Адыгэ дунейр къегъэлъагъуэ![]() Куэбл Артур Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ сурэтыщIщ, и лэжьыгъэхэм къыщегъэлъагъуэ адыгэ гъащIэмрэ ди хабзэжьхэмрэ. 1975 гъэм Хъумэрэ къуажэм къыщыхъуащ, Черкесск ерыскъы индустриемкIэ, туризмэмрэ сервисымкIэ и колледжым пщэфIэным щыхуеджащ. Иджыри студенту сурэт щIыным дихьэхауэ щытащ. ЕджапIэ нэужьми, къулыкъу щрихьэкIым, унэм письмо къыщитхкIэ, тхылъымпIэ къуапэм теплъэ телъыджэхэр къызэрыщ сурэтхэр трищIыхьырт. Куэблыр зыхуеджа IэщIагъэм зэи ирилэжьакъым, ар Черкесск IэфIыкIэ щащI фабрикэм и хъумакIуэщ. ЛэжьакIуэхэр зэбгрыкIыжа нэужь, ар гупсэхуу пэротIысхьэ сурэт щIыным. Куэблым ищI сурэтхэм адыгэ дунейм ущоплъ. Шы-уанэ зэтелъыр, адыгэ фащэр, щIакIуэр, пасэрей IэщIагъэ пэрыс бзылъхугъэр, адыгэ анэр, шыкIэпшынэр, пшынэр, зауэм Iут адыгэлIыр – куэд мэхъу ар зытетхыхьыр. Сурэтхэм уагъэуардэ икIи уагъэнэщхъей. Урагъэгупсыс ди блэкIам, уи нэгум къыщIагъэувэ тхыдэр, зыхыуагъащIэ ди хабзэжьхэм акъылу халъхьар. СурэтыщIыр IуэрыIуатэми носыр. Абы и лъэныкъуэкIэ и лэжьыгъэхэм къыхощхьэхукI Лъэпщ и образыр. Тетхыхьащ ИстамбылакIуэми – абыхэм хым и теплъэри, адыгэ цIыхум абы щыIуплъэкIэ зыхищIэри нэсу къыщигъэлъэгъуэфащ. СурэтыщIым зэрыжиIэмкIэ, сыт хуэдэ Iуэхугъуэми езым къыхелъагъукI адыгэ теплъэ. - Си нэм зыгуэр къыфIэнамэ, ирехъу ар тхыдэ кинохэм е уэрамым къыщыслъэгъуауэ, унэм сызэрынэсыжу ар сщIыну сыпэротIысхьэ. А слъэгъуар нэхъ щIэщыгъуэу къызэрызгъэлъэгъуэным и ужь ситщ. Уеблэмэ кино дыдэхэми хэт актерхэм адыгэ фащэр ящыгъыущ си нэгу къызэрыщIэзгъэхьэр. Абыхэм я пIэм дядэжьхэр итамэ, дауэ хъуну пIэрэт, жызагъэIэ зэзэмызэ, - жеIэ. Куэбл Артур адыгэ сабийхэми гулъытэ яхуещI. Абыхэм яфIэгъэщIэгъуэну яцIэлэж сурэтхэр ещI – мультфильмхэм хэт лIыхъужьхэр адыгэ фащэкIэ хуэпауэ ярегъэцIыху. - ЦIыкIухэм хуэмурэ изогъащIэ ди лъэпкъым щыгъыну зэрихьэр. Мыбы ипэIуэ, мультфильмхэм хэт Iэджи яхуэстхащ си быным, ауэ мызыгъуэгум яхуэзгъэхьэзырам адыгэ фащэр щыстIэгъащи, гъэщIэгъуэн ящыхъуауэ къызоупщI цейр зэралэн хуей плъыфэхэм теухуауэ, - жеIэ. Куэбл Артур хъэтI щхьэхуэ иIэным пылъкъым. И гум Iэпихыр сурэту ещI, езым зэрыжиIэщи, «къэрэндащыр зэрыщIэкIым хуэдэу» матхэ. Ауэ итIанэми мыбы и IэдакъэщIэкIхэр зылъагъум гу лъитэнущ ахэр зыми зэремыщхьым, адыгэ Iуэхум триухуэ лэжьыгъэхэм езым и еплъыкIэ щIэщыгъуэ зэрыхилъхьэфыр. Ди зэманым интернетым Iэмал къует уи лэжьыгъэхэр цIыхухэм ебгъэлъагъунымкIэ, абыхэм я гупсысэр къэпщIэнымкIэ. Артури а IэмалымкIэ цIыхухэм ядогуашэ и IэдакъэщIэкIхэмкIэ - и интернет напэкIуэцIым сурэтхэр куэду илъщ. Сурэтхэм дихьэххэр куэд мэхъу. Куэблым и сурэтхэр нэгъэсауэ къыщIехъулIэм тхьэм кърита зэчийм нэмыщI, иджыри зы щхьэусыгъуэ иIэщ. Абы ди тхыдэр щIеджыкI, адыгэм и гъащIэр къызыхэщыж художественнэ тхыгъэхэм дехьэх. Псом нэхъ къыхихыр адыгэ тхакIуэхэм ятхахэрщ. Къыхегъэщ МэшбащIэ Исхьэкъ и «Мывэ щхьэл», Мэлбахъуэ Елбэрд и «Iуащхьэмахуэ кIуэ гъуэгур шынагъуэщ» тхыдэ романхэр. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
17.03.2025 - 12:27 →
Дзэ Iуэху хэхам щыIэхэм я дэIэпыкъуэгъу
17.03.2025 - 12:10 →
Зыми емыщхь
16.03.2025 - 10:01 →
Щэнхабзэр зи гъуазэ
14.03.2025 - 12:07 →
Нартхэр ноби къыдопсалъэ
14.03.2025 - 12:01 →
ЖьантIэр иIыгъщ
|