Иджыри къэс дымыцIыхуа лъэпкъ

   Кашмирым и ищхъэрэм хуэзэ щIыналъэм щыпсэу хунзхэр псори зэхэту цIыху мин пщIы бжыгъэщ зэрыхъур. Я анэдэлъхубзэр – «бурушаски» жыхуаIэ, езы дыдэхэм тхэкIэрэ еджэкIэрэ щIагъуэу зэрамыщIэ бзэрщ. Псымрэ пхъэмрэ къазэремэщIэкIыр, къуршым зэрисыр, щIыпIэр бгылъэу, мывэ хэзу зэрыщытыр, хьэуам и хуабагъри арэзы узыщI лъагагъым зэрынэмысыр, дауи, узэхъуэпсэн гуэру щыткъым. Ауэ а псоми зи гугъу тщIы щIыпIэм щыпсэу цIыхухэр бэшэч, пкъы быдэ, псэ хьэлэл яищIащ. Пэж-тIэ ахэр илъэсищэм щIигъукIэ зэрыпсэур?

        ГъащIэ къызэрыгуэкI, гупсэхугъуэ, зэхущытыкIэ узыншэ – а псори «хунз» лъэпкъым щыщхэм я дуней тетыкIэм къыдэкIуэ насыпщ. И щхьэусыгъуэу къалъытэри шхын къыхэхыкIэ зэращIэмрэ сэбэп зыхэмылъ Iуэху зэрыхэмыхьэмрэщ. 

       Уз жыхуаIэр зымыщIэ хунзхэм я цIыху балигъхэм илъэс 40 щрикъум дежи ныбжьыщIафэ ятетщ. СытынкIэ хъуну ар къызыхэкIыр? Япэрауэ, ерыскъырщ, ар егъэлеякъым. ЕтIуанэрауэ, я нэхъыбэр зэрымуслъымэным къыхэкIыу, щIэх-щIэхурэ зэрыхэнэщIыкIри Iуэхум щыщщ. Нэхъыбэу яшхыр хадэхэкIхэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэщ. Мы щIыпIэр хуэрэджэ IэфIкIэ цIэрыIуэщ, ар ягъэгъури, щIымахуэ шхыну зэрахьэ. Апхуэдэ ерыскъым хунзхэр бэшэч йохъукIри, бгым дэкIуеинри, зекIуэ жыжьэ лъэсу кIуэнри къехьэлъэкIыркъым.

         Ику ит ныбжьу къалъытэр илъэси 120-рэщ, цIыху щхьэхуэхэр илъэси 160-рэ хъуауэ дунейм йохыж, жьыгъэм фIэкIа зыри къемыузауэ. Нэхъ узэрызрагъэхъуапсэращи – хунзхэм я псэупIэм мамырыгъэмрэ зэгурыIуэмрэ щытепщэщ. Зыми щIэпхъаджагъэ зэрихьэркъыми, лъэхъуэщхэр яIэн хуей хъуркъым, гъащIэм фIыкIэ щыгугъыу мэпсэу. Ерыскъыншагъэмрэ псэукIэ гугъумрэ псори зэхуэдэу пэщIэтын хуей зэрыхъум зым адрейм щыгугъын хьэлыр фIигъэкIуэдыркъым.  Хуэзыгъэфащэ щыIэщ зи фэр сырыху хунзхэр зэгуэр мы щIыпIэмкIэ пхыкIа Македонский Александр и дзэм щыщхэм къатепщIыкIауэ.        

          Хунзхэр апхуэдэу куэдрэ щIэпсэур зыгурагъэIуэн папщIэ, 1963 гъэм я щIыналъэм франджы комиссэ ягъэкIуауэ щытащ. ЦIыху псори къыхатхыкIри, илъэси 120-р ику ит ныбжьу къалъытащ. Ар я фIэщ щIамыщIын щхьэусыгъуэ къалъыхъуэрэт, хьэмэ шэч къыщIытрахьэн гуэр я нэгум щIэкIа? Ягу фIы зэращIа жэуапхэм язу, къуажэ пхыдзахэм тхэкIэрэ еджэкIэ ямыщIэу щыпсэухэм къыщалъхуа илъэсри махуэри зэрамыщIэм къыхэкIыу, я ныбжьыр пцIыуэ къалъытащ. ИтIани, сыт ар уи фIэщ пщIы щIэмыхъунур?

Езы хунзхэм я гупсысэкIэмкIэ, ныбжьыр цIыхум къипсэуа илъэс бжыгъэракъым къызэрыпщIэнур, абы гъащIэм щызригъэгъуэта пщIэрщ. Адыгэхэри апхуэдэу дыщымыту жытIэнкъым, иужьрей зэманым пщIэрэ щIыхьу къэтлъытэмрэ къэлъытапхъэмрэ мащIэу зэрытфIызэхэзэрыхьым и гугъу умыщIмэ. Хунзхэм зэрыжаIэмкIэ, илъэс 50 фIэкIа мыхъу «щIалэр» илъэси 100-м итым нэхърэ нэхъ Iущу къыщыщIэкI къохъу. Ар дэри дощIэ. Ауэ къытхуэмыщIэр апхуэдэ дуней къэгъэщхьэпэкIэ емыгъэлеям тета ди адэжьхэм я хьэлым дыщызыгъэужа «цивилизацэм» ифI къыдэкIыу къэтлъытэу, гъащIэ хуэмыхум дыщIыдихьэхарщ.

Хунзхэр дунейм тет адрей цIыхухэм нэхърэ зэрынэхъ гъащIэ кIыхьыр абыхэм лы зэрамышхым хуахьыну хэтащ зыкъомрэ. АрщхьэкIэ ари мыпэж дыдэу къыщIэкIащ. ЯшхкIэ яшх, ауэ зэрытхьэмыщкIэм къыхэкIыу, махуэ къэс ямыгъуэту аркъудейщ. Жэм, мэл, шы, бжэн ягъэхъу хунзхэм. Пэжщ, гъэмахуэ мазэхэм нэхъыбэу зыIуагъахуэр хадэхэкIрэ пхъэщхьэмыщхьэрэщ, ауэ щIымахуэм лыкIи зогугъуж.

         Нэхъ зэщхьращи, зы узи къызэмыуалIэ цIыху узыншэ дыдэхэм ятеухуа шыпсэхэр ахэр зэрытхьэмыщкIэм къыщыхэкIыр нэхъыбэщ. Пэжщ, щIэпхъаджащIэхэр мащIэщ, ауэ махуэ къэс щIыуэпсым и зэхэзэрыхьыкIэм пэщIэтын хуей хунзхэм я псэукIэ хьэлыр зэтезыухуар ахэр гъащIэ гугъум зэрыхэтырщ. Нобэми Индиемрэ Пакистанымрэ яхузэрымыгъэгуэш а щIыпIэр иджырей зэманым къыдэкIуэ тыншыгъуэхэм фIыуэ къыкIэрыхуу, туристхэм къапыкI мылъку мащIэм щыгугъыу псэууэ хуагъэфащэ. ИтIани, цIыхухэр нэхъ бэшэчу, зыр адрейм зэрыщыгугъым къыхэкIыу, нэхъ зэлъэIэсу зэрыщытым ахэр лэжьыгъэм зэрыщымыужамрэ шхынкIэ зэрырамыгъэлеймрэ хэплъхьэжмэ, пхузэрымыгъэгъуэтын насып хунзхэми зэрабгъэдэмылъыр нэрылъагъу мэхъу. «Ныбэиз лъэхъэнэ» зыфIаща ди зэманым, ди жагъуэ зэрыхъущи, узыншагъэми кIэрегъэху, цIыхум лъапIэу къыфIэщIымрэ зэрыщытыпхъэмрэ я зэхуакури нэхъ ин ещI. Ауэ щыхъукIэ, адыгэ къуажэм къыщыхъуар щымыгъуазэу хунзхэми телъыджэлажьэ лей ябгъэдэлъкъым, хъийм имыкIын хьэлыр зэрахъумэфым фIэкIа.

         ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

Читать также: