Кушыкупщ теухуа гъыбзэр япэ дыдэ къытехуащ 1889 гъэм Тифлис къыщыдэкIа тхылъым, Тамбий Пагуэ итхыжауэ. Ардыдэр щIэныгъэлI Гъут Iэдэм зэридзэкIри урысыбзэкIэ къытридзащ Хъупсырокъуэ Хъызыр къыдигъэкIыу щыта «Черкесия» журналым (№3, 2005 гъэ). Тыркум ис адыгэхэми дзапэ уэрэду яIурылъщ ар. Абы и щыхьэтщ Къущхьэ Догъэн зэхуихьэсыжахэм ящыщ вариантыр. Къэбэрдейм щыжаIэ вариантитIымрэ шэрджэс вариантымрэ КъардэнгъущI Зырамыку зэхуихьэсыжахэм яхэтщ. Ахэр ихуащ «Адыгэ уэрэдхэмрэ пшыналъэхэмрэ» тхылъым, 1990 гъэм Москва къыщыдэкIам. Мы уэрэдылъэм вариантитхури итщ. Ахэр ихуащ композитор, уэрэдус, егъэджакIуэ Iэзэ ЗэрамыщIэ Заретэ 2022 гъэм къыдигъэкIа «Лъахэ уэрэдхэр» уэрэдылъэм.
Кушыкупщ теухуауэ КъардэнгъущI Зырамыку итхыжа хъыбарыр
Ажджэрий и къуэ Кушыку балигъ хъууэ шым щышэсым щыщIидзэри, дунейм ехыжыху и хэкур ихъумэжу пащтыхьыдзэм езэуащ. Езым хуэдэ гупышхуэм я дзэпщу, лIыхъужь мышынэу, зауэлI хъыжьэу щытащ.
Къэбэрдейр Урысейм къизэуа нэужь, Кушыкупщ урыс пащтыхьым хуэжыIэщIэн имыдэу, Къэбэрдейм иIэпхъукIри, КъухьэпIэм щыпсэу адыгэхэм я деж, Хъуарзэ псыщхьэм Iэпхъуэри, ар и быдапIэу, и дзэр и гъусэу абы дэсу илъэс куэдкIэ екIуэкIащ. ЖаIэж Кушыкупщ нэхърэ нэхъ шу гъуазэ Iэзэ дзэпщхэм яхэмытауэ. Зауэм щыкIуэкIэ, ар гупым я пэм иту ишэрт, къыщыкIуэжкIэ шуукIэр игъэгушхуэу я ужьым итт. Пхъэрышхуэ къакIэлъежьамэ, езыр абы пэувырти и гупыр къащхьэщигъэкIт. Кушыкупщ апхуэдизу дзэпщ губзыгъэт, акъыл жан зиIэ зауэлI хахуэти, бийм и пщIыхьэпIэ къыхэмыхуэ щIыпIэм къыщыкъуэкIырт, бийм теуэрт. «Кушыкупщ» жаIэмэ, пащтыхьым и офицерхэр кIэзызырт.
Хуабжьу зызыгъэхъуу щыта генерал Засс ипхъу закъуэр къэзыдыгъуауэ щытар Кушыкупщщ, Хъырцыжь Алэрэ, Щоджэн Шумахуэрэ и гъусэу. ИужькIэ адыгэ фащэкIэ яхуапэу хуэзыхьыжари ахэращ.
Ажджэрий и къуэ Кушыку дзэпщ гъуэзэджэм къыщымынэу, адыгэлI нэст, хабзэрэ нэмысрэ зыхэлъ, захуащIэ, лей зымыгъэгъу лIыхъужьт. Мис абы и зы щапхъэ: 1825 гъэм Къэбэрдейм иIэпхъукIыу Лабэ Iуфэ Iэпхъуауэ Ахъмэтыбгым и лъабжьэм щыпсэу Къэрэмырзэ Алий и къуажэр, «Инэрал ПлъыжькIэ» адыгэхэр зэджэу щыта Вельяминовым и унафэкIэ, Бекович - Черкасскэ Федор зэтриукIащ, я унэхэр зэтригъэсхьащ. Пащтыхьыдзэм хэт осетин майор Дадимовым Къэрэмырзэ Алийр иукIащ. Мылъкур дзэм зэрапхъуащ, цIыхухэр гъэр ящIри пщылIу зэбгратыкIащ. Дзэм ящIэнур ящIауэ, Кушыкупщ шу щищ и гъусэу пщэдджыжьым къэсри зауэр яублащ, арщхьэкIэ зыри яхуэщIэнутэкъым, пащтыхьыдзэр куэдкIэ нэхъыбэт. ЯукIа Къэрэмырзэ Алийрэ Кушыкупщрэ зэныбжьэгъут, тIури зауэлI хахуэт. Алийр зыукIа Дадимовыр етIуанэ махуэм чэтэн пщыIэм щIэсу Кушыкупщ и дзэм щыщхэм къагъуэтри, цIыкIу-цIыкIуу яупщIэтащ. Урысыдзэм бзэгухьу яхэт Щогъурыри яукIауэ, и щIакIуэр и гущIыIум ипхъуэжауэ, и шыр лъэхъауэ и гъунэгъуу хъуакIуэу щыту къагъуэтыжащ. «Алий и лъыр зыщIэжар уэрауэ къыщIэкIынщ», - жаIэу Алий и благъэ ХьэтIохъущокъуэ Мыхьэмэт Iэшэ щыжраIэм, «сэращ», - жиIакъым, «Ержыбыжьыр гъуэгъуащ, Щогъурыжьыр гъуэгащ», - жиIа мыхъумэ.
Къэрэмырзэ Алий и фызитIыр – Елмысхъанрэ Хъаний Псыгъуэрэ – гъэру яубыдати, Елмысхъан нэгъуеипщ Мансур Едыдж и шыпхъути, абы хурагъэшэжащ. Хъаний Псыгъуэ куэду хъыджэбз дахэти, Бекович-Черкасскэ Федор щIасэ фызу зыкъомрэ иIыгъа нэужь (абы щыгъуэщ лабэдэсхэм я гъыбзэр Хъаний щиусар), Джылахъстэней, Астемырхэ я деж къригъэшащ. Астемыр и къуэр джылахъстэней полицэм и Iэтащхьэт. Хъаний Псыгъуэ Астемыр и къуэми щIасэ фызу иубыдащ. Кушыку а напэншагъэр зэрызэхихыу, пIалъэ къыхимыгъэкIыу, Лабэ псыхъуэ къикIри Джылахъстэней къэкIуащ. Астемыр и къуэм и къуажэбгъум деж къыщыувыIэри бжэныхъуэ щIалэ дигъэхьэжащ Астемыр и къуэм деж: «Кушыку уиукIыну къэкIуащи, къыдэкI!» - жиIэри. Астемыр и къуэр лIыгъэм зригъэхьри, гъусэншэу къыдэкIащ. Зэпэуври шуууэ щызэхуэжэм я фочхэмкIэ зэуащ, ауэ зэрытегъэхуакъым. Кушыкупщым нэхъ псынщIэу къриIуэнтIэкIащ, и фоч кIэщIыр хъумпIырэм кърипхъуэтри, Астемырыр къриудыхащ.
Языныкъуэм зэрыжаIэмкIэ, Кушыкупщ «сабий узым» (фэгъазэм) ихьыжащ. «Джаурышэм ухуэмыгъалIэурэ сэрмахуэ, сабий уз гущэм уигъэлIэжа мыгъуэщ», - щыжеIэ Кушыкупщ и фызым хьэдагъэм щиуса уэрэдым. Ауэ а едзыгъуэр иужькIэ халъхьэжауэ къыщIэкIынущ гъыбзэм. Сыту жыпIэмэ, илъэсищэ и пэкIэ Тамбий Пагуэ итхыжу къытригъэдза вариантым хэткъым апхуэдэ псалъэхэр. КъэзыIуэтэжхэм ящыщ куэдми Кушыку фэгъазэм ихьыжауэ жаIэркъым. Ауэ «1825 гъэм мэкъуауэгъуэм и 30-м Мейкъуапэ деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм Кушыкупщ и дамэр уIэгъейуэ IукIащи, афIэкIа зэуэжыфынукъым», - жиIэу урысхэм а зэманым ятхауэ тхыгъэ щыIэщи, а уIэгъэм илIыкIыжауэ хуэбгъэфащэ хъуну къыщIэкIынщ.
Адыгэ хэкури езы лъэпкъри хъумэным псэемыблэжу хуэлэжьа адыгэпщ куэдым я цIэр IуэрыIуатэм къыхэнащ. Ауэ и цIыхугъэкIэ, зэрихьа лIыгъэкIэ адыгэ лъэпкъ псоми нэхъ яхэIуар Ажджэрий Кушыкупщщ. Абы и цIэри и хъыбарри наIуэ дыдэу урыс тхыдэтх Поттэ, генерал Эмануель сымэ ятхыжауэ щытащ.
Мы уэрэдым и нэхъыбапIэр 1976 гъэм Тыркум хыхьэ Къайсери къалэм хиубыдэ Каракуйу (Къундэтей) къуажэм щыщ Ауэнис Мурэдин шыкIэпшынэ еуэурэ Къущхьэ Догъэн итхыжауэ щытащ. 1978 гъэм а макъамэ дыдэм щIэту Шыгъэлыгъуэ Сами едзыгъуитху Догъэн иригъэтхыжащ, Ауэнис Мурэдин иригъэтхыжам щымыщу. Уэрэдым и макъамэр нотэкIэ зытхыжар ЗэрамыщIэ Заретэщ.