Тхылъхэм щIэупщIэ яIэнущ

Тхылъ къыдэгъэкIын Iуэхум зэрыхэт илъэсхэм къриубыдэу Котляров Виктор зыхэлэжьыхьыжу къыдигъэкIахэм я бжыгъэр къэпхутэну гугъу хъунщ. Ауэ егугъуу, и гуащIэшхуэ хилъхьэу дунейм къытригъэхьащ абы дэтхэнэ зыри. Виктор зэфIэкI лъагэ зэриIэм дыщыгъуазэщ, абы и лъэныкъуэкIи псалъэ гуапэ куэд хужаIащ.
Дударев Сергей, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор:
- БлэкIар джыныр, абы и щэхухэр къызэIухыныр Котляров Виктор куэд щIауэ IэщIагъэ хуэхъуащ. Тхылъ къыдэгъэкIын Iуэхум ар жыджэру хуолажьэ. Ди зэманым абы куэдым зратащ. Ауэ гу зылъыттэр сыт? Тхылъ щащэ тыкуэнхэм я дапхъэхэм щытлъагъур гуми акъылми сэбэпынагъэ къызыхуамыхь къыдэкIыгъуэ купщIэншэхэрщ. Ауэ Котляровыр абыхэм ящыщкъым, Виктор игъэхьэзыра проектхэр тхыдэм къыхэнэнущ.
Котляров Виктор тхылъеджэхэм я пащхьэ кърилъхьэжащ курыт лIэщIыгъуэм ятха тхыгъэ куэд, абыхэм ящыщу псом хуэмыдэу гулъытэ хуэщIыпхъэщ революцэм ипэкIэ урысей тхакIуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэм. Апхуэдэу къыхэзгъэщыну сыхуейт «Кавказ» къыдэкIыгъуэр, кавказ тхыдэмрэ этнографиемрэ я лъэхъэнэ зэхуэмыдэхэр ди нэгу къыщIэзыгъэувэж лэжьыгъэхэр щызэхуэхьэсар. Совет зэманым а тхылъхэр гъуэтыгъуейт икIи щIэупщIэшхуэ яIэт. XX лIэщIыгъуэр иухыу XXI щыщIидзэм революцэм ипэкIэ ятха тхыгъэхэр хуиту къыдагъэкIыж хъуащ. А къыдэкIыгъуэхэр цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнт. Языныкъуэхэм къащыхъурт абыхэм тхыдэм и пэжыпIэр нэсу къыщыгъэлъэгъуэжауэ. Апхуэдэм тхылъеджэр куэд щIауэ хуэзэшат. Котляров Виктор псынщIэу къыгурыIуащ апхуэдэ къыдэкIыгъуэхэм щIэупщIэ зэраIэнур икIи абы и лъэныкъуэкIэ тхылъеджэм и «псыхуэлIэр» иригъэкIын хузэфIэкIащ. Карпов Юрий, тхыдэ щIэныгъэмкIэ доктор:
- Урысейм и щэнхабзэ гъащIэм увыпIэ щхьэхуэ щаубыд тхылъ къыдэзыгъэкIхэм. Абыхэм я фIыгъэкIэ дуней псом къыщацIыхуащ лъэпкъхэм я тхыдэр, цIыхум и псэм и щэхухэр къызэIузыха усакIуэ, тхакIуэ куэд. Абыхэм ящыщщ илъэс 20-м щIигъуауэ Кавказым и антологиер зэхэзыгъэувэ Котляров Виктор.
Кавказым къыщалъхуа икIи абы щапIа, урыс лъэпкъым къыхэкIа Виктор и гъащIэр триухуащ а щIыналъэр джыным икIи цIыху нэхъыбэм ар къегъэцIыхуным. Котляровымрэ сэрэ япэу дыщызэрихьэлIар «Эльбрус» журналырщ. Илъэс зыбжанэкIэ узэIэбэкIыжмэ, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемрэ теухуа тхыгъэхэм абы щIэх-щIэхыурэ ущрихьэлIэрт. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр нэгъуэщI къыдэкIыгъуэхэм къытрадзэнутэкъым. Кавказыр нэхъыбэм къегъэцIыхунымкIэ ар япэ лъэбакъуэу къэплъытэ хъунут. АрщхьэкIэ абдеж къыщыувыIакъым Котляровым зыхуигъэувыжа творческэ мурадхэр. Кавказым теухуауэ къэхутэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэм, абы и тхыдэр зи нэгу щIэкIа цIыху цIэрыIуэхэми къызэрыгуэкIхэми я гукъэкIыжхэр щызэхуэхьэса тхылъ къыдэкIыгъуэ щхьэхуэхэр игъэхьэзыращ («Народы Кавказа. Страницы прошлого», «Кавказ», нэгъуэщIхэри).
«Эльбрус» журналми «Кавказ» къыдэкIыгъуэм хыхьэ тхылъитIми си тхыгъэ ихуауэ щытащ. Си дежкIэ ар пщIэшхуэт, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а къыдэкIыгъуэм итт кавказыдж цIэрыIуэхэу Кавалевский Максим, Сталь Карл, Берже Адольф, Мерцбахер Готфрид сымэ я лэжьыгъэхэр. Мыбдеж къыщыхэзгъэщыну сыхуейт си тхыгъэхэр къызэрыдэдгъэкIынум дыщытепсэлъыхьым, Котляров Виктор гуапэу къызэрысхущытари Iуэхур зэрыфIэгъэщIэгъуэныр и нэгу иплъагъуэу ар къызэрысщигъэпсынщIари.
Шэч хэлъкъым Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм дунейм къыщытехьа тхылъхэми дяпэкIэ абы къыщыдэкIынухэми Кавказыр фIыуэ зылъагъу цIыхухэм я деж щIэупщIэ зэрыщаIэнум.
Степашин Сергей, Урысей тхылъ зэгухьэныгъэм и президент:
- Котляровхэ Мариерэ Викторрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ журналистхэщ, тхыдэджхэщ, тхылъ къыдэгъэкIын IэнатIэм и IэщIагъэлI нэсхэщ.
ЩIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэмрэ этнографиемрэ теухуауэ абыхэм я Iэдакъэм монографие куэд къыщIэкIащ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ, дэфтэр къыдэкIыгъуэ зыбжанэ зэхагъэуващ. А хэкупсэ нэсхэм я псэемыблэж лэжьыгъэр сэбэп мэхъу Кавказ Ищхъэрэмрэ Урысеймрэ щыпсэу лъэпкъхэр нэхъ гъунэгъу зэхуэхъунымкIэ, щIыналъэм щыпсэухэм я щэнхабзэр нэхъыбэм къегъэцIыхунымкIэ.
Хамэ щэнхабзэр, хабзэр нэхъ куууэ щызэбгъащIэкIэ, ар зей лъэпкъхэм я «псэр» зыхыбощIэ, уеблэмэ лъэпкъхэм зэхуэдэ лъапIэныгъэ куэд зэраIэри наIуэ мэхъу. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу къэралыгъуэ лъэщым и лъабжьэр зытезыIыгъэр, псом япэрауэ, абыхэм я щэнхабзэ къулейрщ, абы къыкIэлъыкIуэу аращ экономикэмрэ политикэмрэ. Мыбдеж гум къокIыж Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм щIэныгъэ къахуэзыхьа къызэрыгуэкI урыс егъэджакIуэхэр, зыгуэр къыхуащIэжынкIэ щымыгугъхэу ахэр гъащIэм и нэхум хэзышахэр. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, урыс щэнхабзэм и хабзэ дахэ куэд нобэрей ди зэман гугъум щытхуэхъумакъым.
Хэт хъуну атIэ Котляровхэ? Бгырыс лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрысабийрэ щыгъуазэ, абы и нэхъыфI псори зыхэзылъхьа икIи а хабзэ дахэхэр Урысейм и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэу къегъэлъытэныр гъащIэм мураду щызыхуэзыгъэувыжа урыс цIыхухэщ.
ТХЬЭХУЩЫНЭ Ланэ.
Поделиться: