Бажэм и Iущагъыр

Тележурналист Iэзэу щыта ГъукIэлI Исуф (Юрэ) Цацым и къуэм усэхэри рассказхэри итхырт. Мыбдежым къыщытхьыр къызэрытхыжар 2007 гъэм Абхъазым и къалащхьэ Сыхъум къыщыдигъэкIа «Шы лъэмакъ жылэ» зыфIища и тхылъырщ. 

 

Бажэр зэрыбзаджэр хэти ещIэ, абы къыпэхъун хьэкIэкхъуэкIэм зэрахэмытми шэч зыми къытрихьэркъым. Ауэ, Дадэ сэрэ, удз хущхъуэ щыпэ дыкъикIыжу, абы дэтлъэгъуар – бжьыдзэ зэригъэкIуэдыр – дэплъэгъуатэмэ, и бзаджагъэри пщигъэгъупщэжынт.
Гъатхэ пасэт. Мэзым щIэс хьэкIэкхъуэкIэр нэхъ ныбаджэ, къулейсыз щыхъу, бацэ щапхъ зэмант. Гъудэбадзэхэр иджыри къэмыхъеями, мо щIымахуэ кIыхьым лъэрымыхь ищIа хьэкIэкхъуэкIэм я щхьэр бжьыдзэм щIрагъэхьэрт. 
Мэзыбгъум къыщыкI пыжь банэ кIырым и гъунэм зифыщIыжу тIахъуэу, абыкIи и гур мызагъэу, зэдзэкъэжу зы бажэ фейцеижь цIыкIу хэст. Ар апхуэдизу дихьэхауэ тIахъуэрти, гу къытлъимытэу гъунэгъуу дыбгъэдыхьат. Зыкъомрэ апхуэдэу зифыщIыжу щыса нэужь банэм хэпщхьэжащ. 
Сэ бажэ псэууэ иджы етIуанэ слъагъуу арати, си жагъуэ хъуат ар, япэрейм хуэдабзэу фIыуэ зэпэзмыплъыхьу зэрыбзэхыжар.
- НакIуэ, Дадэ, - жызоIэ, нэщхъей сыкъэхъуауэ, - ежьэжащ мыр.
Бажэ зи мыщыпэлъагъу Дадэ ищIэу къыщIэкIынт абы къылъыкъуэкIынури:
- Зэ умыпIащIэ, ЛIыхъурей, - жи, - дегъэплъ абы ищIэнум…
Пэжу, куэд дэмыкIыу, сыщIэгузэва бажэр, зыри къэмыхъуа хуэдэу, къыхэжыжри къэтIысыжащ. Асыхьэтуи къыщылъэтыжри пабжьэм аргуэру хэлъэдэжащ. 
- Дадэ, Дадэ, - зыкIэрызощIэ и Iэблэм, - сыт абы къыщIижыхьыр? – Дадэ зыри щыжимыIэм, зэкIэлъызгъэпIащIэу пызощэ: 
- И шыр цIыкIухэр къилъыхъуэу арагъэнщ, фIэкIуэдауэ… НакIуэ, дыдэгъэлъыхъуэ… Гуэныхьщ а цIыкIухэр…
- Зыри фIэкIуэдакъым абы... Моуэ къэтIыс, деплъынщ адэкIэ ищIэнум.
Арыххэуи дотIысэх. Бажэр зыкъомрэ банэм пхрыпщ-къыпхрыпщыжурэ зригъэфIыщ1щ фIыуи, абы къыфIилъэфа цыр жьэкIэ зэхуихьэсыжу щыхуежьэм: 
- Ей, бажэр губзыгъэщ! – жи Дадэ. – Еплъыт абы бацэ зэрипхъыр.
Бажэм бацэр зэхуихьэсыжурэ топ ищIыну щыхуежьэм, Дадэ соупщI:
- Ар топ джэгуну ара?
- Зэ умыпIащIэт, ЛIыхъурей! Уэлэхьэ, сэр дыдэм къызгурымыIуэ ар зыхэтыр… Дегъэплъыт адэкIэ.
Цы топыр жьэдэлъу бажэр псым щыжэм, «псы ефэну е зигъэпскIыну арагъэнщ», - сигукIэ жызоIэри сыщысщ. АрщхьэкIэ бажэр, псым зэрынэсу, зэуэ зыкъигъэкIэрахъуэу и щIыбагъыр псымкIэ, и гупэр дэ къытхуэгъэзауэ щетIысэхым, Дадэ къищIакIэт абы ищIэнур, ауэ зыри къызгурымыIуэ сэ си нитIыр къыщилъагъум, «ц-ссс!» - жиIэри, и Iэпхъуамбэр и Iупэм Iуилъхьащ. Бацэр Iурылъу бажэр щIыбагъкIэ икIуэтурэ, псым япэщIыкIэ и кIэр хилъхьэри, тIэкIурэ хигъэлъа нэужь, хуэмурэ псым хэкIуатэу хуежьащ. Псыр и пщэм къыщысым, зэуэ зыщIигъэмбрууэри, бацэр псы уэрым ирихьэжьащ.
Абдежым Дадэ дыхьэшхыу къэтэджыжри:
- Плъэгъуа, ЛIыхъурей, - жиIащ, - бажэжь цIыкIум и Iущагъыр?!
Сэри бажэм и хьилэр къызгурыIуауэ содыхьэшх:
- Уэи, слъэгъуамэ!.. – жызоIэри. 
Дадэ сэрэ дыдыхьэшхыу, бажэм и Iущагъэр дгъэщIагъуэу дыкъожьэж.

  
 

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар КЪУМАХУЭ Аслъэнщ.
Поделиться:

Читать также: