Къэбэрдей-Балъкъэрым щохьэщIэ ГуманитариемкIэ Урысейм и къэрал университетым этнографиемкIэ магистратурэм щIэс ныбжьыщIэхэр. Абыхэм ядж кавказ лъэпкъхэм я щыIэкIэ-псэукIэмрэ тхыдэмрэ.
Кузнецовэ Елизаветэрэ Сизов Ярославрэ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я тхыдэр, хабзэр, IуэрыIуатэр, диныр ядж. Ахэр «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIащ, адыгэм и пасэрей тхыдэжьым къыщыщIэдзауэ нобэрей махуэм щиухыжу зыщIэупщIам и жэуап хэгъэрейхэм иратащ. Псалъэм папщIэ, магистрхэр щIэупщIащ хьэтхэм, мэуэтхэм, кIэсэгъухэм, зыхьэхэм, Инал Нэху и пщыгъуэм, Мысырым щыпсэуа адыгэ мамлюкхэм, Къэнжал зауэм, Урыс-Кавказ зауэм, Хэку зауэшхуэм.
- Дэ дыщыгъуазэщ адыгэхэм Хабзэ фызэриIэм, лъэпкъыр сыт хуэдэ дин имытами, хабзэр псом вгъэнэхъапэу къызэрывдекIуэкIам. Ауэ щыхъукIэ, адыгэм къыдигъэщIа диныр арауэ жыпIэ хъуну къытщохъу. ГъэщIэгъуэнщ Хабзэр IуэрыIуатэ защIэкIэ лъэпкъым къызэрыдекIуэкIар, абы щIэблэр нобэми зэрыщIэфпIыкIыр, нобэ нэхъри зызукъуэдия муслъымэн диным пэщIэмыувэу къызэрызэдекIуэкIыр, - жиIащ Сизовым.
Елизаветэ нэхъ зыдихьэхыр тхыдэрати, укъуэдияуэ тепсэлъыхьащ адыгэ лъэпкъыр дунейм тезыпхъа Урыс-Кавказ зауэжьым.
- Тхьэмахуэ зытIукIэ уэрамыщхьэхэм дызыщрихьэлIэ цIыхухэм дапкърыупщIыхьурэ, анкетэ зэхуэтхьэсыну къалэн тщащIат еджапIэм. Апхуэдэу къэтхутащ псори а зауэм зэрыщыгъуазэр, ауэ тепсэлъыхьыну зэрафIэмыфIыр. КъызэрызгурыIуамкIэ, абы нэхъ хьэлъэ хэтакъым фи тхыдэм. Ари гурыIуэгъуэщ, илъэси 101-рэ екIуэкIа зауэм лъэпкъыр кIуэдыжыпIэ иригъэуват. Арами, цIыхухэм гужьгъэжь яIэкъым, я нэгу зэIухауэ, хьэщIэр яфIэфIу, ягъэлъапIэу, гъэсэныгъэ яхэлъу апхуэдэщ. Лъэпкъ телъыджэщ адыгэхэри балъкъэрхэри, - жиIащ пщащэм.
- Сэ нэхъапэм си нэгу къысхущIэгъэхьэртэкъым бгырысхэм я псэукIэр. Си гугъэт мыбыкIэ лэжьыгъи щIэныгъи щымыIэу, бгырыс щыхъукIэ, бгым сыт хуэдэ зыужьыныгъэ щыIэр жысIэт, ипэжыпIэкIэ. Ауэ хуабжьу сыкъэуIэбжьащ. Сыту жыпIэмэ, къалащхьэмкIэ ущрихьэлIэнукъым Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ гъэсэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ хуэдэ. ЦIыхухэр дахэщ, екIущ, щIэныгъэ зэрабгъэдэлъри нэрылъагъущ. ИкIи мы щIыналъэм ситхьэкъуащи, сыкIуэжыну сыхуейкъым. Псалъэм папщIэ, махуэ зыбжанэ ипэкIэ цIыхухэм сапкърыупщIыхьу уэрамыщхьэм сытетт, ахъши сIыгътэкъым, псыи схуэлIэрт, махуэр хуабэти, зыри слъэмыкIыжу сыдэтт. ШхапIэ гуэрым сыIухьащ, псы яIэмэ, сефэну. Абдеж щызэхэтт щIалэ гупи, сыкъыздикIар, сыкъызыкIэлъыкIуар къыщащIэм, я зым я унэ сишэри, сигъэхьэщIащ, сигъэшхащ, си упщIэ псоми жэуап къритри, дыкъыщыувыIа санаторэм машинэкIэ сишэжащ. Апхуэдэ хьэщIагъэ зэи зыщIыпIи сыщрихьэлIакъым, бгырысхэр фыапхуэдэ си гугъакъым, - жеIэ Ярослав.