КъазэрыдэIэпыкъу щыIэтэкъым

ИлъэсищэкIэ екIуэкIа Кавказ зауэм иужькIэ Тыркум Iэпхъуауэ щытащ бгырыс куэд дыдэ. Абыхэм я нэхъыбапIэр адыгэт – зэралъытэмкIэ, мелуаным нэблагъэ. Абыхэм я щхьэм кърикIуам тхыдэдж куэд тетхыхьыжащ. Тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бадерхан Фасихь и тхыгъэр теухуащ Сириер хэщIапIэ зыхуэхъуа адыгэхэм я щхьэм кърикIуам.
  «Сириер а зэманым тыркухэм яIэщIэлъащ, адыгэхэм а хэкур хэщIапIэ щахуэхъуар урыс-тырку зауэр (I877 – I878 гъэхэм) ягъэувыIа нэужькIэщ. «Новое время» газетым зэритхыгъамкIэ, Уэсмэн пащтыхьым и унафэкIэ а зэманым Сирием ягъэIэпхъуащ Тыркум щетIысэха шэрджэс мин I5. Гъавэ щымыхъу щIы къуейт абыхэм ирапэсар, хьэрып Iэпхъуэшапхъуэхэм (бедуинхэм) гъунэгъу хуащIати, абыхэмрэ кавказ хьэжрэтхэмрэ зауэ-банэм хэкIыртэкъым. Тыркухэр зыхуейр бедуин жыIэмыдаIуэхэр IэдакъэжьэкъукIэ зыIыгъын зауэлIт. Апхуэдэ къалэн я пщэм къыдалъхьа пэт, тыркухэм къафIэIуэхутэкъым шэрджэсхэр тхъэми лIэми – къагъэгугъэ фIэкI, къазэрыдэIэпыкъу щыIэтэкъым. 
Инджылыз гъуэгурыкIуэ Олифант Лоренс зэритхамкIэ, Джоланым I880 гъэм шэрджэс къуажибл ирагъэтIысхьащ, абыхэм цIыху минищ хуэдиз дэсащ. Къунейтрэ и Iэшэлъашэми адыгэ къуажэ зыбжанэ щетIысэхащ. Абыхэм я къалэныр гурыIуэгъуэт: друзхэм (хьэрыпхэм) зыкъаIэтрэ тыркухэм къапэувмэ, Iэжьэгъу хъун хуейт. А жылагъуэхэм дэса шэрджэсхэр I967 гъэм екIуэкIа хьэрып-журт зауэм и ужькIэ Сирием и къалащхьэм – Дамаск Iэпхъуащ.
  ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэм адыгэ къуажэ зыбжанэ къыщыхутащ Александреттэ (Искендерун), Хьэлэб, Хомс, Хамэ, Дамаск, Сэламие къалэхэм я Iэшэлъашэм. Хы Iуфэм Iут Латакием и гъунэгъуу зы шэрджэс къуажэ тIысати, щIыпIэр езэгъакъым – къуажэм дэсам я нэхъыбапIэр зэтелIащ. 
ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и кIэм нэхъ мащIэ хъуащ Кавказым иIэпхъукIахэр, ауэ куэшыныр зэпыуакъым. ЕтIощIанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, I902 гъэм дыгъэгъазэм и 24-25 махуэхэм, Дамаск нэсащ Къэбэрдейм икIа унагъуи I43-рэ, ахэр Иордан псым и адрыщIкIэ ягъэтIысын мурад яIащ тыркухэм. Къэбэрдей лIакъуэлIэш Анзор Талъустэн зи пашэ адыгэ гупышхуэ, цIыху I454-рэ хъууэ, Александреттэ къалэм кхъухькIэ есылIащ, иужьым ахэр Хьэлэб яшащ. Абыхэм гъусэ яхуэхъуащ Кавказым икIа лезгин 600. Урыс консулыр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, I905 гъэм и бжьыхьэм Хьэлэб деж щызэтрихьауэ щытащ хьэжрэт мини 3-м нэблагъэ – ахэр пэщIэщIэгъу хуащIащ тыркудзэм къеныкъуэкъу хьэрып губгъуэрысхэм. 
Уэсмэн правительствэм хьэжрэтхэр къагъэгугъат ахъшэ къратыну, ар кIыхьлIыхь щыхъум, шэрджэсхэр къызэрыIэтри хэкум къизыша пщыхэм зыпыщIасащ, Кавказым яшэжын хуейуэ паубыдащ, ар къыхуамыщIэмэ, яукIынкIэ зэрыхъунури гурагъэIуащ. Урыс консулым I906 гъэм гъатхэпэ мазэм Бытырбыху къитхыгъащ: IэщэкIэ зэщIэузэдауэ, шэрджэс 260-рэ Хьэлэб вилайетым и лIыщхьэм (уэлийм) и хэщIапIэм ебгъэрыкIуэри, къызэрагъэгугъа ахъшэр икIэщIыпIэкIэ къратын хуейуэ паубыдащ. Уэлийм ахэр зэбгригъэкIыжащ, мазэ пIалъэ къаIрихри. Мазэ дагъэкIри, шэрджэсхэр уэлийм деж кIуащ, арщхьэкIэ ар ежьауэ къыщIэкIащ, абы и блыгущIэтхэм ахъшэр къратакъым, уэлийм и Iизыныншэу фэтт хъунукъым, жаIэри. Шэрджэсхэр къэгубжьащ, Iэщэм епхъуащ. Жандармэхэмрэ дзэ пакIэрэ къэмысатэмэ, шэрджэсхэр икIуэтыжынутэкъым – абыхэм зэтраубыдащ, къаувыхьри. 
Хьэжрэтхэр гугъу зэрехьыр ялъагъу зэпытти, абыхэм зыщIагъэкъуэн мурад ящIри, тыркухэм дэIэпыкъуэгъу Комитет I902 гъэм Дамаск къыщызэрагъэпэщащ. Комитетым и къалэнт шэрджэсхэм ахъшэкIэ, гъавэкIэ, IэщкIэ, зэрылэжьэн IэмэпсымэкIэ дэIэпыкъун, псэуалъэ хуаухуэн хуейуэ. Комитетым хагъэхьащ: Хосров-пащэ (шэрджэсщ) – арат Комитетым Iэтащхьэ хуащIар; шэрджэс цIэрыIуэ Хьэбжокъуэ Мухьэмэд; вилайетым и унафэщI зыбжанэ. Апхуэдэ комитет къыщызэрагъэпэщащ Хьэлэби. Абыхэм куэд яхузэфIэкIакъым – шэрджэсхэм я Iуэхур ирагъэфIэкIуакъым. 
Дамаск къалэм и уэлий Назым-пащэ налог IуэхукIэ къыщыхигъэзыхьым, шэрджэсхэр хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ, уэлийм паубыдащ гъавэ щыпщIэ хъун щIы къратын хуейуэ. Уэлийм ар къахуищIакъым, урыс консулым хуэтхьэусыхащ шэрджэсхэр Кавказым фшэж, жери. Абы зыри къикIакъым: Урысеймрэ Тыркумрэ зэгурыIуакIэт хьэжрэтхэм я хэкум кърамыгъэгъэзэжыну. Шэрджэс тхьэмадэ Хосров-пащэ Iуэхум хыхьащ, хьэжрэтхэр я пIэ иригъэтIысхьэжыну, хьэргъэшыргъэм къыхишыну хэтащ ар. 
Шэрджэс хьэжрэтхэр нэхъри зэрызехьэ хъуащ. Урыс консул Самсоновыр щыхьэт тохъуэ абы. I906 гъэм гъатхэпэ мазэм абы итхыгъащ: «Хьэжрэтхэр зэрыхуа щытыкIэмкIэ арэзыуэ, Кавказым ягъэзэжын хуэмейуэ сэ зэи зэхэсхакъым». 
Сирием ягъэIэпхъуауэ щыта шэрджэсхэм я бжыгъэр тэмэму пхуэлъытэнукъым. Урыс консулым зэритхыгъамкIэ, а зэманым Сириер увыIэпIэ яхуэхъуащ шэрджэс мин 45-м. Иззэт Айдэмыр елъытэ Сирием шэрджэс мин 70-м нэс ягъэIэпхъуауэ. I904 гъэм мазаем Сирие вилайетым шэрджэс унагъуэ 6065-рэ (цIыху 36390-рэ) исауэ елъытэ абы. 
Сириер хэщIапIэ зыхуащIа хьэжрэтхэм IэнатIэ яхуэхъуар мэкъумэшырщ, абы нэмыщI, ахэр Iэщ, бжьэ гъэхъунми пылъащ, Iэщэ (къамэ, сэшхуэ, фоч) ящIу щытащ».
Безрыкъуэ Данэ.
Поделиться:

Читать также: