«Мыст» жиIэри…

УнэшхуэлI Азэмэт ящыщщ адыгэбзэр цIыхухэм зэрагъэщIэным Iэмал щIэщы­гъуэ къыхуэзыгупсысхэм. Абы къигупсыса, зэлэ­жьа, екIуу зэхигъэувэу къыдигъэкIа «Мыст» стIолыщхьэ джэгукIэр куэдым ящIэ. Узэ­рыджэгу картэхэр зыIэрагъэхьэ,   къагъэсэбэпурэ бзэри зэрагъащIэ. 

- Бзэхэр зэбгъапщэмэ, куэдым гу лъыптэ ­хъунщ…
- Лингвистикэрщ сэ нэхъ тегъэщIауэ сызы­хуе­джар. Абы къыхэкIыу сесащ бзэхэр зэзгъапщэу, псалъэхэр къызэрыунэхумрэ я мы­хьэнэмрэ къэстIэщIу. Къапщтэмэ, къыздалъхуа адыгэбзэмрэ зэрезгъаджэ инджы­лызыбзэмрэ мы­хьэнэрэ къэунэхукIэкIэ зэтехуэу псалъэ щхьэ­хуэхэр къыпхыхоубыдыкIыф. Сы­зэреплъымкIэ, адыгэбзэр пIурылъу дунейм укъы­темыхьамэ,     ар зэбгъэщIэныр нэхъ гугъу ­хъунущ, адрей бзэхэм нэхърэ. Къызолъытэ лъэпкъым и шыфэлIыфэ хъужыр бзэм къы­хэкIыу. Бзэр хъу­мэн хуейщ. 
- ЕгъэджакIуэ ухъуну уехъуапсэу щыта ущы­цIыкIум?
- Сехъуапсэрт. Си хъуреягъым егъэджакIуэхэр щызиIэти, абыхэм щапхъэ ятесхыу арауэ пIэрэт, жызоIэ сэри езгъэджэну сыщIыхуейр.       Си анэр, си шыпхъур, анэ шыпхъухэр егъэджакIуэхэщ. Ауэ си сабиигъуэм теухуауэ зы Iуэ­хугъуэ си гум илъщ, тхылъым сыпищIэу. Лъэ­теувэм деж сабийм хуаубэ хьэлыуэ Iэнэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр тралъхьэркъэ- тIэ?! Сэ сыщыцIыкIум къыхэсхар псалъалъэт, зыкIи узримыгъэхъуапсэу икIи мыгъэщIэрэ­щIауэ, тхылъ къызэрыгуэкIт ар. Сабийр дихьэхын хуэдиз хъуртэкъым.
- Уи фIэщ хъурэ дауэдапщэм апхуэдэ мыхьэнэ иIэу?
- Иджыпсту зи гугъу сщIар си фIэщ сщIын хуей хъуащ... 
- «Мыст» джэгукIэм къытхутепсэлъыхьыт.
- ДжэгукIэм дихьэхынущ сабийхэри балигъхэри. Илъэси 7-м щIигъуахэм яхуэгъэзащ, сыхьэт ныкъуэкIэ йокIуэкI. Джэгум хэтхэм гуп- гупу загуэшри, зэпоуэ псалъэ къэщIэнкIэ. Картэ цIыкIухэмкIэ уоджэгу. Дэтхэнэми псалъэ пщIырыпщI (адыгэбзэкIи урысыбзэкIи) тетщ къэщIэн хуейуэ. Гупхэм чэзууэ псалъэхэр ­къащIэ, зы дакъикъэм къриубыдэу картэ ­нэхъыбэ зэхуэпхьэсын хуейщ зэрыхъукIэ - къущатыр  псалъэхэр  къыщыпщIэрщ. Зэрыгуры­Iуэгъуэщи, зэман пыухыкIам къриубдыдэу псалъэ нэхъыбэ къэзыщIэфа гупыр ­токIуэ. Псалъэхэр бзитIкIэ зэрытетым и фIыгъэкIэ, мыбы-кIэ къатемыхьэлъэу джэгуфынущ адыгэбзэр нэсу зымыгъэшэрыуэхэри. Уеблэмэ ар къахуэщхьэпэнущ бзэр зэзыгъащIэхэм. 
Зэ джэгугъуэм псалъэ тIощI уи гум тыншу ибоу­быдэф. Уоджэгу икIи уогупсысэ. Гуп къэс гупсысэкIэ зэдогуашэ, зэрощIэ, зэдоIэ­пыкъу. 
- ДжэгукIэр къэбгупсысын хуей щхьэ   хъуат? 
- Зэгуэрым дерсым щIэс ныбжьыщIэхэм лэжьыгъэ естащ псалъэ щхьэхуэхэм я цIэр ­кърамыIуэу зищIысыр гурыIуэгъуэ ящIын ­хуейуэ. СыкIэлъыплъащ лэжьыгъэр джэгукIэ гъэщIэгъуэн хуэдэу зэрекIуэкIым. Я Iэхэр ящIу-рэ, я нэкIум теплъэ гъэщIэгъуэнхэр иратурэ, сэ сщIэрэ, антонимхэмрэ омонимхэмрэ къыхагъэхьэурэ, псалъэр зищIысыр къагъэлъагъуэну хэтхэт. Лэжьыгъэр щестым къыхэзгъэщат, ущыпсалъэкIэ урысыбзэ къыхэбгъэхьэ зэры­мыхъунур. Ауэ адыгэбзэм теухуауэ мыхъун гугъу сщIатэкъыми, ар къагъэсэбэпащ. Гуп-гупурэ гуэшауэ псалъэ гъэнэхуэнкIэ зэпеуэхэм ады­гэбзэр хъарзынэу къазэрыдэIэпыкъум гу лъыстащ икIи къэзгъэувыIакъым. Сэ езым гъэщIэ­гъуэн сщыхъуат адыгэбзэкIэ псалъэхэр зэрызэпадзыжыр. ЕджакIуэхэр бзэгъэджэгуным дихьэхати, уэзджынэ къеуа пэтми щIэмыкIыу джэгухэрт. Мис абдежым сегупсысащ а джэ­гукIэр адыгэбзэкIэ къызэбгъэпэщ зэрыхъунум. Япэрауэ, стIолыщхьэ джэгукIэхэр хэти фIыуэ елъагъу; етIуанэрауэ, ар сэбэп хъунущ ди бзэм «бэуэгъуэ» гуэр етынымкIэ. Арати, джэгукIэр зэхэгъэувэным икIэщIыпIэкIэ зеспщытащ. 
- «Мыст». И фIэщыгъэр хуэкIуэ дыдэщ!
- Япэрауэ, джэгукIэм къыхуэгупсысын хуейт и мыхьэнэр тыншу  зэпкърызых цIэ. Зи­щIысыр тщIэуэ къытхуэмыщIэжу хъуам щхьэкIэ «мыст» жыдоIэ. Пэжу, а псалъэр фIы дыдэу хуэкIуащ джэгукIэм. Зэман пыухыкIам къриу­быдэу, зэрыхъукIэ, псалъэ нэхъыбэм я цIэр гурыIуэгъуэ пщIын хуейуэ ущыпIащIэкIэ, «мыст» псалъэри Iэмал имыIэу къыхыбогъэхьэ - къыбжьэдоху езыр-езыру. 
- Узэрыджэгу картэхэр куэдым зыIэрагъэхьащ. Къыпэджэжхэрэ?
- Куэд къысхуотхэ, ягу ирихьауэ икIи псалъэ   гуапи къызжаIэ. Хэти унагъуэм щоджэгу, хэти и лэжьэгъухэр е ныбжьэгъухэр щIыгъуу. Абыхэм видео трахыурэ къыщрагъэхькIи, уеплъыну гъэщIэгъуэнщ. 

Епсэлъар  ГУГЪУЭТ  Заремэщ. 
Сурэтыр
Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться: