского туризма академия путешествий» IуэхущIапIэм.
Поделиться:
Читать также:
09.11.2026 - 13:45 →
ЩIэрыкIуэр, шыпсыранэр, андэгурэр
02.11.2026 - 13:47 →
Шащхьэр трихуми, джэгурейщи…
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
23.10.2026 - 14:00 →
Адыгэбзэр зыгъэбзэрабзэ
20.10.2026 - 17:45 →
ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ
| ||







