Бэм я пщIэ къэзылэжьа

Ди нэхъыжьыфIхэр

Лъэпкъ литературэм и тхыдэм лъабжьэ хуэхъуахэм ящыщщ КIэрашэ Тембот и творческэ гъуэгуанэр. Абы и къалэмыр ирагъэщхь вагъэбдзумэхэр къызэридзэкIыу щIыгулъ пшэрым щIэлъадэ вабдзэм. Апхуэдэу щIолъадэ тхакIуэм и къалэмыр гъащIэм и лъащIэм, егъэбатэ абы и пэжыпIэр, и купщIэр. 

Ди адыгэ литературэм сыт щыгъуи псалъэм пщIэ щиIащ, тхакIуэмрэ усакIуэмрэ цIыхубэм лъагъуныгъэ хэхаи хуаIэщ. Арагъэнщ щхьэусыгъуэ хуэхъури мы щIыналъэм псалъэр зыгъэшэрыуэ къуэхэмрэ пхъухэмрэ зэрыхуэщым. Абы и лъэныкъуэкIэ къуэш Адыгейри цIэрэ щхьэрэ зиIэ куэдкIэ бейщ. Апхуэдэщ тхакIуэ КIэрашэ Тембот. Зыхуэдэ узыгъэлъыхъуэн адыгэбзэр зи IэрыкIыу лIэщIыгъуэ блэкIам щыпсэуахэм я Iуэхум щыпищэм, ар илъэс гугъухэм къыпхрихыу лIэщIыгъуэщIэм къихьэса къудейкъым абы, атIэ адыгэ лъэпкъхэм я литературэ уафэм вагъуэу щигъэлыдащ.
БлэкIа лIэщIыгъуэм и тIощI гъэхэм Адыгейм гъащIэщIэр щыухуэнымкIэ екIуэкIа лэжьыгъэшхуэм жыджэру хэта, щIэм и къэхутакIуэхэм я образхэр и тхыгъэхэм дэгъуэу щызэфIэзыгъэува КIэрашэм лъэпкъым и блэкIам щыщ Iыхьэ щхьэхуэхэр къыщызэфIигъэувэжащ и тхыгъэ купщIафIэхэм. ТхакIуэм къехъулIащ игу ирилъхьахэр. ГъащIэм нобэ къигъэув Iуэхугъуэшхуэхэр и кIэм нэсу къыбгурыIуэн, ахэр зэфIэбгъэкIыфын щхьэкIэ, блэкIам набдзэгубдзаплъэу упхрыплъыжыфрэ иджырей Iуэхухэм я къежьапIэ хъуар къэхутэн зэрыхуейр фIэщ тщищIащ КIэрашэм и творчествэм.
КIэрашэ Тембот пасэу зритащ литературэм. Абы и япэ тхыгъэр 1923 гъэм, и япэ тхылъыр 1934 гъэм дунейм къытехьащ. ТхакIуэм и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэхэр, рассказхэр, очеркхэр, повестхэр, романхэр. Абы и художественнэ творчествэм зыужьыныгъэшхуэ щигъуэтар, и тхакIуэ Iэзагъэр нэхъри щригъэфIэкIуар Хэку зауэшхуэм иужь лъэхъэнэрщ. ТхакIуэм и пщIэр лъагэу иIэтащ 1947 гъэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдигъэкIа «Гъуэгу насыпыфIэ» романым. А романым папщIэ КIэрашэ Тембот, и ныбжьыр илъэс 46-рэ фIэкIа мыхъуауэ, 1948 гъэм СССР-м и Къэрал саугъэтыр къыхуагъэфэщауэ щытащ. Адыгэ тхакIуэхэм ящыщу япэу аращ апхуэдэ пщIэ зыхуащIар.
Къэралым и лъэпкъ литературэхэм я щапхъэ нэхъыфIхэм, я жыпхъэ нэхъ зэфIэувахэм хуэфащэу тха «Гъуэгу насыпыфIэ» романыр адыгэ литературэ псом и ехъулIэныгъэщ, езы тхакIуэм и мызакъуэу, ди литературэр гъуэгуанэщIэ зэрытеувам и щыхьэт нэсщ. Зэман кIэщIым къриубыдэу цIэрыIуэ хъуа, хамэ къэралыбзэ куэдкIи къыдагъэкIа а тхыгъэр дунейм къытехьэным ипэкIи КIэрашэм и къалэмыпэм къыщIэкIат «Арыкъ» рассказыр (1925 гъэ), «Шамбул» («Гъуэгу насыпыфIэ») романым и япэ Iыхьэр (1929 гъэ), «Мэшыкъуэ и щхьэкIуэ» (1934 гъэ), «Къэбэрдей таурыхъхэр» (1946 гъэ) - КIэрашэмрэ Акъсырэ Залымхъанрэ зэгъусэу ягъэхьэзырауэ.
«Гъуэгу насыпыфIэ» романым къыкIэлъыкIуащ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI зыбжани. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Ди пщащэхэр», «Анэ губзыгъэм ипхъу», «КIукIуэ», «Шу закъуэ» романхэр.
IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжынымкIи, зэрахуэфащэкIэ зэхэдзынымкIи, къыдэгъэкIынымкIи лэжьыгъэ щхьэпэ игъэзэщIащ КIэрашэм. Лъэпкъ тхыдэм, адыгэ хабзэм, IуэрыIуатэм тхакIуэр фIыуэ зэрыщыгъуазэм щыхьэт тохъуэ абы и «Шу закъуэ» романыр, «Налмэс», «Абрэдж», «Шыхъуэм и лъыщIэжыкIэ», «Иужьрей гъуэгуанэ» повестхэр.
КIэрашэ Тембот адыгей прозэм и лъабжьэр игъэтIылъащ, гъащIэм и пэжыр, фащэщIэкIэ хуэпауэ, IэмалыщIэхэмрэ хэкIыпIэщIэхэмрэкIэ къигъэлъэгъуэн абы хузэфIэкIащ. Ар ди адыгэ тхакIуэ нэхъ пажэ дыдэхэм ящыщщ, и IэдакъэщIэкI гъуэзэджэхэр лъэпкъ литературэм и фIыпIэщ. Инщ икIи лъапIэщ КIэрашэм лъэпкъ литературэмрэ культурэмрэ хуищIа хэлъхьэныгъэр. А тхакIуэ щэджащэм и художественнэ тхыгъэ купщIафIэхэр игъащIэкIэ лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэну, абы и ущиякIуэу щытыну хъугъуэфIыгъуэщ. Апхуэдэ пщIэрэ насыпрэ тхакIуэм къилэжьащ и гуащIэ хьэлэмэтымкIэ, и художественнэ Iэзагъ инымкIэ.
1988 гъэм дунейм ехыжащ КIэрашэ Тембот, и ныбжьыр илъэс 86-м иту. Совет литературэм абы хилъхьа гуащIэм пщIэшхуэ игъуэтащ. Абы и тхыгъэхэм куэдым я гур ятхьэкъуащ, Iэджэм я дежкIэ хъуащ лъапIэ, гукъыдэжрэ гуфIэгъуэрэ къезыт художественнэ къулеигъэ.
 

ЩОДЖЭН Дианэ.
Поделиться: