ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег и усэщIэхэр Сабийхэм папщIэ
ЩIакхъуэ
ЩIакхъуэ хуабэм
Псэр дохуабэ,
ЩIакхъуэ щабэм
Гур дощабэ.
ЩIакхъуэ IэфIым,
Телъым Iэнэм,
И гуи и пси
Хелъхьэ анэм…
Адэ-анэ!
Анэр - ар псалъэщ,
Адэр - ар щапхъэщ.
Анэр - ар гущэщ,
Адэр - ар купщIэщ.
Анэр - ар гугъэщ,
Адэр - ар лIыгъэщ!
Сыхуэмей нэгъуэщI
Дадэ, нанэ, Хэку, си лъахэ...
Сыту псори псалъэ дахэ!
Папэ, мамэ, къуэш, шыпхъу цlыкlу...
Сыхуэмей нэгъуэщl зыцlыкlу.
КIыгуугу
КIыгуугу, кIыгуугу,
Сытыгу, сытыгу?!
Езым и цIэр иреIуэж,
И бын щхьэкIэ мыгуIэж!
Бзэгъэпсалъэхэр
Дыгъэр къуохьэ,
Махуэр кIуамэ.
Мазэр къохьэ,
Жэщыр хъуамэ…
* * *
Дэ пIащэу
Фэ пIащIэ,
КупщIафIэу
IэфI защIэ.
ГуфIэгъуэ
Ехуэбылlэу си гум,
Илъщ lэ цlыкlур lэгум.
Сабий гуфlэнэгум
Нэхъ lэфl теткъым щlыгум!
Хэт гъынанэр?
Хьэр мэбанэ,
Джэдур мэпщIэу,
Мэлыр магъуэ,
Жэмыр мэбу,
Адакъэр маIуэ,
Бжэныр мэIуей,
Джэдыр мэкъакъэ,
Къанжэр мэкIакIэ,
Дзыгъуэр мэцIу…
ПIытIэ-щэ?
ПIытIэ мэгъынанэ,
Къешхыдащи нанэ
Жьынду
Сыжейнэдкъым, сыхуэмыхукъым,
ПцIищэ къыстевмылъхьэ.
ЖэщкIэ фэщхьу сыжеифкъым,
НапIэр зэтезмылъхьэ.
Къызощып сэ хьэпщхупщ Iэджэ,
СопI си быныр тхъэжу.
Согъэкъабзэ губгъуэр гъуджэу,
Дзыгъуэу хъуар зэблэжу.
Жумэрэнхэр шхэн хуимыту
КъызохуэкI, согъэхъур.
Жэщым плъыру уэгум ситу
Хьэцэпэцэр къохъур.
Созэгъэжыр нэхур щамэ,
Уэнжакъым сотIысхьэ.
Сыщхьэукъуэу сыфлъэгъуамэ,
КхъыIэ, сыхэвмыхьэ!..
Бжьыхьэ бэв
Бжьыхьэм нобэ хущIэмыхьэ,
Бжьыхьэм Iуэхур и пщэм къос -
КърехьэлIэжыр пхъэщхьэмыщхьэр,
Джэрш хъурейми и лъэр нос!
Гъавэр гуэным ирекIутэ,
ЕужьэрэкIыу зэщIекъуэж,
ХадэхэкIыр зэтрекIутэ,
Чы матэжьхэм имыхуэж.
Дегъэтхьэжыр бжьыхьэ бэвым,
Кхъужь фоупскIэ зыдотIыж,
Ауэ жиIэркъым псалъэжьым:
Узэгугъур – къогугъуж.
Къанжэ кIэкIэрей
Къанжэ кlакlэ, кlэкlэрей,
Къакlуэ псынщlэу уэ си дей.
Пхуэзгъэвэнщ сэ хугу хьэнтхъупс,
Ауэ пцlы къысхуумыупс.
КъытетIысхьи ди сэрейм,
СегъэдаIуэ нобэрейм,
Уэ къепхьэкIым хьыбарыщIэу -
Хэт къытхуэпшэми ди хьэщIэу.
КIакIэ, кIакIэ, умыувыIэ,
Пэжу хъуари уэ къызжеIэ…
Уэлбанэ
Уа, щхьэ жаlэрэ «уэлбанэ»?
Уэм банэ тетмэ, арагъэнщ!
Банэ тетмэ, ар цыжьбанэщ,
Уэлбанэм псыкIэ щlыр егъэнщl...
ИлъэсыщIэ
Къихьу хъуари илъэсыщIэм,
Псори дахэщ, псори щIэщ,
Iэжьэ цIыкIури щIэрыпсыбзэщ,
Уэс къесари - ари щIэщ!
ТхьэкIумэкIыхь
Жанщ и тхьэкIумэр -
«Цырхъ» жызыIэр зэхех.
Махэщ игу цIыкIур -
«Цырхъ» макъым псэр Iуех.
Япэ уэс
Жьым и куэщIым ису,
Уэсыр къос мыпащIэу,
ЩIыми къызэрысу,
МэкIуэдыжыр занщIэу…
Бадзэ
Ухуеижмэ, бадзэ, уи дзэм,
Уэ си ужьым, кхъыIэ, икI!
Узубыдрэ нэдым уиздзэм,
УиIэжынкъым абы къикI…
Илъэсыжь
Сыт щIыжаIэр – Илъэсыжь,
ЯщIрэ щхьэ и жагъуэ?!
Ар сэ нэхърэ мынэхъыжь.
Ар зэрыхъур илъэс закъуэщ!
ШколакIуэ
КIэрытщ гъуджэм Маринэ –
Ягъэдахэ.
ЩатIэгъащ бостей баринэ –
Зегъэпагэ.
Нобэ школым япэу макIуэ –
И щIэщыгъуэщ.
Дади нани ныкIэлъокIуэ –
Я гуфIэгъуэщ.
Жьырытэдж
Тэдж, си щIалэ,
Тэдж, си нэху,
Къыщылъэти,
Iэщыр дэху!
Дыгъэр
Уи япэ иумыгъэщ,
Хадэм уиту
Нэхур гъэщ...
Жьырытэджым
ИIэщ фIыщIэ,
ЦIыху жейнэдым -
Ар имыщIэ!..
Уи насыпыр
БлумыгъэкI,
Тэджи, псынщIэу,
КIэлъыщIэкI…
Ди Маринэ
ДиIэщ хъыджэбз гуащэ,
Щыгъщ бостей дахащэ...
И нэ цIыкIур пыжьынэщ,
И пэ цIыкIур пэтIинэщ,
Iупэ цIыкIур баринэщ,
Езы цIыкIур Маринэщ…
Си Нанэ
Си нанэ дахэ, си нанэ IэфI,
СщIэркъым щыIэу пхуэдэу пщэфIэф.
Уи джэдлыбжьэм, уи кхъуейжьапхъэм,
Iэпэу сиIэр дызогъакIуэ.
Уи хьэлыуэм, зэкIэрысым,
Жылэм зыри къытемыкIуэ...
Лакъум пщтыр хэбдзамэ,
Сщогъупщэж уэрамыр...
Си бзэ
Адыгэбзэм нэхъ къулей,
Теткъым зы бзэ мы дунейм.
Ар апхуэдэу щымытамэ,
Къызитынтэкъым си мамэ.
Иропсалъэ абы дадэ,
Иропсалъэ абы нанэ,
Си бзэ дахэу си бзэ бейм,
Иропсалъэ Къэбэрдейр
КIущэ Нау
КIущэ Наур къыздоджэгу,
КIущэ Наум сыдоджэгу.
КIущэ Наур мэгъурнау,
КIущэ Наум жеIэ «Нау».
КIущэ Наур Iэрыубыдщ,
Дзыгъуэ лъэпкъи къимыубыд.
КIущэ Наум хьэлыфI хэлъщ -
КIущэ Наур псэ хьэлэлщ.
Дыгъэ кIанэ
(КъебжэкI)
Дыгъэр зыуэ нэхущ,
Дыгъэр тIууэ нурщ,
Дыгъэр щыуэ дахэщ,
Дыгъэр плIыуэ гуакIуэщ,
Дыгъэр тхууэ Данэщ,
Данэ - дыгъэ кIанэщ...
Гъэмахуэ
Дыгъэр гуащIэ хъуарэ
Ныджэр ину псалъэм,
Щхъырыбейр бэгъуарэ
Имыхуэжмэ фалъэм...
Арщ къэсау гъэмахуэр,
ЦIыкIухэм ди IутIыжыр!
Дыгъэм гу щыдохуэр,
Тхьэгъуэщ, гум зетIыжыр.
КIапсэелъэ
Долъэ, долъэ кIапсэелъэ...
Толэ йолъэ, сэри солъэ.
Данэ поплъэ и чэзум,
КъыкIэлъыкIуэу щытщ Гулъсум...
Долъэ, долъэ кIапсэелъэ...
Толэ йолъэ, сэри солъэ.
Данэ, цIыкIущи, къылъымыс,
Гулъсум деж чэзур нэмыс...
Линэ кIапсэр ттрехыж,
Езыр елъэу мэувыж...
Йолъэ, йолъэ, кIапсэелъэ...
Линэ йолъэ, Данэ йолъэ,
Гулъсум поплъэ и чэзум,
Къытлъагъэсыркъым дэ тIум...
Си дадэ
Дадэ Iущу, дадэ дыщэ,
Узолъагъур сэ уэ фIыщэу.
Тхьэм уи гъащIэм къыпхупищэ,
Уэ тхуэпсэу дэ илъэсищэ!
Уэшхымрэ уашхэмрэ
Уэшхыр къошхыр,
Уашхэм тошхэ.
Уэшхыр къешхыу
Уашхэр машхэ.
Уашхэм ешхыр
Хьэпщхупщ куэду,
Уэшхыр къошхыр,
Щимыгъэту...
Дыгъужьгъащтэ
Итщ ди хадэм дыгъужьгъащтэ,
ТIутIэ фIэкIи имыгъащтэ.
Тесщ и дамэм къанжэ кIакIэр,
Къигъэпсалъэу жылэр, къуакIэр.
Хьэсэм жылэр трещыпыкI -
Нанэ хисэм зы къэмыкI…
ТIутIэ къанжэр хьэрэкъуакIэ
Дихуэжынут баш къэшакIэ.
Ауэ Iуплъэм дыгъужьгъащтэм,
ТIутIэ цIыкIур бгъуэтмэ къащтэ.
Къуаргъымрэ дэмрэ
Къигъуэтащи къуаргъым зы дэ,
Сэ нэбгъузкIэ къысхуоплъэкI;
Къытесхын игугъэу, мыдэ,
КIэбгъу зищI щIыкIэу, къыспокIуэкI.
Мэ, узот, жыхуиIэ хуэдэу,
Дэр гъунэгъуу къегъэтIылъ.
- Уимыгугъэ, жи, сыбыдэу, -
Мыр схуэхъункъым ныбэрылъ...
Мэлъэтэжыр, тIэкIуи шхыдэу,
Сэри гъуэгум сытохьэж.
Утыку нэщIым къина зы дэр
КIэпхъым къещтэри, щIопхъуэж…
Бжьыхьэ
Жыгым тхьэмпэхэр похуж,
Жьыбгъэм ахэр зэхедзыж...
Зыр плъыжьыфэщ,
Зыр гъуэжьыпсщ,
Зыр удзыфэщ,
Зыри цыплъщ...
Къэсщыпауэ зы Iэрамэ,
Сэ хузохьыр ар си мамэ.
Нэлат
Зи бзэр lэщlыб зыщlым
И къэкlуэнур кlыфlщ.
Хэкур зыубыжым
Нэхърэ бийр нэхъыфlщ.
Уи бзэр пlэщlэкlамэ,
Кlэлъыпхъуэжи пэт.
Хэкум уепцlыжамэ -
Уэ ухъуну хэт?!
Зи бзэр зымыщlэжыр -
Лъэпкъым ар щымыщ.
Хэкур зыхъуэжари
Къамылъхуари зыщ…
Уэгуш напэ
Дыгъэр гуфIэу къыкъуэкIащ,
IэплIэ гуапэу къысхуищIащ.
Къытрипхъащ си нэкIум уэгу,
Дади нани къыздоджэгу -
Уэгуш напэ уэ ухъуащ,
И нэфI дыгъэм къыпщыхуащ.
Уэгуш напэ, насып нэгу,
ДыщIэгъаплъэ уэ уи лъэгу!
Хьэндрабгъуэ
Хьэндрабгъуэу дамабгъуэ,
Дамабгъуэу псэ махэ,
Псэ махэу лъэ псыгъуэ,
Лъэ псыгъуэу лъэ жан...
Лъэ жаным сыдожэ,
Сыдэжэм - къыстож,
Къыстожри щIопхъуэж,
Хьэуами хохьэж!
Махуэ уэфI
Махуэр и кIэм нэблэгъащ,
Дыгъэр и пIэм зэгъэжащ;
ЗытрипIащ шхыIэн хуабэжь:
Пшэ Iувыжьу, пшэ щабэжь.
Мазэ ныкъуэр къыкъуэкIащ,
Плъыру уэгум къиуващ.
Дыгъэр IэфIу егъэжей,
Армэ хъунущ уэфI пщэдей...
Джэджьей цIыкIухэр
Цып-цып, цып-цып-цып, -
Джэджьей цIыкIухэм хугу ящып.
Зэныкъуэкъуу зэрызехьэу,
Джэдкъуртыжьыр ящIэмыхьэу .
Цып-цып, цып-цып-цып, -
Джэджьей цIыкIухэм хугу ящып.
Адакъэжьыр къэгубжьауэ,
ХэкIыжынкIэ гузэвауэ.
Цып-цып, цып-цып-цып, -
Джэджьей цIыкIухэм хугу ящып.
Хьэдзэ закъуи къамыгъанэ,
Я хъумакIуэу щытщ ди нанэ...
Поделиться:
Читать также:
17.07.2025 - 13:59 →
Печоринымрэ Азэмэтрэ
16.07.2025 - 18:39 →
Есэнокъуэ зэшищыр
11.07.2025 - 16:00 →
Си адэшхуэмрэ нэмыцэхэмрэ
11.07.2025 - 13:55 →
И тхыгъэхэм Iущагъ хэлъщ
09.07.2025 - 18:21 →
Тэнащхэ я лIэужь
|