ЩIыр зыхуэныкъуэхэр

Сабийхэм папщIэ

  ИпэкIи дыфхутепсэлъыхьат аргъуейхэм я дуней тетыкIэм хэлъ щэхухэм. Ахэр щыятэ бадзэуэгъуэ хуабэр къыщихьэм ирихьэлIэу абыхэм яхъумэ нэрымылъагъухэм  иджыри Iуэхугъуэ зыбжанэ щIыдгъужынщ.

Тэтэр республикэм и къалащхьэм дэтщ  «Umma Land» сабий тхылъ тедзапIэ. Абы къыдигъэкIащ КъурIэным къыщыхьа псэущхьэ нэхъ цIыкIу дыдэхэм (аргъуейм, бжьэм, бэджым) я дунейм гъэщIэгъуэну хэлъ псори щызэхуэхьэса, щIэныгъэ лъабжьэ куу зиIэ сабий тхылъ гъэщIэгъуэнхэр. Нобэ дыфхутепсэлъыхьынщ абыхэм ящыщ зым, аргъуейхэм ятеухуам. Тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Камалетдиновэ Альфия зэфIэкIыу иIэр ирихьэлIащ щIэджыкIакIуэ цIыкIухэр дихьэхыу, абыхэм я адэ-анэхэми дерс къыхахыу ар зэхэгъэувэным. Псалъэм папщIэ, едзыгъуэ къэс псалъащхьэ папщIэу усэ сатыритI къыщокIуэ «аргъуейхэм я тхьэусыхафэу» зэхэлъхьауэ. Абы IупщIу къыхощ а Iыхьэр зытеухуар.  Аргъуейхэм я сурэтхэр напэкIуэцI къэс щощIэращIэ, таурыхъ персонажхэм я теплъэр яIэрэ, къопсэлъэным хуэдэу щхъуэкIэплъыкIэу. Тхылъым и кIэм щIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ псалъэзэблэдзрэ зы джэгукIэрэ итщ. Ахэр а тхылъыр зытеухуам ехьэлIащ икIи сэбэп хъунущ сабийхэр зэджам къыхахар къриппщытэжыну.

ЩIы хъурейм псэ зыIуту тетым езым я плIанэпэ хэха яIэжу къегъэщI, щыIэм я нэхъ цIыкIу дыдэр къащти, ар хэкIуэдыкIмэ, дунейр зытет мардэ ухуахэр мэкъутэри, зэхъуэкIыныгъэхэр кърокIуэ.

Псоми яхуэмыхь аргъуейхэм сыт я сэбэпынагъ жаIэнущ, цIыхур  псэлъамэ. Ауэ абы и дунейри, и гъащIэри къэзытIэщIа щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Дегупсысагъэххи ахэр щIэвум, абыхэм я дзэкъапIэхэр щIэшхэм, хьэмэрэ гъэмахуэ псом псы Iуфэхэм, шэдылъэхэм уэру щызэхэсахэр щIымахуэм здэкIуэм?

Апхуэдиз зи цIыкIунитIагъхэм я Iэпкълъэпкъыр телъыджэу зэгъэкIуащ. Абыхэм яIэщ зыми ямыIэ - жэщым я нэхъ кIыфIми я нитIым псори хуиту ялъагъу, сыту жыпIэмэ, ахэр «инфракраснэщ», щэхурылажьэ тIасхъэщIэххэм я нэрыплъэхэм ещхьу.

Аргъуейхэм я дамэр каркас мардэм тету зэхэтщ, абыхэм я зэхуакум тхылъымпIэпсым хуэдэу пIащIэ пкъыгъуэхэмкIэ зэщIэгъэбыдэжарэ, и щIыIур бдзэжьеифэм хуэдэу телындыкIыу. Зы мэскъалым къриубыдэу а дамэр 500-рэ щIаупскIэфынущ, аращ бжэр е щхьэгъубжэр щыIутхкIэ, напIэзыпIэм, зэрыхъуар дымыщIэу, унэм зыкъыщIыщIадзэфыр - зэрызагъазэ  псынщIагъым елъытащ я шхыныгъуэри. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэну зэхэлъщ абыхэм я пащIэр, гъуэгугъэлъагъуэ къалэнри зыгъэзащIэр. АбыхэмкIэ тыншу къаIуроцырхъэ псы щIагъым къыщыIу макъхэм къыщыщIэдзауэ, хьэуам и электроволнам и кIуэкIэмкIэ иухыжу. КъищынэмыщIауэ, а къэзылъэтыхь псэущхьэ цIыкIухэм я пащIэхэр а ямыIэ пэм и пIэм итщ.

Аргъуейхэм я жьэ папцIэ кIыхьыр тIурытIурэ щыуэ гуэшауэ зэхэтщ,  я дэтхэнэри щIэуфауэ, зыри зэран къыхуэмыхъун хуэдэу.  И бгъуитIымкIэ Iутхэм цы пхъашэ цIыкIу ятетщ, курытитIыр кугъуанэщ - языхэзымкIэ лъыр къыщIафыкI, адреймкIэ щхъухь хакIэ. Апхуэдэу абыхэм япытщ дэнэ дежи тыншу кIэрызыIыгъэ лъэбжьанэ нэрымылъагъухэр. Абыхэм я сэбэпкIэ я тхыцIэр къыдэгъэзеяуэ унащхьэхэм щыкIэрысым дежи, псоми хуиту якIэлъоплъ.

Иджыпсту дуней псом ущрохьэлIэ аргъуей лIэужьыгъуэ 3500-м. Ахэр зэхуэдэкъым я теплъэкIи, я инагъкIи, я плъыфэкIи. Ди щIыналъэм щыIэр аргъуей вуужь цIыкIухэрщ. Ахэр инкъым, къаIэрыхьэм йодзакъэ, псыIагъ здэщыIэ щIыпIэхэм щыкуэдщ, унэхэми макIуэ. Лъыифыр нэхъыбэрэ зэщакIуэр сабийхэрщ, абыхэм я щIыфэ цIыкIухэр зэрынэхъ щабэм, къызэрамыукIыфым къыхэкIыу.

Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэу къалъытэ «анофелес» аргъуей лIэужьыгъуэр. Абыхэм зэрахьэ техьэгъуэ (малярие) уз зэрыцIалэр. Ахэр адрейхэм я теплъэкIэ къазэрыщхьэщыкIыр я япэ лъакъуитIыр нэхъ зэрыкIыхьырщ. Абы щIыналъэ гъущэхэр ифIэфIкъым. Апхуэдэу шынагъуэщ Азием цIыху здэщымыIэ и тропик щIыпIэхэр зи псэупIэ «къаплъэн» аргъуейри. Абыхэм зэрахьэ, техьэгъуэм имызакъуэу, «Зикэ и вирускIэ» зэджэ, тиф узыфэри. Ахэр езыхэр зэрыпсэур тхьэмахуитIым къыщыщIэдзауэ зы мазэм нэсщ.

Ди щIыналъэм щыпсэухэри лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхедз. Аргъуей «лъакъуэ кIыхьхэм» щIыпIэ щIыIэпсхэр нэхъ къащтэ икIи абыхэм уащрохьэлIэ псы Iуфэхэм, псыпцIэхэм, шэдылъэхэм. Ахэр нэхъ зэрыпIащэми емылъытауэ, цIыхухэмкIэ шынагъуэншэщ, нэхъыбэу зэрыпсэур гъэгъахэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ къыщIафыкIырщ. АрщхьэкIэ абыхэм я шырхэр апхуэдизкIэ шхэрейщи, жыгхэм, къэкIыгъэхэм я къудамэ цIынэхэм щыщ къыханэркъым.

КъэдгъэIэгъуэнщ ди пыIэр, Iэлъэр –

щIымахуэр къытщымысхь аргъуейхэм…

«ЩIымахуэ аргъуейхэр» дунейр щыщIыIэм нэхъ жанщ. Ахэр тыншу уэс щIыIум щызокIуэ. Абыхэм шынагъэ зыхащIэмэ, дунейр уае къэхъумэ уэс щIагъым зыщагъэпщкIу. ЩIымахуэ аргъуейхэм дамэ ятеткъым, абы къыхэкIыу ахэр бэдж цIыкIухэм щыхагъэгъуащэ къохъу. Абыхэм я жьэр шхэным хуэщIакъым, щIэжьей къызэранэкIынырщ я гъащIэ кIэщI тIэкIур зытеухуар. ИтIанэ, мыл зэтежыхьахэм щIиубыдэу хэщтыхьа аргъуейр мылыр зэрыткIуу къэвыжынурэ, зэрыщыта къабзэу лъэтэжынущ.

Си псыхуэлIэр ирихыну

къызэфт фи лъы тIэкIу исфыну.

Фимыгугъэ аргъуей псори дзакъэу. Ар зи хьэлыр анэхэрщ - абыхэм щIэжьей къагъэхъун папщIэ белок куэду хуей мэхъу, апщIондэху лъы къалъыхъуэ. Аргъуей адэхэр зыми едзакъэркъым, удз гъэгъахэм я купсэ IэфIымкIэ мэпсэу, уеблэмэ абыхэм я жьэлъэтIанэр лъыр къыщIэфыкIыным хуэщIауэ щытыххэкъым. Къапщтэмэ, аргъуейхэм я шхыныгъуэм хэтщ къэкIыгъэхэм къыхах фошыгъур, гъэгъахэм я купсэм къыщIафыкI IэфIыр, фо уэсэпсыр, анэхэм я «рационым» лъыри щыхэтыжкIэ, абы щIыуэпсым и пкъыгъуэ сэбэпу къаIэрымыхьэ щыIэкъым. Дунейр Iейрэ фIыуэ зэрызэхэтым и щыхьэт нэрылъагъущ аргъуейхэмрэ бжьэхэмрэ я зэлъытыныгъэ къудейр. Япэм дунейм тетым я нэхъ сэбэпу къалъытэ «нектарри» ягъэкIуэщIри, лъыри абы дыщIагъуж, цIыхум и гъащIэр зыхьынкIэ хъуну уз зэрыцIалэхэмкIэ гъэнщIа я щхъухьыр дыхакIэжу. Бжьэхэр гъэгъахэм я псы IэфIымкIэ ирокъури, абы къыхах фор, хуэдэ щымыIэу, цIыхум къахуосэбэпыж. Абыхэми яIэщ шэрэз, арщхьэкIэ аркъудейри цIыхумкIэ сэбэпщ.

Дунейм сыкъытехьа къудейщи,

шынагъуэр дэнэкIи къыщытпоплъэ…

         Агъуейхэр зи шхыныгъуэхэри куэд мэхъу, уеблэмэ удз лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэри щыIэщ. Абыхэм ящыщщ «росянка», «мухоловка», «жирянка», «пузырчатка» жыхуаIэхэр. Ахэр къэкIыгъэ Iэлщ, езыхэм я хьэгъэщагъэшхуэхэри яIэжу - къащхьэщих мэ гуакIуэм аргъуейхэр ирашалIэ, зэрытетIысхьэххэу зызэхуащIыжри, яубыд - щыщ къахэмынэу ягъэткIуху къаIэщIэкIынукъым.Аргъуейхэм псыщхьэхэм, шэдыщхьэхэм щагъэтIылъ джэдыкIэхэмрэ хупсхэмрэ хьэндыркъуакъуэхэм, шындырхъуохэм яшх. Абыхэм йощакIуэ къуалэбзухэри, дзыгъуэхэри, хьэпщхупщ, бэдж зэмылIэужьыгъуэхэри, ахэр пкъыгъуэ сэбэпхэмрэ витаминхэмкIэ зэрыкъулейм къыхэкIыу. Къуалэбзу псори а лъыифхэм я бийщ. Ауэ ахэр хьэуам здыхэтым, пцIащхъуэхэмрэ хьэпцIащхъуэхэмрэ хуэдэу зэ епхъуэгъуэкIэ къэзыубыдыф къахэгъуэтэгъуейщ. Абыхэм къакIэрыхуркъым цыжьбанэхэмрэ губгъуэ дзыгъуэхэмрэ. Аргъуейхэм щIымахуэр хъарзынэу ирахыф. Ахэр къызэтонэ. ЩIыIэ зэрыхъуу, дагъэм ещхьу я Iэпкълъэпкъым пкърыт пкъыгъуэм (глициным) и фIыгъэкIэ.

Дыдзакъэ щхьэкIэ, дэ аргъуейхэм,

сыт хуэдэу щIылъэр къытхуэныкъуэ…

КъуэкIыпIэ къэралхэм я дохутырхэм яхэтщ цIыхум и Iэпкълъэпкъым ит узыр аргъуейхэмкIэ къэзыхутэхэр. Ахэр зытетIысхьэри зэдзакъэри зэIэзэн хуей щIыпIэрщ, уеблэмэ аргъуейр зэредзэкъам и фIыгъэкIэ лъынтхуэм щызэпцIа лъыр (тромбыр) щыкIуэд щыIэщ, ар мыинмэ. Ар апхуэдэу щIыщытми иужьыIуэкIэ дынэсынущ.

Гъавэхэм, гъэгъахэм я купсэхэр я лъакъуэхэм фIэлъу зэрызэбграхымкIэ аргъуейхэми бжьэхэм я къалэн дыдэр ягъэзащIэ. абыхэм я хупс цIыкIунитIэхэм псыр ягъэкъабзэ, сыту жыпIэмэ, абыхэм яшх псы, шэд инахэм, псы ежэххэм, псыдэуэхэм щызэтрихьэурэ щIэфыхь псыщIагъудзхэм я зэранкIэ багъуэ микроорганизм зэранхэр. Зы аргъуей  шырым и закъуэ зы сыхьэтым хуэзэу псы стэчани 4 егъэкъабзэ. Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэу къалъытэ, техьэгъуэр (малярие) зэбгрызых аргъуейхэри зыгуэрым и сэбэпу дунейм тетщ – зэпыу имыIэу тропик мэзхэр къизыупщIыкI цIыхухэм япэщIэтщ.

ЩIыуэпсым щынэхъ цIыкIу дыдэхэм ящыщ, зэ жьы къепщэгъуэм ирихьэжьэу ежьэж аргъуейхэм ябгъэдэлъщ бгъэщIагъуэ хъун куэд: абыхэм апхуэдизу фIыуэ ялъагъу къыщраша щIыпIэри, километр зыбжанэ нэхъыбэкIэ пхуIукIынукъым. Апхуэдэ щытыкIэм и фIыгъэкIэ тропикыр зи псэупIэхэр дуней псом тепхъа хъуркъым, щIыпIэм исыжщ, къалъихьэм поуври.

«Уэзджынауэ» аргъуейхэр псыпцIэ Iуфэхэм къыщыкI къуацэ Iувхэм щопсэу. Ахэр я теплъэкIэ адрейхэм ещхьщ, ауэ гъуэжь-удзыфэуи, морафэуи уарохьэлIэ, я пащIэр нэхъ кIыхьщ, зэрыпсэури махуитху къудейщ. А зэманым къриубыдэу ахэр зэи шхэркъым. Аргъуейхэр зэбгъэрыкIуэр цIыхухэм я закъуэу фимыгугъэ. Псом хуэмыдэу щаIутIыжщ абыхэм хьндыркъуакъуэхэр щыкуэд шэдылъэхэмрэ бдзэжьей здэщыIэ псыхэмрэ. Ахэр къагъэувыIэркъым къуалэбзухэмрэ мэз псэущхьэхэхэмрэ кIыру ятет цыми. 

КъэкIыгъэ щхъуантIэхэр зи шхыныгъуэ «губгъуэ» аргъуейхэри цIыхумкIэ шынагъуэкъым. Ахэр адрейхэм къахэфцIыхукIынущ я лъакъуэ кIыхьхэмкIэ. «ЩIымахуэ» аргъуейхэм къищынэмыщIа, дунейр щIыIэ къыщыхъум адрейхэр мэжей, гъатхэм техьэху. Аргъуейр зэдзэкъэнур  «и пыIэмкIэ жыжьэу къецIыху»: и зекIуэкIэ, цIыху Iэпкълъэпкъым къит хуабэр метрии 3 - 4-кIэ зыхещIэ, цIыхур зэрыбэуа углекислэ газыр метри 6 - 7-кIэ, пщIэнтIэпсымэр топ щыджэгу губгъуэхэм я инагъым хуэдизкIэ фпэIэщIэми къащIехьэ. Абы и пэр зыхиIуа щIыпIэм япэщIыкIэ «антикоагулянт» (лъыр зымыгъапцIэ) пкъыгъуэр хекIэ, ар тыншу къыщIифыкIын хуэдэу. Аращ абы къигъэна пIэр иужькIэ щIэшхэри, аллергие къывитынкIэ щIэхъури. А щIыпIэр къэпщынкIэ, къыркуэ плъыжь-фIыцIафэ хищIэу, псыбыб цIыкIу къищIыжынри хэлъщ. Зэман дэкIынурэ, а псори кIуэдыжынущ. АрщхьэкIэ аллергие куу зиIэхэм а плъыжьыгъэхэр и щIыфэ псом къытрикIутэнкIэ шынагъэ щыIэщ икIи ар къыщыхъур сыхьэт е махуэ зыбжанэ дэкIа иужьщ. Аргъуейхэр нэхъ яхуэлъэщ зи лъыр езанэ гупым хиубыдэхэм, абыхэм ейм белок нэхъыбэ зэрыхэлъым къыхэкIыу.

Гъэмахуэм аргъуейхэм защыфхъумэн папщIэ щхьэгъубжэхэм москитнэ хъархэр Iуфлъхьэ. Эфир дагъэ къабзэхэр (ментол, эквалипт), Iуву зэхэщIа шеипс дзэкъапIэм щыфхуэ. Шеипсым хэлъ танин пкъыгъуэм лъынтхуэхэр ехуз, апщIондэху дзэкъапIэм къекIуалIэ лъыр нэхъ мащIэ мэхъу, аллергиери зэтреIыгъэ.

ЛЪОСТЭН Музэ.

 

Поделиться:

Читать также: