Къетыкъуэ Аслъэнбэч и хъыбар

Лъэпкъ газет закъуэм и щIэджыкIакIуэхэр куэдрэ къыщIоупщIэ адыгэпщхэмрэ уэркъхэмрэ ятеухуа хъыбархэр щIэх-щIэхыурэ къытеддзэну, абыхэм я шыфэлIыфэр къызыхэщыж, зэрахьа лIыгъэр къэзыIуэтэж тхыдэжьхэмкIэ дадэгуэшэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэ IуэрыIуатэр илъэс пщIы бгъэ куэдкIэ зэхуихьэсыжу щылэжьа КъардэнгъущI Зырамыку и архив гъэтIылъыгъэхэм къыхэтхыжа зы хъыбарыжькIэ газетым еджэхэм я лъэIур дгъэзэщIэн щIыдодзэ.
Арщыдан жылэр жылэжьщ. Ди къуажэм и цIэр къызытекIауэ нэхъыжьхэм жыхуаIэр Аруданщ. Аруданыр хъыджэбзыцIэщ. А зэман жыжьэм мы щIыпIэр хыхьэпIи хэкIыпIи имыIэу мэз, банэ Iуву щытащ. Абы къыпхыж псы цIыкIум хъыджэбз пелуан Iусащ. «КъарукIэ къыстекIуэ фIэкIа сыдэкIуэнукъым!» – жиIэрт абы. Апхуэдэу а хъыджэбз пелуаныр мэзым щIэтурэ, Сосналы и цIэу щIалэ пелуан щакIуэу а мэзым щIэту IущIэри, зызэрадзащ. Куэдрэ зэбэнауэ Сосналым Аруданыр хигъэщIащ. Аруданыр и псалъэм текIыж хъунутэкъыми, Сосналым дэкIуащ.
А тIур зэщхьэгъусэу а псы цIыкIум и Iуфэм Iусу, абы къыхих псымкIэ Арудан пщафIэу псэуурэ, дэнэкIэ къикIри къетIысылIэурэ къуажэ хъуащ, япэу а псы цIыкIум и Iуфэм Iусар Аруданти, къуажэми АруданкIэ еджэу щIадзащ. ИужькIэ «Аргудан» жаIэу щIадзащ. ИтIанэ, ар яфIэмыдахэ хъури, «Арщыдан» жаIэу, абыкIэ къеджэ хъуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ «Арщыданыжьыр пщыжь тIысыпIэщ», – жаIэу щIадзащ. Апхуэдэу щIыжаIэр Арудан лIы хуэхъуа Сосналыр пщыти аращ.
Сосналы иужькIэ къуажэм пщыуэ Къетыкъуэ Аслъэнбэч дэсащ, ар дунейм ехыжа нэужь, абы и къуэ Хьэмырзэ ЛIыкIэщI щыпсэуащ. Хьэмырзэ ЛIыкIэщIыр I779 гъэм Къэбэрдейр къызэщIэзыIэтэу Жэщтеуэ зауэр зэхэзышауэ щытаращ. А пщыжьхэм мы щIыпIэр тIысыпIэ щIащIар мыр абыхэм я быдапIэу арат. Мы Арщыданым и къуажэкIэм щыщIэдзауэ ехыу иджы Бжэкъалэ (Александровскэ) здэщысым нэсу, хыхьэпIи хэкIыпIи имыIэу банэ Iуву щытащ. Шынагъуэ къазэрылъэIэсу, ахэр а банэм хыхьэжырт.
Еуэри, Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч и пщыгъуэм зэрыщIидзэххэу, а зэманым асэтинхэм я алдару щыта Къэбан и къуэжьым Аслъэнбэчым къыхуиIуэхуащ: «Сэ сынэхъыжьщ, къоджэр нэхъыжьщ жыхуаIэращ, хьэщIэу къысхуеблагъэ!» – жиIэри.
Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч езыр абы пэплъэрт. А асэтинхэр къуршым къыдэкIа нэужь, къызытехьэр Аслъэнбэч и щIыгурат. Иджы асэтинхэмрэ Аслъэнбэчыпщымрэ я зэхущытыкIэнур убзыхун хуейт. Къэбан и къуэжьми щIригъэблагъэр арт.
Аслъэнбэчыр Къэбан и къуэм хьэщIэу щыхуеблэгъэн хуей махуэмрэ ахэр щызэхуэзэн хуей щIыпIэмрэ щхьэкIэ зэгурыIуащ, пIалъэ зэратри, асэтин лIыкIуэхэр кIуэжащ.
ПIалъэр къыщыблагъэм, Къетыкъуэ и къуэ Аслъэнбэч, и пщафIэр, Мамхэгъхэ я щIалэр, и гъусэу, зэраухылIа щIыпIэм, Анзореймрэ Хьэтуеймрэ я зэхуаку дэт Iуащхьэм екIуэлIащ. Аслъэнбэч зышэн хуей асэтинхэр къэсатэкъым.
Аслъэнбэч зиплъыхьщ-зыкъиплъыхьри, зыри щимылъагъум, шым къепсыхщ, Iуащхьэм дэкIуейри, и щIакIуэр идзри тетIысхьащ, лIыкIуэхэм япэплъэу.
Мамхэгъым шыхэм шхуэIур яжьэдихауэ удз кIырым иригъапхъуэрт.
Аслъэнбэч тутынафэт, лулэкIэ тутын ефэрти, лулэм тутыныр ирикIутэри зыIуилъхьащ. Щтаучым щтамылэр трилъхьэри, щтэмкIэ ещтауэу хуежьащ, щтамылэм мафIэ хригъэдзэну.
Абы хэту пабжьэм зыгуэр къыхэукIри, Аслъэнбэч и жьэм Iурылъ лулэр Iуриудащ.
 – Мыр сыт? ДаукIыну дыкъашауэ ара мыбыхэм? – жиIэу къэтэджыжу и щIакIуэр къыщищтэжым, асэтин щIалитI дыхьэшхыу пабжьэм къыхэкIащ.
 – ФIэхъус апщий, Аслъэнбэч, къытхуэгъэгъу дызэрыбдэгушыIам щхьэкIэ, удукIыну аратэкъым, апхуэдэ фочауэ осетинхэм зэрыдиIэр уэдгъэлъагъуну арат, – жиIащ.
Зыри къэмыхъуа хуэдэу Аслъэнбэчым фэ зытригъэуащ.
ФIэхъус-сэламым и ужькIэ, зэщIэшасэхэри, асэтин щIалэхэр япэ иту, Аслъэнбэч абыхэм яужь иту, Мамхэгъыр я шу кIашэу гуп цIыкIур ежьащ. Къурш лъапэхэм нэс Аслъэнбэч и щIым итурэ кIуащ. Жьэгъум щынэсым, асэтинхэм я щIым ихьащ. Мыбдежым Аслъэнбэчым шу гупышхуэ къыщыпэплъэу къыщIэкIащ. Ахэр фочгъауэрэ уэрэдкIэ Аслъэнбэчым къыIущIэри, пщыр къуршым дашащ. Къурш зэхуакум дэтурэ куэдрэ кIуа нэужь, Къэбан и къуэжьым и къуажэм дыхьащ. Къуажэдэс псори абы щызэхуэсауэ щызэрызехьэрт.

 

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: